|
|
Литературэ
17 февраля, 2026 - 12:10
Ди анэдэлъхубзэм (кIахэ, къэбэрдей диалектхэм) и беягъэр къэзыгъэлъагъуэщ щIыуэпсым и теплъэ зэмылIэужьыгъуэхэм епха псалъэхэмрэ щIым (щIыгум) и зэхэлъыкIэр зыгъэнаIуэ жыIэгъуэхэмрэ куэду дызэриIэр. Дауи, мыбдежым а псори къыщытхуэхьынкъым, ауэ гу нэхъ зылъыттахэм ящыщ зыбжанэм датепсэлъыхьынщ.
Аранэ - къуршхэм я папцIапIэ дыдэ, бгы лъагэм и щыгу.
Бгы - къэзыухъуреихь щIыпIэм хэIэтыкIа лъагапIэ. «Бгы лъагэ». «Бгым дэкIын».
Бгыжьэ - бгы дурэш зэв. «Бгыжьэм и лъабжьэр кIыхьу, куууэ щIэупщIыкIат». (Шортэн Аскэрбий)
17 февраля, 2026 - 11:52
5 Iыхьэ
Мардыкъуэ Уафэр иджу зэригъэпцIэжа нэужь, вагъуэхэмрэ Дыгъэ-Мазэмрэ къигъэщIри, иригъэтIысхьэжащ. Абдеж щыщIэдзауи, жэщымрэ махуэмрэ зызэблахъуу къэунэхуащ. КъыкIэлъыкIуэу абы къигъэщIащ къэкIыгъэхэмрэ псэущхьэхэмрэ.
Мы Iыхьэр теухуащ адрей тхьэхэм Мардыкъуэ я тхьэшхуэу къызэращтам, ар Тхьэшхуэ зэрыхъуам.
16 февраля, 2026 - 12:09
Зи IэдакъэщIэкIхэр еджэгъуафIэ-гурыIуэгъуафIэхэм ящыщщ тхакIуэ, журналист КIэбышэ Лилэ. АдыгэбзэкIэ къыдэкI газетымрэ журналымрэ щIэх-щIэхыурэ ахэр къытохуэри, яхуищI сюжетхэр умыгъэщIэгъуэнкIэ Iэмал иIэкъым, ныбжьыщIэхэри нэхъыжьыIуэхэри дихьэхыу щIэщыгъуэщ. Арагъэщ абыхэм щIэупщIэ щIаIэр.
Дыщыгъуазэщ Лилэ и Iуэтэжхэмрэ повестхэмрэ щызэхуэхьэса тхылъ зытIущым . Абыхэм ящыщ зым ит «КъэфакIуэ хъыджэбз» Iуэтэжыр ди гуапэу «Адыгэ псалъэм» и щIэджыкIакIуэхэм фи пащхьэ ныдолъхьэ.
ИСТЭПАН Залинэ.
16 февраля, 2026 - 09:26
Литературэм ди гъащIэм щиубыд увыпIэм, абы и мыхьэнэм теухуащ усакIуэ цIэрыIуэ Бицу Анатолэ и тхыгъэр.
13 февраля, 2026 - 14:34
ТхылъкIэ зыгуэрым хуэупсэным и махуэр 2012 гъэм япэу ягъэлъэпIауэ щытащ. Апхуэдэ жэрдэмыр зигу къэкIар американ бзылъхугъэ, бынищым я анэ Бродмур Эми жыхуаIэрщ. Школ библиотекэм и лэжьакIуэти, абы игу къэкIащ сабий литературэр щызэхуэхьэса интернет сайт къызэIуихыну. И цIыхугъэхэм, интернетым и Iэмалхэм хуэIэкIуэлъакIуэхэм, блогерхэм запищIэри, илъэс къэс мазаем и 14-м ТхылъкIэ зыгуэрым хуэупсэным и махуэу егъэкIуэкIыным теухуауэ и гупсысэхэр яжриIащ, Iуэхур ирагъэжьащ. 2023 гъэм Бродмур тхылъым теухуа и жэрдэмыр хуригъэкIуэтэкIыжащ сабийхэм я тхакIуэ Перри Эмми.
13 февраля, 2026 - 12:06
Анэдэлъхубзэр, зэрытщIэщи, цIыхум зезыгъэужь Iэмал къудейкъым, ар лъэпкъыр адрейхэм къахэзыгъэщ, и хабзэрэ щэнхабзэрэ зыхъумэ къулеигъэщ. ООН-м зэритхымкIэ, дуней псом бзэуэ мини 7-м нэблагъэ тетщ, абы щыщу мини 2,5-р кIуэдыжынкIэ шынагъуэ щыIэщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, тхьэмахуитI къэс зы бзэ токIуэдыкIыж, ар щыщымыIэжым - лъэпкъри хошыпсыхьыж.
12 февраля, 2026 - 09:14
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, адыгэ драматургием и классик IутIыж Борис и къалэмыпэм къыщIэкIащ усэ купщIафIэхэр, новеллэ гъэщIэгъуэнхэр, «ГущIагъщIэлъхэр» зыфIища гупсысэ кIэщI хьэлэмэтхэр, гушыIэ, ауан зыхэлъ тхыгъэ шэрыуэхэр, пародиехэр, эпиграммэхэр, памфлетхэр, анэдэлъхубзэм, литературэм, театрым ятеухуа публицистическэ тхыгъэхэр, сабийхэм яхуитха усэхэр. Псом хуэмыдэу къыпхуэмылъытэнщ IутIыжым лъэпкъ драматургием хуищIа хэлъхьэныгъэр - сценарийхэм нэмыщI, едзыгъуэхэурэ зэхэт пьесэу 30-м нэс итхащ.
11 февраля, 2026 - 08:02
Сабийхэм я библиотекэм, ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зезыхьэм, щекIуэкIащ «ПащIэ Бэчмырзэ и тхыгъэхэм дыкъоджэ» зэIущIэ гъэщIэгъуэныр. Хабзэ хъуауэ, мы IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм гъэ къэс усакIуэр къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу абы теухуа еджэныгъэхэр, зэпеуэхэр, пшыхьхэр къызэрагъэпэщ. УсакIуэр дунейм зэрехыжрэ мы гъэм илъэс 90 ирокъу.
Страницы
|