|
|
Литературэ
22 апреля, 2026 - 09:29
ЦIыхумрэ псэущхьэмрэ ныбжьэгъу пэж зэхуохъуф. Егъэлеяуэ зейм хуэпэжхэм ящыщщ хьэхэр. Унагъуэхьэхэр, щакIуэхьэхэр, мэлыхъуэхьэхэр… - езыхэм загъэлIэфынущ цIыхур ямыгъэщIэхъун щхьэкIэ. ЦIыхумрэ хьэмрэ я зэхуаку дэлъ пэжагъым теухуа тхыгъэхэр хэтщ адыгэ литературэм. Балигъри дихьэхрэ сабийми гъэщIэгъуэн щохъу ГЪУБЖОКЪУЭ Лиуан и «Къапхъэнрэ Борэнрэ» рассказыр. Ар хахуагъэ къызэрымыкIуэ къызыкъуэзыхыфа, мэл хъушэр дыгъужьым щызыхъума, сымаджэ хьэлъэри къезыгъэла хьэхэм - Къапхъэнрэ Борэнрэ - ятеухуащ. Езы тхыгъэм дыкъевгъаджэ.
ГЪУЭТ Синэ
21 апреля, 2026 - 12:45
Адыгэ литературэ, газет мы зэманым еджэр зэрымащIэ дыдэр къэплъытэмэ, фIыщIэ лей яхуэпщIу апхуэдэщ лъэпкъыбзэкIэ тхэ щIалэгъуалэм, курыт ныбжьым итхэм. Ди гуапэ зэрыхъущи, литературэм и гъуэгуанэм зэрыпищэм щыхьэт тохъуэ редакцэм къыIэрыхьэ мыпхуэдэ тхыгъэхэр.
Ди гуапэу тыдодзэ Сихьэ Светланэ и рассказыр.
20 апреля, 2026 - 08:18
Багъ Марьям и тхыгъэ кIэщIхэм Iуэхугъуэ куэд къызэщIаубыдэ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми Iущагъышхуэ ящIэлъщ. ЖыпIэнурамэ, гъэсэныгъэ-ущииныгъэ мыхьэнэ ягъэзащIэ абыхэм. ЗытеухуакIэ я гугъу пщIымэ, абыхэм къыщыгъэлъэгъуэжар гъащIэм щыщ теплъэгъуэщ. Языныкъуэхэр езым и нэгу щIэкIащ, адрейхэр къыхуаIуэтэжа хъыбарщ.
Иужьрей Iуплъэгъуэ
Пшапэр зэхэуат. Уэшхыр къежэхырт.
17 апреля, 2026 - 07:52
Пасэрей адыгэ сабий джэгукIэхэм куэдрэ къыхощ псэущхьэхэм я цIэхэр. Ахэр ирагъэцIыхуу, гущIэгъу хуащIыным хуаущийуэ, таурыхъхэм къыхэщыж мэз, унэ псэущхьэхэм я хьэл - щэнхэм трагъэпсэлъыхьу ирагъасэ сабийхэр щагъэджэгум дежи къахьэхурт псэущхьэхэм я цIэхэр джэгукIэхэм къыхагъэхьэурэ е абыхэм зыпрагъэщIыжурэ. Псалъэм папщIэ, куэдрэ зэхэтххэм ящыщщ «Си хьэм бажэ къеубыд» джэгукIэр. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, бажэр кърахуэкI. Сыт щхьэкIэ? Зы хьилагъэ гуэр ищIэурэ къыщIагъэщ хабзэр бажэращ.
8 апреля, 2026 - 08:48
Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм щекIуэкIащ тхакIуэ, режиссёр, сценарист Гуреев Максим «Жизнь замечательных людей» серием хыхьэу Москва «Молодая гвардия» тхылъ тедзапIэм къыщыдигъэкIа «Керим Отаров» тхылъым и гъэлъэгъуэныгъэ.
ЗэIущIэм зыкърагъэхьэлIащ щIэныгъэм, щэнхабзэм я лэжьакIуэхэм, тхакIуэхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ колледжхэмрэ я егъэджакIуэхэм, усакIуэм и тхыгъэхэр фIыуэ зылъагъухэм, жылагъуэ лэжьакIуэхэм, Отаровым и благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ.
8 апреля, 2026 - 08:46
Мэлыжьыхьым и 9-м илъэс 205-рэ ирокъу франджы литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа Бодлер Шарль. УсакIуэ цIэрыIуэм теухуа тхыгъэ газетым и «Махуэку» къыдэкIыгъуэм худогъэхьэзыр. Электрон тедзэгъуэм хухэтхащ абы и IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэм хабжэ, прозэкIэ тха усэу зэхэт «Париж губампIэ» тхылъым щыщ.
3 апреля, 2026 - 13:20
(Тхыдэжь)
КъуийцIыкIуокъуэ Дэгужьыр зыукIар ямьпцIэу, бампIэхэу илъэс IэджэкIэ екIуэкIащ. Зэгуэрым, КъуийцIыкIуокъуейм я джэгуакIуэхэр Талъостэней кIуауэ, абы щызэхущIэбжэу хуежьащ Талъостэней джэгуакIуэхэмрэ абыхэмрэ. ИкIэм Талъостэней джэгуакIуэхэм жаIащ:
– Хуарэ псыгъуэ ныбэ нэщIым
Жэщ мазэхэм уродыгъуэ,
Жэщ мазагъуэм укърокIуэж,
КъуийцIыкIуокъуэр щIэбгъафэщ,
Афэ джанэр къыщыпхщ,
КIэс дахэр къэпхьри укъэкIуэжщ,
ЕщIэнокъуэ Атэбий! – жаIэри.
Ар КъуийцIыкIуокъуейм я джэгуакIуэхэм яхьыжащ:
1 апреля, 2026 - 08:38
Новеллэ жанрым хъэтI щхьэхуэ щиIэщ Нало Заур. Абы и сюжетхэм укъагъэуIэбжь зэпытщ, Iуэхугъуэхэр телъыджэу зэхэухуэнащ. Ар новеллэ жанрым и хьэл-щэнщ.
ГъэщIэгъуэну игъэпсащ Нало Заур и «ТхьэIухуд нэкъуэлэн» новеллэм и сюжетыр.
30 марта, 2026 - 10:25
IуэрыIуатэм и дыщэ пхъуантэм и IункIыбзэIухыр къэзыгъуэта, адыгэлI щыпкъэу дунейм тета, УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, КъШР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр» и IэдакъэщIэкIым ит псалъэгъэнахуэхэм ящыщщ адэкIэ къыщытхьынур.
Къэбыстэшх – къэбыстэ тхьэмпэхэр зышх хьэндырабгъуэ хужь цIыкIу.
Къэвэбжэ – къэвэбжэр зэIухын – псэлъэреин, увыIэгъуэ зэзымытыжу псалъэ, куэд жызыIэ.
Къэгугъэгъуэ – жыгхэм къэтIэпIыну зыщагъэхьэзыр зэман.
Къэгъэхьэрджэн – къэгъэхьэрычэтын, фейдэ къыхэхын.
26 марта, 2026 - 14:05
«Жан» литературэ зэгухьэныгъэм хэтхэу усэ фIыуэ зылъагъу журналистхэм, усакIуэхэм, сабийхэм, ныбжьыщIэхэм гъатхэпэм и 21-м Усыгъэм и дунейпсо махуэр Iуащхьэмахуэ щIыналъэм гукъинэжу щызэдагъэлъэпIащ. УсакIуэ, тхакIуэ, драматург, публицист, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ зи унафэщI зэгухьэныгъэм «Чтения на Чегете» Iуэхур илъэс къэс къызэрегъэпэщ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ, Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэхэр, «Ростелеком» ПАО-м и щIыналъэ къудамэр, щIыналъэ администрацэхэр, щэнхабзэ IуэхущIапIэхэр и дэIэпыкъуэгъуу.
Страницы
|