Литературэ

«ЩIакIуэкъуэплъ» джэгукIэр

Нэхъ пасэм адыгэхэм щIэблэр зэрагъэгушхуэу щыта адыгэ джэгукIэхэм сабийхэм я лъэр жан, я акъылыр бзыгъэ ищIырт.  ДжэгукIэ IэмалымкIэ щIэблэр ягъасэрт. Хэбгъэзыхьмэ, абыхэм хабзэм щыщ Iыхьэ гуэрхэри къыщыхах щыIэт. ЩIалэ цIыкIухэмрэ хъыджэбз цIыкIухэмрэ джэгукIэхэм ягъасэ-яущийрт. Нэхъыбэм ахэр пщIантIэрт щыджэгур. Гуп зэрыгъэхъухэрти, я гуи я пси хыхьэу зэдэджэгухэрт, зэпеуэхэрт. Нэхъ цIыкIу дыдэхэр зэрагъэджэгу джэгукIэхэр, нэхъ инхэм папщIэ къагупсысахэр щхьэхуэхэт. Сабий джэгухэм балигъи яхэтт, цIыкIухэм ящIэн хуейхэр къагуригъаIуэу, ахэр игъэгушхуэу.

Псэр адыгэбзэкIэ щыусэкIэ

Къыбдалъхуа бзэм уигурэ уи псэрэ етауэ урилажьэмэ, урипсалъэмэ, уритхэмэ, абы ехъулIэныгъэ къызэрыпэкIуэнум шэч хэлъкъым. Дуней псом къыщацIыху, зи литературэ гъуэгуанэр къэрал псом щыпхызыша, Адыгей, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм я цIыхубэ тхакIуэ, Кубаным гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, СССР-мрэ Урысей Федерацэмрэ я Къэрал саугъэтхэм, Шолоховым, Островскэм я цIэкIэ щыIэ литературэ саугъэтхэм я лауреат, Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхьэкъ и щапхъэр щыхьэт тохъуэ а псалъэхэм. 

Гупсысэ кIэщIхэр

УсакIуэ, тхакIуэ, Хьэту Пётр «гупсысэр – псалъэкIэ» литературэ жыпхъэм иту и къалэмыпэм къыщIэкIа тхыгъэ кIэщIхэм купщIэшхуэ яхэлъщ. Абыхэм тхакIуэм къыщеIэт езыр зыгъэгумэщIхэр икIи а Iуэхухэм теухуа и еплъыкIэр къыщегъэлъагъуэ. Зи гугъу ищIхэм теухуа и бгъэдыхьэкIэр щыдэпIыгъи къыхохуэ, апхуэдэуи а зытетхыхь Iуэхум нэгъуэщI гупсысэм ущришалIи къохъу. Нэхъыщхьэращи, акъыл гуэр къыхыбох.

ЩхьэщэмыщI Изэ.

 

***

Тхэнми зэдзэк1ынымкIи хуэIэкIуэлъакIуэ

Тхыгъэ гъэщIэгъуэн, щIэщыгъуэ, атIэми адыгэбзэ къабзэкIэ тхауэ, къыщыпIэщIыхьэкIэ ущыщыгуфIыкI зэманщ. Апхуэдэ IэдакъэщIэкIхэм, нэхъ пэжу жыпIэмэ, сабий таурыхъхэм, иджыблагъэ зыщызгъэгъуэзащи, си гуапэщ. Ахэр ейщ Сихьэ Светланэ. 

Хъыбар гъэщIэгъуэнхэр

Дунейм къыщыхъу-къыщыщIэхэм, цIыхухэм я хьэл-щэнхэм, гъащIэм и зэхэлъыкIэм, щIыуэпсым и щытыкIэм теухуауэ хъыбар гъэщIэгъуэнхэм дыщрохьэлIэ интернетым. ГъэщIэгъуэну гъэпса, узыгъэгупсысэ, щIагъыбзэ зыщIэлъ апхуэдэ хъыбархэм ящыщ зыбжанэ дыкъевгъаджэ.

Гъэгъа жылэхэр

Пащтыхь гуэрым къуищ иIэт. Щыри зэгъусэу къалъхуати, зэныбжьт, зэхуэдэу еджэрт, зэхуэдэу теплъафIэхэт. Пащтыхьым а щым къахихыфыртэкъым зэгуэр и пIэм иригъэувэнур. Арати, лIы Iущ гуэрым и деж кIуащ ищIэнумкIэ еупщIыну. ЛIы Iущым чэнджэщыфI къритащ.

Лъагъуныгъэ мыужьых

Адыгэ щэнхабзэм увыпIэшхуэ щызубыд цIыхущ Къандур Мухьэдини, абы и щхьэгъусэ Люби. А тIум къызэдагъэщIа гъащIэ купщIафIэм куэд кIэлъыплъащ, куэди тетхыхьащ. Ауэ а гъащIэр къызэрищIидзам, зэрызиужьам теухуауэ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Багъ Марьям итхыжар тфIэгъэщIэгъуэну тыдодзэ.

…Дунейпсо Aдыгэ Xасэм и зэхуэсыр Мэзкуу щекIуэкIырт. Адыгэ лIыфу щыIэр абдежым щызэхыхьат. ЩекIуэкI ут иным абыхэм я пащхьэ къохьэ зы пщащэ псыгъуэ дахэ дыдэ. И нэгур зэлъыIухарэ, нурыр кърихыу.

ГукъэкIыжхэм гупсысэ кърикIуэу

ГукъэкIыжым хохьэж гъащIэм и теплъэгъуэ зэхуэмыдэхэр, махуэхэр, Iуэхугъуэхэр, къэхъуа-къэщIа гуэрхэр. АтIэ гукъэкIыжым ухэзышэжыр мащIэ? МащIэкъым. Жыг къудамэм, мывэм, сурэтым, псыежэхым, бгъащхъуэм, куэдым-куэдым… Сытми! ГукъэкIыжхэм гупсысэ къашэ, гупсысэхэр зэроубыд. Седжэну сфIэфIщ ди адыгэ тхакIуэхэм я гукъэкIыжхэм, гущIагъщIэлъхэм, философие гупсысэхэм. Абыхэм зэуIу щохъуф гум щыхъэмрэ ахэр къэпIуэтэным хэлIыфIыхь псалъэхэмрэ. Щапхъэу къэзгъэлъэгъуэну сыхуейщ Къэжэр Хьэмид и гукъэкIыж - гупсысэхэм ящыщ зыбжанэ.

Лъэпкъыбзэр зэрыбейм и щыхьэту

Мы тхыгъэми къыщытхь жыIэгъуэхэр къызэрытхар «Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щIыгъужыпхъэхэр» зыфIищу тхакIуэ, лъахэдж цIэрыIуэ Шэрджэс Алий къыдигъэкIауэ щыта и тхылъырщ. 
КIуабдэ – гъуэгурыкIуэм и гупэр здэгъэза лъэныкъуэ.
КIуафIэ – емышу гъуэгуанэшхуэ зэпызычыф цIыху е шы.
КIуэдырыпшынэ – къуажэ Iэхъуэхэм дащIу щыта зэгурыIуэныгъэ – хъушэм хэкIуэдыкIыр езы Iэхъуэм ипшыныжыну е кIуэдыр мыинмэ, зеям иритын хуея IэхъупщIэм а кIуэдар пэувыжу.

«Пытыжкъым си жыгым мэракIуэ»

«Адыгэ литературэм и зыужьыкIэм кIэлъыплъхэм, шэч хэмылъу, гу лъатауэ къыщIэкIынщ «совет нэужь литературэкIэ» дызэджэ лъэхъэнэм абы нэхъыбэу къыхыхьар бзылъхугъэхэр зэрыарам. Ахэр нэхъыбэу дэзыхьэхри усыгъэрщ. ДызыгъэгуфIэращи, литературэм къыхыхьэ бзылъхугъэхэр я гупсысэкIи хъэтIкIи зэщхькъым, абыхэм я тхыгъэхэм къыбжаIэ щIэныгъи зэрабгъэдэлъыр, гъуазджэм и унэтIыныгъэхэми фIыуэ зэрыщыгъуазэр. Апхуэдэ литературэ унэтIыныгъэхэм я нэхъ гугъур къыхэзыхахэм ящыщщ усакIуэ-уэрэдус Багъэтыр Нинэ», - жеIэ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор ТIымыжь Хьэмыщэ. 

Агънокъуэ Лашэ и хъуэрыбзэхэр

«Усэхэмрэ уэрэдхэмрэ зыусхэм зэреджэр джэгуакIуэт, ахэр щIэныгъэ зимыIэ, ауэ усэкIэм хуэIэзэ цIыхухэт. Зауэ къэхъуамэ, сыт щыгъуи шы гъуабжэ тес джэгуакIуэхэмрэ сринапщэхэмрэ зауэлIхэр къызэщIэзыIэтэ усэхэмрэ псалъэхэмрэ зэхалъхьэрт. Ахэр дзэ пащхьэм иувэрти, я уэрэдхэмрэ я усэхэмрэ щыжаIэрт, я уэрэдхэм къыщаIуатэрт ди япэ итахэр мышынэу зэрыщытар, абыхэм я лIыхъужьыгъэ хьэлэмэтхэр щапхъэу къахьырт.

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ