|
Жылагъуэ
29 марта, 2024 - 12:42
Гъуэгухэр
«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым (пэхуэщIэм) ипкъ иту Налшык къалэ округым и автомобиль зекIуапIэхэр къагъэщIэрэщIэж. Мы зэманым республикэм и къалащхьэм и уэрамхэм ящыщу ЕтIуанэ Темэн дивизием (2-ой Таманской дивизии) еймрэ Осетием и цIэр зезыхьэмрэ я автомобиль зекIуапIэхэм лэжьыгъэ пыухыкIахэр щрагъэкIуэкI.
29 марта, 2024 - 11:39
Москва, ДахагъэмкIэ и тхьэмахуэм хыхьэу, «Манеж»-м и пэш Нэхъыщхьэмрэ ВДНХ-м и «Урысей» лъэпкъыбэ выставкэмрэ (павильон 75-м) и лэжьыгъэщIэхэр иджыблагъэ щигъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ дизайнер Уэркъуасэ Каринэ.
29 марта, 2024 - 10:37
ЦIыхухэр псы къабзэкIэ къызэгъэпэщынымрэ псы къагъэсэбэпар зэрыIуаш бжьамийхэр укъуэдиинымрэ ехьэлIа къалэнхэр 2030 гъэм ирихьэлIэу нэсу гъэзэщIа зэрыхъуным, абы щхьэкIэ зэлэжьыпхъэхэм, щыIэ Iэмалхэм иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ КъБР-м и Правительстэм и Унэм. Ар икIи Къэбэрдей-Балъкъэрым Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэм 2023 гъэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэхэр къыщапщытэж зэIущIэу щытащ.
29 марта, 2024 - 08:32
Ди щIыналъэм къэлъэтэжа къуалэбзухэм иджы хуэдэ зэманым дэнэкIи я шхын къыщалъыхъуэ. Ипэ ита илъэсым елъытауэ, иджыпсту дунейр зэрыIэгъущэлъэгъущэри абыхэм сэбэп къахуэмыхъуу къэнакъым. Уэс зэрытемылъым и фIыгъэкIэ тегъущыкIыну хунэса жыг пхъафэхэм кIэщIопэщэщыхь, жыг лъабжьэхэми зыгуэрхэр къащыщыIухуэ щыIэщ. Иджы хуэдэ зэманым дунейр зэщIипхъэнкIэжу къесу щыта бжэндэхъу уэс гъущэм и пIэкIэ, мэлыжьыхьыр икIыху синоптикхэм къытпагъаплъэр щIыIэтыIэрэ уэтIпсытIрэщ.
28 марта, 2024 - 11:02
КъызыхэкIа балъкъэр лъэпкъым щыщхэм нэмыщI, зэрыкъэралуи зэрыгушхуэ щIэныгъэлI щыпкъэу щытащ ди тхыгъэр зытеухуа еджагъэшхуэр. Ар ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и академик цIэрыIуэ, ди лъахэгъу еджагъэшхуэ Энеев Тимур Магомед и къуэрщ. Мы илъэсым илъэси 100 ирокъу а щIэныгъэлI щэджащэр къызэралъхурэ.
28 марта, 2024 - 10:01
Илъэс 30-м нэсауэ (1995 гъэ лъандэрэ) гъатхэпэм и 28-р ди республикэм щыдогъэлъапIэ Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэу. ХамэщIым гугъу ехьу щыIа балъкъэр унагъуэхэм ящыщу мащIэтэкъым адыгэ благъэрэ Iыхьлырэ зиIэхэр: зы жылэ, зы щIыналъэ исхэр зэрыцIыхурт, зэдэпсэурт, зэдэлажьэрт. Ди газетым и щIэджыкIакIуэ, Каменномост (Къармэхьэблэ) жылэм дэт курыт школым илъэс куэд лъандэрэ адыгэбзэр щезыгъэдж Лыхь Людмилэ къытхутопсэлъыхьыж и анэш балъкъэрхэм а лъэхъэнэ гугъум ятелъа бэлыхьхэмрэ хьэзабхэмрэ.
28 марта, 2024 - 08:00
Гъатхэпэм и 28-р Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэщ. Ар махуэщIу ди республикэм щагъэувауэ щытащ 1995 гъэм. А лъэпкъым ехьэлIауэ захуагъэр тепщэ щыхъужа а махуэшхуэр гъэувыным лъабжьэ хуэхъуащ 1957 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым къыдигъэкIауэ щыта Унафэр. Абы ипкъ иткIэ къащтащ «Къэбэрдей АССР-р Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-у зэхъуэкIыным и IуэхукIэ» республикэ хабзэр. Апхуэдэу илъэс 67-рэ ипэкIэ зэфIагъэувэжауэ щытащ балъкъэр лъэпкъым и къэралыгъуэр.
28 марта, 2024 - 07:59
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щIыналъэм щыпсэухэм Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэмкIэ зэрехъуэхъур
27 марта, 2024 - 15:39
Иджыпсту хуэдэ гъатхэпэр пыхусыху, щIыIэ узхэм я къэхъеигъуэщ. Коронавирусыр цIыхум ящхьэщыкIа пэтми, дуней псом тет щIэныгъэлIхэм ящIэ сыт хуэдэ узыфэми ухуэбэлэрыгъ зэрымыхъунур икIи абыхэм пэщIэтын папщIэ нобэ яIэ Iэмалхэмрэ зэфIэкIхэмрэ къахэгъэхъуэн, хушхъуэгъуэ лIэужьыгъуэщIэхэр къэгупсысын зэрыхуейр.
Урысейм и щIэныгъэлIхэри нэгъабэ лъандэрэ йолэжь ковидым ущызыхъумэ вакцинэщIэм. Ар шхум ещхьщ, сабийми балигъми къатемыхьэлъэу ирафын хуэдэу, ауэ ар ягъэхьэзыру къыщIагъэкIыным иджыри зэман хуейщ.
27 марта, 2024 - 15:05
Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос. Иджыблагъэ апхуэдэ хъыбар къитащ КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм.
Иужьрей илъэситIым щIыналъэм къыщыщIагъэкIа консервым и куэдагъым хэпщIыкIыу хэхъуащ. Псалъэм къыдэкIуэу, 2023 гъэм банкIыу мелуан 363,8-рэ траIуэнтIащ, абы щыщу банкI мелуан 363,3-р хадэхэкIхэм къыхащIыкIа фIэIугъэщ.
Страницы
|