ХадэхэкI фIэIугъэхэмкIэ дыпашэщ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос. Иджыблагъэ апхуэдэ хъыбар къитащ КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм. 
Иужьрей илъэситIым щIыналъэм къыщыщIагъэкIа консервым и куэдагъым хэпщIыкIыу хэхъуащ. Псалъэм къыдэкIуэу, 2023 гъэм банкIыу мелуан 363,8-рэ траIуэнтIащ, абы щыщу банкI мелуан 363,3-р хадэхэкIхэм къыхащIыкIа фIэIугъэщ.
Пхьэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ, мэракIуэ лIэужьыгъуэхэр банкIхэм илъхьауэ теIуэнтIэнымкIэ ди республикэр КИФЩI-м щыпашэм изакъуэкъым -  ику иту къэралым къыщыщIагъэкIа хадэхэкI консервхэм я процент I4-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос. 
Республикэм щытраIуантIэ банкIхэм иралъхьэ пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ я нэхъыбэр ди щIыналъэм къыщагъэкIыж. Ар шэсыпIэ хуохъу консервхэм фIагъ лъагэ яIэным, абы и фIыгъэкIи а ерыскъы лIэужьыгъуэхэм нэгъуэщI щIыналъэхэм щIэупщIэшхуэ щаIэщ, нэхъыфIуи ящэху.
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: