27.04.2024, 11:00 - Жылагъуэ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьакIуэр. Абы шэч хуащI хабзэншагъэкIэ жыгхэр ириупщIыкIауэ. 

26.04.2024, 17:06 - Тхыдэ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ «мыхьыр» езыгъэхьу лъэхъэнэ кIыхькIэ къэгъуэгурыкIуам къиутIыпща дзэ абрагъуэмрэ Къэбэрдейм езым и къарукIэ зэщIигъэуIуа хэкулI гупышхуэмрэ.

26.04.2024, 15:42 - Жылагъуэ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ. «Фэеплъ жыг хадэхэр» зи фIэщыгъэ дунейпсо Iуэхугъуэр теухуащ зауэ зэхуэмыдэхэм хэкIуэда ди цIыхухэм я фэеплъу жыгыщIэхэр гъэтIысыным, зэуапIэм икIуэдахэм я лIыгъэр уахътыншэ щIыным, апхуэдэ хадэхэр цIыху кIуапIэ щIыным.

25.04.2024, 17:30 - Спорт

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 15-м я спортсмену 600-м нэблагъэ.

25.04.2024, 17:00 - Спорт

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024, 14:33 - Жылагъуэ

Iэщым ирагъэшх Iус зэхэлъыр къыщIэзыгъэкIыу Къэбэрдей-Балъкъэрым щылажьэ IуэхущIапIэхэр нобэкIэ 13 мэхъу. Ахэр псори хьэрычэт щIэн IэнатIэ мыинхэрэ уней IуэхущIапIэхэрэщ.

25.04.2024, 13:00 - Жылагъуэ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Замир Хьэсэнбий и къуэм и цIэр зезыхьэ кадет еджапIэ-интернат №1-м. Абыхэм еджакIуэ ныбжьыщIэхэм драгъэкIуэкIащ лIыгъэм и дерс, я лэжьыгъэми щыгъуазэ ящIащ.

23.04.2024, 19:01 - Жылагъуэ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж. Лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI Осетинскэ, Балкарскэ, Молодежнэ, ЕтIуанэ Таман дивизэм, Къэзанокъуэ Жэбагъы, Мусукаевым, Хъураным я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм. 

23.04.2024, 17:06 - Спорт

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Ставрополь крайм, Осетие Ипщэмрэ Осетие Ищхъэрэ – Аланиемрэ я бэнакIуэу 100-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 14-м щIимыгъуауэ. 

 

 

ОСТАЛЬНЫЕ РУБРИКИ

Литературэ
19.10.2023 - 09:36 | 👁 35

Подробности...

Кавказ тхыдэм теухуа поэмэщIэ

  Осетие Ищхъэрэ - Аланием тхылъ лъэтеувэ гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ.
Жылагъуэ
19.10.2023 - 09:00 | 👁 25

Подробности...

Дызыщымыгъуазэ гъэщIэгъуэнхэр

• Сабий тхакIуэ цIэрыIуэ, таурыхъ куэд къэзыгупсыса Андерсен Ганс Кристиан щыуагъэ химыщIыхьу псалъэ мащIэ дыдэщ хуэтхыу щытар.
Махуэгъэпс
19.10.2023 - 09:00 | 👁 16

Подробности...

НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 19, махуэку
Спорт
18.10.2023 - 17:00 | 👁 161

Подробности...

Щоджэн Къадир ягу къагъэкIыжу

«Iуащхьэмахуэ» СОБР-м и командиру щыта Щоджэн Къадир и фэеплъу волейболымкIэ къалэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Бахъсэн къыщызэрагъэпэщащ. Абы хэтащ къалэм и курыт еджапIэхэм я командэхэр.
Спорт
18.10.2023 - 15:41 | 👁 137

Подробности...

Джэдгъэф Къантемыр къахожаныкI

Ставрополь къалэм иджыблагъэ щызэхэтащ щIыналъэхэм бэнэкIэ хуитымкIэ я зэхьэзэхуэ зэIуха. «Зэныбжьэгъугъэ» фIэщыгъэр зезыхьа а спорт зэхуэсым кърихьэлIащ 2007 - 2008 гъэхэм къалъхуа бэнакIуэхэр.
Жылагъуэ
18.10.2023 - 14:36 | 👁 52

Подробности...

Шыгъур

Дуней псом шыгъуу къыщыщIахым и проценти 6 къудейрщ шхыным халъхьэу къагъэсэбэпыр. Процент 17-р гъуэгу щтрыгъухэм тракIутэным ирикъуу аращ. Адрейхэр металлургием, транспорт, химие промышленностым,...
Махуэгъэпс
18.10.2023 - 12:33 | 👁 56

Подробности...

Хьэлыгъум (щIакхъуэм) и махуэ

Дэнэ лъэныкъуэкIи щагъэлъапIэ шхыным гулъытэ хэха щыхуащI махуэр щыIэн зэрыхуейм теухуауэ япэ дыдэу жэрдэм къыщыхалъхьауэ щытар ЩIакхъуэгъажьэхэмрэ IэфIыкIэ зыщIхэмрэ я къэрал зэхуаку зэгухьэныгъэм...
Политикэ
18.10.2023 - 11:30 | 👁 21

Подробности...

Парламентым и Унафэ

Дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэм щыщхэмрэ псэуныгъэкIэ зыщIагъэкъуэным теухуауэ лэжьыпхъэхэм я IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республ
Махуэгъэпс
18.10.2023 - 11:26 | 👁 296

Подробности...

НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 18,  бэрэжьей ♦КIэнфетхэм я дунейпсо махуэщ
Литературэ
18.10.2023 - 09:55 | 👁 42

Подробности...

Нурий и зэфIэкI

Iуэтэж
Спорт
17.10.2023 - 17:00 | 👁 99

Подробности...

БэнакIуэ цIэрыIуэм и фэеплъ зэхьэзэхуэм

Урысей Федерацэм спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, бэнэкIэ хуитымкIэ спортсмен цIэрыIуэу щыта Кудухов Бесик и урысейпсо фэеплъ зэхьэзэхуэ Краснодар къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. «Баскет-Холл» спорт...
Литературэ
17.10.2023 - 16:00 | 👁 301

Подробности...

Прозэм гъуэгу щигъуэтар

Адыгэ прозэм и къыщIэдзапIэ дыдэр нэрылъагъуу икIи щыуагъэншэу къэбгъуэтыжын щхьэкIэ тIощI гъэхэм кIуэцIрыплъыжын хуейщ, ауэ гурыщхъуэрэ шэчрэ зыхэмылъыжыр къыкIэлъыкIуэ илъэсипщIым ипэ дыдэм деж д
Литературэ
17.10.2023 - 14:19 | 👁 44

Подробности...

Нартхэуэ къызэришар

Абхъаз таурыхъ Нартхэуэ щIалэм Гундэ тхьэIухудыр зэрилъагъурэ и нэгум щIэт зэпытт, и гупсысэм хэкIыртэкъым.
Жылагъуэ
17.10.2023 - 12:12 | 👁 78

Подробности...

Гуп хэхам я махуэм

Урысей гвардием и Управленэу КъБР-м щыIэ и унафэщI, полицэм и полковник Васильев Сергей СОБР-м и лэжьакIуэхэм ехъуэхъуащ махуэмкIэ икIи я къалэнхэр щагъэзащIэм къыхэжаныкIа зауэлIхэм дамыгъэхэр,...
Литературэ
17.10.2023 - 11:10 | 👁 42

Подробности...

«Дунеижьыр кIуэцIрыкIыбжэщ»

УсакIуэр зэбгъэцIыхуну ухуеймэ, ар къыщалъхуа щIыпIэр зэгъэлъагъу, жаIэ. Пэжу, ар сыт щыгъуи пхузэфIэкIын Iуэхуу щыткъым.
Жылагъуэ
17.10.2023 - 10:00 | 👁 66

Подробности...

Къуажэхэм зрагъэужьу

2023 - 2024 гъэхэм къриубыду Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуажэхэм зегъэужьыным ехьэлIа Iуэхугъуэхэм сом мелуан 750-рэ хухахынущ.

Страницы