Щоджэн Къадир ягу къагъэкIыжу

Волейбол

«Iуащхьэмахуэ» СОБР-м и командиру щыта Щоджэн Къадир и фэеплъу волейболымкIэ къалэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Бахъсэн къыщызэрагъэпэщащ. Абы хэтащ къалэм и курыт еджапIэхэм я командэхэр.

Зэхьэзэхуэр зэрекIуэкIам кIэлъыплъащ Бахъсэн къалэ администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим, «Iуащхьэмахуэ» СОБР-м и командирым и къуэдзэ Дыджэ Алим, Щоджэн Къадир и къуэ Мухьэмэд сымэ, лIыхъужьым и благъэхэр, Iыхьлыхэр, ныбжьэгъухэр, къалэ администрацэм и лэжьакIуэхэр, нэгъуэщIхэри.

Мамхэгъ Хьэчим зэхьэзэхуэм щIадзэным ипэ къихуэу фIыщIэ псалъэхэмкIэ захуигъэзащ икIи гуапэу ехъуэхъуащ Щоджэн Къадир и фэеплъ турнирыр къызэзыгъэпэщахэм, командэхэм хэт спортсменхэм, зэIущIэхэм кIэлъыплъыну къэкIуахэм. Абы къыхигъэщащ лIыхъужь хахуэм и цIэр зэращымыгъупщэнур, мыпхуэдэ зэхьэзэхуэхэр илъэс къэс зэрызэхашэнур.

ГъащIэгъуэну икIи удэзыхьэхыу екIуэкIа зэпеуэм япэ увыпIэр щиубыдащ Бахъсэн къалэм дэт курыт еджапIэ №2-м и командэм, етIуанэ хъуащ курыт еджапIэ №4-р. Ещанэ увыпIэр зэдагуэшащ япэ, ебгъуанэ курыт школхэм.

Щоджэн Къадир и къуэ Мухьэмэдрэ «Пашэхэм я зэщIэхъееныгъэ» зэгухьэныгъэм и Бахъсэн къудамэмрэ къабгъэдэкIыу саугъэт щхьэхуэхэр иратащ Ташу Алихъан, Лу Азэмэт, Щоджэн Тамирлан сымэ. Абы нэмыщI, фэеплъ зэхьэзэхуэр къызэзыгъэпэщахэм япэ увыпIэр къэзыхьа курыт еджапIэ №2-м и командэм Iуащхьэмахуэ лъапэ зэрызыщагъэпсэхуну путевкэхэмкIэ яхуэупсащ.

Щоджэн Къадир и фэеплъ зэхьэзэхуэр зи жэрдэмыр Бахъсэн къалэ администрацэм Физкультурэмрэ спортымкIэ, щIалэгъуалэ политикэмкIэ и комитетымрэ «Пашэхэм я зэщIэхъееныгъэ» зэгухьэныгъэм и Бакъсэн къалэ къудамэмрэщ.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: