Джэдгъэф Къантемыр къахожаныкIБэнэкIэ хуит Ставрополь къалэм иджыблагъэ щызэхэтащ щIыналъэхэм бэнэкIэ хуитымкIэ я зэхьэзэхуэ зэIуха. «Зэныбжьэгъугъэ» фIэщыгъэр зезыхьа а спорт зэхуэсым кърихьэлIащ 2007 - 2008 гъэхэм къалъхуа бэнакIуэхэр. Ди гуапэ зэрыхъущи, зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIащ икIи япэ увыпIэр къыщихьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа бэнакIуэ, Алътуд къуажэм щыщ Джэдгъэф Къантемыр. ЩIалэм и гъэсакIуэхэр Хьэмыкъуэ Анзоррэ Ут Русланрэщ.
Поделиться:
Читать также:
08.05.2024 - 17:33 →
ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ
08.05.2024 - 17:00 →
ТекIуэныгъэм хуэпабгъэу
08.05.2024 - 16:28 →
Тай боксым дихьэххэм къахохъуэ
08.05.2024 - 16:00 →
Шабзауэхэм я зэфIэкIыр
07.05.2024 - 15:37 →
Багъ Идаррэ Бекъул Миланэрэ Европэпсо зэпеуэм макIуэ
|