Замятиным и гъащIэмрэ гуащIэмрэМэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм щокIуэкI «Мы о нём» гъэлъэгъуэныгъэ. Ар теухуащ урыс тхакIуэ цIэрыIуэ Замятин Евгений къызэралъхурэ илъэси 140-рэ зэрырикъуам. Замятин Евгений и гъащIэмрэ гуащIэмрэ теухуа гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьащ тхакIуэм и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъхэр, езым теухуауэ ятха тхыгъэхэр, сурэтхэр. Тамбов губернием хыхьэ Лебедянь къалэм 1884 гъэм щIышылэм и 20-м (щIэмкIэ мазаем и 1-м) къыщалъхуащ ар. Евгений и адэр чристэн диным и лэжьакIуэу, и анэр пианисткэу щытащ. И анэращ щIалэ цIыкIур тхылъми макъамэми дезыгъэхьэхар. Абы гимназие нэужьым къиухащ Санкт-Петербург дэт Политехникэ институтыр, инженер IэщIагъэм хуеджауэ. Замятиным и Iэдакъэ къыщIэкIа «Один» Iуэтэжыр 1908 гъэм къыдэкIащ. Тхылъеджэхэм ар нэхъыбэу 1988 гъэм къызэрацIыхуар «Мы» романырщ. 1925 гъэм а романыр Нью-Йорк инджылызыбзэкIэ къыщыдагъэкIащ. ИужькIэ а тхыгъэр чехыбзэрэ франджыбзэкIэ зэрадзэкIащ. Япэ дунейпсо зауэр къыщыхъеям и тхыгъэхэмкIэ абы цIыхухэр къыхуриджэрт лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр ягъэбыдэну. Аращ абы и Iэдакъэ къыщIэкIа «На куличках» повестым лъабжьэ хуэхъуари. 1931 гъэм Замятин Евгений Сталиным письмо хуигъэхьат, хамэ къэрал Iэпхъуэну хуит ящIыну лъаIуэу. Горький Максим и фIыгъэкIэ, а лъэIум Сталиныр арэзы техъуащ. И щхьэгъусэмрэ абырэ Париж Iэпхъуэри, франджым къыщыдэкI газетхэм ядэлажьэу, киносценарийхэр итхыу щIидзащ. Апхуэдэу, Замятиным Париж щитхащ Горький Максим и «На дне» пьесэм къытрищIыкIа спектаклым и сценарийр. Замятин Евгений 1937 гъэм гъатхэпэм и 10-м Париж дунейм щехыжащ. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:
Читать также:
28.04.2024 - 15:02 →
ЦIыху лъэужьыфIэм и фэеплъ
27.04.2024 - 17:14 →
Витебск зыкъыщагъэлъэгъуэнущ
27.04.2024 - 13:04 →
Макъамэм зэфIэкI щызиIэхэр
27.04.2024 - 10:01 →
Макъамэ Iэмэпсымэхэр зыгъэбзэрабзэхэр
26.04.2024 - 15:39 →
ПащIэ Бэчмырзэ и дыщэ пхъуантэр
|