ЩIэблэщIэ

Ди зэманым щIалэгъуалэ куэдым я хъуэпсапIэщ актёр IэщIагъэ зрагъэгъуэтыныр. Ауэ театрымрэ киномрэ я «вагъуэ» хъуну хуейхэм ящыщ куэдыр егупсысыркъым абы ухуэкIуэным пыщIа гугъуехьхэр зыхуэдэм. Псалъэм папщIэ, а IэщIагъэм зыщIегъэх щымыIэу ухуеджэн, актёр Iэзагъэм и щэхухэм нэгъэсауэ зыхэбгъэгъуэзэн зэрыхуейм, нэгъуэщI куэдми. Абыхэм теухуа упщIэхэмкIэ захуэзгъэзащ Щукиным и цIэр зезыхьэ театр институтыр къэзыуха артист ныбжьыщIэхэу Къурмэн Регинэ, Джатэжьокъуэ Константин, Щоджэн Асир, Шыпш Къантемыр, МафIэдз Заирэ сымэ.

- Щукиным и цIэр зезыхьэ театр институтым дауэ фыщIэтIысхьат?
Шыпш Къантемыр: - Си Iуэхур сызэримыгугъауэ къекIуэкIащ. Программист IэщIагъэм сыхуеджэну зызгъэхьэзырырт. Мы институтым щеджэнухэр къызэрыхахым теухуа хъыбар щызэхэсхым, си зэфIэкIыр здынэсым сеплъыжыну сыкIуащ. Си насып кърихьэкIри, еджапIэм сыщIэхуащ.
Щоджэн Асир: - Сэ бухгалтер IэщIагъэм сыхуеджэрт. Ауэ си хъуэпсапIэр артист сыхъунрат. Апхуэдэ Iэмал къыщыкъуэкIым - ар блэзгъэкIакъым.
- Институтым щIэтIысхьэнухэр дауэ къызэрыхахыр? Зыуэ ят къэрал экзаменхэм я баллхэр кIуэцIрыкIрэ хьэмэрэ нэгъуэщI къэпщытэныгъэхэми упхыкIын хуей?
Джатэжьокъуэ Константин: - Урысыбзэмрэ литературэмкIэ къэрал экзамен птауэ щытын хуейщ. А еджапIэм щIэтIысхьэнымкIэ зи балл бжыгъэхэр зыхуримыкъу ныбжьыщIэхэм ар щIэрыщIэу ятыжащ.
Шыпш Къантемыр: - Институтым щIэтIысхьэну хуейм курыт школыр къызэриухрэ зэман гуэр дэкIамэ, ЕГЭ-мкIэ къихьауэ щыта балл бжыгъэмкIэ ар кIуэцIрыкIынукъым. Абы езы еджапIэм экзаменхэр щрагъэтынущ – диктантрэ сочиненэрэ ирагъэтхынущ. Абы къищынэмыщIауэ, творческэ экзамен псоми къапэщылъщ: прозэм и жанрхэм щыщ гуэр е усэ укъеджэн хуейщ.
- Еджэным фыкъыщыдэхуэм дауэ зывгъэпсэхурэт?
Къурмэн Регинэ: - ДиIащ апхуэдэ зэмани, ауэ мащIэ дыдэт. Еджэнымрэ репетицэхэмрэ тедгъэкIуадэр куэдкIэ нэхъыбэт. Пэжщ, 4-нэ курсым еджэныр апхуэдэу къыттехьэлъэжакъым.
Шыпш Къантемыр: - Дызыхуеджэ IэщIагъэм нэхъыфIу дыхэгъуэзэнымкIэ икъукIэ сэбэпышхуэ къытхуэхъуащ къалащхьэм щекIуэкI спектаклхэм деплъыну Iэмал зэрыдиIар. Апхуэдэу ди студент тхылъымкIэ къалэм дэт театр псоми пщIэншэу дыщIагъэхьэрт, Театр Инымрэ коммерческэхэмрэ хэмыту.
- ЩIэныгъэ зэвгъэгъуэтамрэ иджыпсту зи ужь фит Iуэхумрэ арэзы фыкъащIрэ?
Джатэжьокъуэ Константин: - ИкъукIэ дыарэзыщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дэ дезыгъэджа цIыху цIэрыIуэхэм я деж щIэныгъэ щызрагъэгъуэтыну куэдым къахуихуэркъым. Дэ зэи тщыгъупщэнукъым Сазоновэ Галинэ, Максаковэ Людмилэ, Ворошиловэ Людмилэ, Дубровская Аннэ, Семаков Михаил, Дорошинэ Нинэ сымэ. Ахэр актёр Iэзагъым дыхуезыгъэджахэм я закъуэщ. Дэ драгъэджащ Театр Иным, хамэ къэралхэм я утыкухэм ехъулIэныгъэхэр яIэу ита цIыху цIэрыIуэхэм. Апхуэдэ цIыхухэм щIэныгъэ къыббгъэдалъхьэну зэрыхущIэкъур плъагъуу уемыджэныр емыкIут.
 

 

Епсэлъар КЪАНДУР Iэдэмщ.
Поделиться: