«Черкесский Гендель»

Уэрэдыпкъыр лъэпкъым лъагъуэ хуэзыщIыф цIыхур сыт хуэдэ зэманми ейщ. Апхуэдэщ Даур Аслъэн. Хорым щхьэкIэ «Бгырыс уэрэдхэр» абы щитхам, Iуэхум хэзыщIыкIхэм къагурыIуат зэфIэкI зиIэ композитор къызэрыунэхуар.
Аслъэн и уэрэдхэр куэдым фIыуэ ялъэгъуащ. Абы и IэдакъэщIэкI псор къызэщIэпкъуэу утепсэлъыхьын жыхуэпIэр пхуэмыгъэзэщIэн къалэнщ. Ауэ итха куэдым зы къахэсхынщ. Мис, нотэр си пащхьэ илъщ, ар «Шэрджэс рапсодие» зыфIищарщ. Мы рапсодиер дахащэу зыгъэзащIэ Пиказейн Виктор (дунейпсо зэхьэзэхуэ куэдым я лауреатщ) и скрипкэ макъыр си тхьэкIумэм иту нотэр къызэIузох…
Ярэби, Инжыджыжь апхуэдизу щхьэ щым хъуа, хьэмэрэ Ахын и толъкъун макъым къыпылъэлъ адыгэ гъыбзэм щыщ гуэр езым «и лъым» зэрыхэтыр фIэкIуэдынкIэ шынэу ара зыщIиущэхуар?! Iэдииху и чэщанэмкIэ пшэ фIыцIэм зыкъыщызэщIещIэри, уафэм щыблэ къыIуролъэлъ, щIылъэм зэрытелъалъэм щышынэрэ, Инжыджыжьи зыкъиIэтурэ псышхуэр щыблэм педзыж… Щиху гъащIэр мащIэщ икIи махэщ. Щыблэ зэуа жыгыр зэфIэщэхащи щылъщ, ауэ къыбгъурыт щиху пщыкIутIым ирашэжьа гъыбзэм щIыгур егъэтхытх, езы Инжыджыжьи щиху гъыбзэр иришэхыурэ джабэ лъабжьэм нэхъ зрет… Арыххэу лъапэрисэу дыгъэбзий къыкъуоужыр, къолъэдэж, уафэ джабэм зы пщIыхь шынагъуэу телъа пшэри мэкIуэдыжри, лъэгъупыкъу макъамэм псэр егъэкIыл. Хуэм-хуэмурэ уэри зыкъыбощIэжри уогупсыс: «Сыту сыцIыху насыпыфIэ!» Урогушхуэ щымыIэр къэзыгъэщIыф, щыIам и Iейми ифIми гъуазджэ телъыджэкIэ ухэзышэф лэжьыгъэ адыгэлIым и щIэину къызэрытхуигъэнам. Даур Аслъэн «Шэрджэс рапсодием» фIэкI имытхами, адыгэ макъамэм и курыхыу ар къэнэнут. Аслъэн цIэ лъапIэ куэд къыфIащат, ауэ зыми пэпщI мыхъунур - ар зэрыкомпозиторырт. Абы и чэнджэщхэри узыщIэдэIу хъунт, музыкэм теухуауэ жыпIэнущи, мы дуней псом щекIуэкIым щыгъуазэт. Зэм-зэми, лIэщIыгъуэ куэд дэкIыу ди лъэпкъым и щIэблэм адыгэм и тхыдэр щIиджыкIыжыну пэрыувэмэ, шэч хэмылъу, зэман куэдкIэ къызытеувыIэнухэм ящыщщ Даур Аслъэн теухуа напэкIуэцIхэр.
Аслъэн зэныбжьэгъугъэм пщIэ хуэзыщI, гушыIэмрэ ауанымрэ зыхэзыщIэ, абы зи гур къабзэу пыкъуэкIыф цIыхут. Абы и композитор щIэиныр уасэншэщи, мылъку зиIэхэм захуэзгъазэу жысIэнт: нэхъ IуэхуфI дыдэу ящIахэм ящыщынут я мылъкум и Iыхьэ щIалэгъуалэр псэкIэ бейуэ гъэсэным халъхьэмэ, Даур Аслъэн и творческэ щIэиныр хъумэнымкIэ сэбэп хъуамэ. КъыдэдгъэкIын хуейщ Даурым итхахэр, армырамэ, ахэр кIуэдыжынурэ, дунейм къытенэнур Аслъэн и цIэ закъуэращ. Си фIэщ мэхъу Аслъэн и IэдакъэщIэкIхэм гъащIэщIэ къазэрыхыхьэнур. Абы къыдэкIуэуи, Кавказым къыщымынэу, дуней псор мы композитор щэджащэм и тхыгъэхэм щыдгъэгъуэзэфынущ. Музыкэр - къэхъугъэ телъыджэщ, ар зэбдзэкIыным хуэныкъуэкъым.
… 1975 гъэм щIымахуэ мазэу Москва сыщыIэт композиторхэм я унэм зыщызгъэпсэхуу, сыщылажьэу. А махуэ дыдэхэм Даур Аслъэни абы щыIэт. Нэхъ тэмэму жыпIэмэ, Подмосковьет дыздэщыIэр. Сэ еханэ дачэм сыщIэст, Аслъэн – еплIанэм. Жэщыбгым си бжэщхьэIум къытеуващ упщIэ вакъэрэ джэдыгурэ зыщыгъ Аслъэн. И псэм ищIа хуэдэт «Уэсыр къос» уэрэдыр зэрызухар. Аслъэн абы езгъэдэIуащ, зэ къытезгъэзэжынуи къызэлъэIуащ. ИтIанэ жеIэ: «ДжэбрэIил, мы уэрэд дахащэр сэ тыгъэ къысхуэпщIу тетхэ, хъуххэнумэ». Аслъэн и лъэIур хуабжьу си гуапэ хъуати, абы ар хуэзгъэзэщIащ. Кавказ композиторхэр Аслъэн «Черкесский ГенделкIэ» деджэрт...
Ныбжьэгъу! Уи ныбжьым и гуэгъу! Аслъэн сэрэ зы гъэм дыкъалъхуат. Абы шэрджэсу итхырт, сэ - къэбэрдейуэ, ауэ ди бзэр зыт, ди псэри зыт.

ХЬЭIУПЭ ДжэбрэIил, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ,
Поделиться: