Ныбжьэгъу пэж

Мыбы гу лъыстащ: ди ныбжьыр кIуэтэху, ныбжьэгъум хужытIэ щытхъу псалъэр нэхъ мащIэ мэхъу. Ар къызыхэкIыр гурыIуэгъуэщ: гъащIэм псори иубзыхуакIэщ, сыт абы лейуэ утепсэлъыхьыжкIэ. Ныбжьэгъугъэ нэсым щытхъукIэ зыри пхухэлъхьэнукъым икIи пхухэхынукъым. ИтIани, си щхьэ хужысIэж хуэдэурэ, си ныбжьэгъу пэжым иджыри зэ сыщытхъуми, езыми ар къысхуигъэгъунщ. 
Тут Заур сызэриныбжьэгъур ящыщ зыщ сэ насыпыфIэу зыщIэслъытэж щхьэусыгъуэхэм. КъыздэткIуа илъэс куэдым быдэу си фIэщ ящIащ: Заур хуэдэу псэ къабзэ гъуэтыгъуейщ. ЦIыхуфI куэд дунейм тетщ, талант ин зыбгъэдэлъи бгъуэтынущ, ауэ ди зэманым зи псэр къабзэу зыхъумэжыфар мащIэщ. Мис а тIэкIум ящыщщ Заур, аращ си псэр абы нэхъри пэгъунэгъу зыщIри. 
  Дэ дыщIалэ дыдэу дызэрыцIыхуащ, ауэ зэуэ ныбжьэгъу дызэхъуауэ схужыIэнукъым. Абы зэман хуейт. ДызэрыцIыхури, куэд мыщIэу Заур Москва Iэпхъуащ, «Росконцерт»-м щылэжьэну. Ар цIэрыIуэ хъуакIэт, уэрэд жыIэнымкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэм щытекIуат. Заур Налшык къыщыкIуэж зэзэмызэхэм ди гуапэу дызэхуэзэрт, дызытепсэлъыхьын дгъуэтырт. Сэ егъэлеяуэ сыщыгуфIыкIырт абы и ехъулIэныгъэхэм. Пэжыр жысIэнщи, зэзэмызэ гукъэкI щIыIэ къысхуэкIуэрт, зи зэфIэкIым хэхъуэ щIалэм зихъуэжыну пIэрэ жысIэу. Си гуапэ зэрыхъущи, апхуэдэ къэхъуакъым, сыт хуэдэ лъагапIэ нэмысами, Заур а зэрыщыту, цIыху гумащIэу, хабзэрэ нэмысрэ хэлъу къэнэжащ. Ди зэныбжьэгъугъэр абы игъэбыдащ. 
Заур хьэлыфI куэд хэлъщ. Илъэс Iэджэ къыздэткIуам сахоплъэжри, къысхуэщIэжыркъым ар тхьэусыхэу зэхэсхауэ, и Iуэху зытетым ущIэупщIэмэ, тхьэм къузэритыну жиIэу фIэкIа. Апхуэдэу щыт пэтми, абы гугъуехь куэд илъэгъуащ, здынэса лъагапIэри езым и таланткIэ, и псэкIэ иухуэжащ, и щхьэр зым и пащхьи щигъэлъэхъшакъым. Ар адыгэлI нэсым и нэщэнэщ. Абы и закъуэкъым - Заур сыт и лъэныкъуэкIи адыгэлIщ. Аращ адыгэ унагъуэ нэс щIыхуэухуари. Москва и курыкупсэм къыщалъхуа, щапIа и бын дыгъищыр адыгэбзэ къабзэкIэ зэрыпсалъэр сыт и уасэ?! 
Тут Заур и IэщIагъэ и лъэныкъуэкIэ и зэфIэкIым щымыгъуазэ гъуэтыгъуейщ. Си щхьэкIэ къысщохъу абы уэрэд щыжиIэкIэ, дуней псом игу хэхъуэу. Мыр куэдрэ сигу къокIыж. Магомаев Муслим Заур и гъусэу Налшык къэкIуат. Хъурей Феликсрэ ХьэIупэ ДжэбрэIилрэ ди гъусэу ар дгъэхьэщIэрт. Зы пщыхьэщхьэ гуэрым, Iэнэм дыкъетIысэкIауэ, дыуэршэрырт. Заур зэрыщIэкIар къигъэсэбэпри, Муслим хэкъузауэ жиIат: «Фылъэпкъ гъэщIэгъуэнщ фэ, апхуэдэ талантышхуэ зыбгъэдэлъ цIыху къызэрыфхэкIар фи насыпу зэрыщытыр къывгурыIуэжыркъым, фызэкъуэувэу ар нэхъри зэрыфIэтыным фыхэткъым». Си тхьэкIумэм итщ а псалъэхэр, зэми ди тхыдэм сыхигъэплъэжу… 
Аргуэру согупсыс си ныбжьэгъум и цIыхуфIагъым, сыщогуфIыкI ар дунейм зэрытетым. Апхуэдэ ныбжьэгъу ущиIэм деж, сыт хуэдэ Iуэху гугъу ухэмыхуами угужьейркъым. Абы и лъэныкъуэкIэ сэ къызэхъулIэну хъуар къызэхъулIащ.
P.S. Зи зэчийр цIыхубэм яхуэзыгъэлажьэ, зи зэфIэкIымкIэ щэнхабзэм и хъугъуэфIыгъуэр зыгъэбагъуэ уэрэджыIакIуэ гуащIафIэр, и макъ телъыджэм къыдэкIуэу, иджыри зыгуэрым адрейхэм къыхегъэщхьэхукI - Урысей Федерацэм деж щегъэжьауэ Къэбэрдей-Балъкъэрми, Къэрэшей-Шэрджэсми, Адыгэ Республикэми я цIыхубэ артистщ ар. Тут Заур и творчествэм щыгъуазэ зы цIыхуми шэч къытрихьэну къыщIэкIынкъым ар 
 
АЦКЪАН Руслан, КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ.
Поделиться: