Кавказым щыцIэрыIуэ усакIуэшхуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ, КъБР-м и Къарал саугъэтым и лауреат Тхьэгъэзит Зубер и усэхэр нэгъэсауэ, къызыхуэтыншэу зэдзэкIауэ щымытами, абы Кавказ литературэм хуищIа хэлъхьэныгъэщIэхэр гулъытэншэу къэнакъым.
Урыс литературэм къыщагъэсэбэп мыпхуэдэ жыIэгъуэ: «Батюшковыр – Пушкин и щIалэгъуэ тхылъщ» («Батюшков – юношеский дневник Пушкина»). Адыгэ усыгъэм ехьэлIауэ къапщтэмэ, шэч къытумыхьэу, «ЩоджэнцIыкIу Алий Тхьэгъэзит Зубер и щIалэгъуэ тхылъщ» жыпIэ хъунущ. Дэтхэнэ лъэпкъми и художественнэ литературэм зыщиIэткIэ зэ къыхуохуэ зыужьыныгъэм хуэунэтIа лъэбакъуэщIэ ин ичыну. Адыгэ литературэм а къалэн мытыншыр щызыгъэзэщIар ЩоджэнцIыкIу Алийщ, абыкIэ лъэпкъ IуэрыIуатэм и хъугъуэфIыгъуэхэм къыпищэу. Апхуэдэу зэфIэкI лъагэ къызэригъэлъэгъуэфар и фIыщIэщ ар ди узэщIакIуэ гъуэзэджэхэм я жьауэм зэрыщIэтами.
Адыгэ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ЩоджэнцIыкIу Алий хиса жылапхъэм куэдкIэ узыщыгугъыну къыкъуэжа къудамэщIэхэм ящыщ зыщ Тхьэгъэзит Зубер. Адыгэ усакIуэ икIи тхакIуэ Елгъэр Кашиф Тхьэгъэзитым щхьэкIэ итхахэм къыхощыж Зубер епщIанэ классыр къыщиухым, ЩоджэнцIыкIу Алий и дэтхэнэ поэмэми усэми гукIэ къеджэфу зэрыщытар. ЩоджэнцIыкIум и тхыгъэхэр Тхьэгъэзитым и творческэ къежьапIэм сэбэпышхуэ щыхуэхъужащ. ЩоджэнцIыкIу Алий и щIэиным, ищхьэкIэ къызэрыхэщауэ, лъэпкъ литературэм зегъэужьыным унэтIыкIэщIэ иритащ, щхьэхуэу къапщтэмэ, ар епхьэлIэ хъунущ Тхьэгъэзит Зубер и творчествэм и пэублэ Iыхьэм игъуэта гъэпсыкIэм. Аращ «Алий Зубер и щIалэгъуэ тхылъщ» щIыжытIэри.
Тхьэгъэзитым и усыгъэм увыпIэ нэхъыщхьэ щызыубыд лирикэм ущытепсэлъыхькIэ, езыр-езыру щыхьэт утохъуэ абы зыми емыщхь егъэджакIуэ гумызагъэ КIуащ БетIал зэрыхуэхъуам. Ардыдэр къыхощ езы Зубер и критикэ тхыгъэхэми – ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, КIуащ БетIал сымэ я цIэр щызэкIэлъихькIэ. УсакIуэм и цIэр ябгъуримыгъэувэ, уеблэмэ абы емыгупсысыххэ щхьэкIэ, езыращ абыхэм къакIэлъыкIуэр.
Тхьэгъэзитым и усыгъэм гуауэшхуэ къытепсыхат КIуащ БетIал дунейм щехыжам щыгъуэ, абы унэтIыныгъэщIэ иригъэгъуэтащ Зубер и творчествэм. Урыс литературэм къыхэщыж нэгъуэщI зы Iуэхугъуи дигу къэдгъэкIыжынщи, Пушкин щылIам Лермонтов ар хэщIыныгъэшхуэу къыщыхъуат икIи «Смерть поэта» усэр итхыгъат. Абы къыдэунэхуауэ ялъытэ Лермонтов и зэчийр. Абы иумыгъэпщэнкIэ Iэмал зимыIэ Iуэхугъуэт адыгэ литературэм а зэманым къыщыхъуар.
Къэбэрдей усыгъэм Тхьэгъэзитым и IэдакъэщIэкIхэм увыпIэшхуэ щаубыд. Абы и щыхьэтщ усакIуэ цIэрыIуэхэри критик лъэщхэри абы и творчествэм куэдрэ фIыкIэ къызэрыпэджэжар. Зубер и ныбжьу е нэхъыщIэу абы и лъэхъэнэгъухэм яхэткъым Тхьэгъэзитым и лэжьыгъэ купщIафIэр зыхэзымыщIа, абы и жьауэм къыщIэмыхъукIа. Арагъэнщ адыгэ усакIуэ гуащIафIэм и къалэн нэхъыщхьэр зыхэлъыр икIи апхуэдэ щIыхьыцIэ Тхьэгъэзит Зубер, шэч хэмылъу, къилэжьащ.
УсакIуэ жыджэрым и лирикэ лIыхъужьхэр зэхуэмыдэщ, зэкIужщ, зэхозагъэ, дэтхэнэ зыми хэмыгъуэщэжын лъэужь гъащIэм къытринэу.
Тхьэгъэзитыр Кавказым щыцIэрыIуэ усакIуэшхуэу зэрыщытыр жытIащ, ауэ абы и усыгъэр йолъэгэкI ди щIыналъэм и уэсылъэ бгышхуэхэм я нэхъ ин дыдэхэм, зи лъабжьэр и лъагагъым нэхърэ нэхъ кууж къуршхэм. Тхьэгъэзитым и усыгъэм дунейпсо мыхьэнэ иIэщ.
 

 

БЕЙТЫГЪУЭН Сэфарбий.
Поделиться: