Щэнхабзэр бзэншэ хъумэ

         УФ-м и Президент Путин Владимир щIышылэм и 10-м япэ дыдэ Чукоткэ щIыналъэм, Анадырь къалэм щыIащ. Зэрыхабзэу, къулыкъущIэхэм щхьэж зыхэт къудамэм щызэхуэмыхъу лъэпощхьэпохэмкIэ зыкъыщыхуагъазэм, къэралым и лIыщхьэм зыкъригъэцIыхуащ «Чукоткэм и щIэин» музей центрым и унафэщI Кутегинэ Светланэ.

        И анэдэлъхубзэмкIэ сэлам зэрихыну щIыкIэм Президентыр иригъасэ щIыкIэу иришэжьащ Кутегинэм и псалъэр. «Чукотскэ бзэмкIэ фIэхъус уэсхыну сыхуейщ. «Етти», - жысIэмэ, «укъэкIуа?» жысIэу аращи, уэ «ии» къызжепIэжын хуейщ».

      Апхуэдэу, гушыIэу ирашэжьа псалъэмакъыр Кутегинэм иришэлIэжащ лъэпкъ цIыкIухэм я бзэхэр, чукотскэри яхэту, зэрыкIуэдыжым. КъызэрыщэкIымкIэ, Урысейм программэ щхьэхуэхэр щолажьэ, лъэпкъ цIыкIухэм я бзэм зэрызыщIэбгъэкъуэн Iэмал щыкуэду. Ауэ лэжьыгъэр зыгуэрым елъахъэри, абы и щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуэкъым. Путинымрэ Кутегинэмрэ зытепсэлъыхьар дэри дигу къеуэ защIэщи, ди щIэджыкIакIуэхэри а зэпсэлъэныгъэм ириплъэну ди гуапэт, зэгъусэу хэкIыпIэ къэдгъуэтын хуэдэу.

Кутегинэ Светланэ: Владимир Владимир и къуэ! Уэ эскимосыбзэкIэ сэлам къуахакIэщ, иджы сэри чукотскэкIэ сэлам уэсхыну сыхуейщ. «Етти!»

Путин Владимир: «Ести» жыпIа?

Кутегинэ Светланэ: Етти! КъикI дыдэр «УкъэкIуа?». Уэ «Ии» жыпIэн хуейщ.

Путин Владимир: Ии.

Кутегинэ Светланэ: Куэд дыхъуу щытамэ, «Еттык» жысIэнут. Псоми «Ии» жаIэ апхуэдэм дежи.

Путин Владимир: ЦIыхухъухэми цIыхубзхэми зэщхьу жэуап яту ара?

Кутегинэ Светланэ: Аращ, ауэ ди чукотскэ бзэм цIыхухъу псэлъэкIэ, цIыхубз псэлъэкIэ жаIэри зэщхьэщыкIыныгъэ щхьэхуэхэр иIэщ.

Путин Владимир: Абы сыщIыщIэупщIэр языныкъуэ бзэхэм цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ ятын хуей жэуапхэр щызэтехуэркъыми аращ. ЗыгуэркIэ цIыхухъум цIыхубзым хуэфэщэн жэуап итмэ, ар зэхэзыххэр занщIэу къоуIэбжь: «Хэт бзэм уезыгъэсар?» жаIэри.

Кутегинэ Светланэ: Пэжщ-пэжщ! ЦIыхухъухэм «че – чад» щыжаIэ ди дежкIэ, цIыхубзхэм «сад» жаIэ, нэхъ щабэу «с» макъыр къапсэлъ. Владимир Владимир и къуэ! Дэ цIыху куэд дыдэ диIэщ Ищхъэрэ щIыналъэхэм щыпсэу лъэпкъ цIыкIухэм я бзэхэр, я тхыдэр яджу, ахэр ирагъэджу, ауэ ди дежкIэ апхуэдэ жыджэракIуэ лэжьыгъэхэр щымащIэщ. Къэралым зыгуэру зыщIимыгъэкъуэфыну пIэрэ ди щэнхабзэр хъума хъун Iуэхум? 

Путин Владимир: Сыт щхьэкIэ, дэ программэ псо диIэщ, ар гъэзэщIа зэрыхъун планхэр щIыгъужу.

Кутегинэ Светланэ: Щэнхабзэм зэрызиужьын программэ диIэщ, ауэ лъэпкъ цIыкIухэм папщIэ…

Путин Владимир: ЩIыналъэм къыщалъхуа лъэпкъ цIыкIухэращ зи гугъу сщIыр. Сыщымыуэмэ, мы гъэм щегъэжьауэ, абы хуэфэщэн реестри къызэдгъэпэщынущ. Мылъкуу щымыт щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр абы иттхэнущ.

Кутегинэ Светланэ: Аращ псом нэхърэ нэхъапэр. Дэ дымащIэщ...

Путин Владимир: КъызгуроIуэ. А Iуэхум гулъытэ нэхъыбэ щIыхуэтщIын хуейри аращ. Узахуэщ, шэч закъуи хэмылъу. Мыбдежым пщIэ нэхъ зиIэ библиотекэхэр Iуэхум ешэлIэн хуейщ, щэнхабзэмкIэ министерствэхэри, театрхэр къагъэсэбэпу, щIыналъэм къыщалъхуа лъэпкъхэм я щэнхабзэмрэ бзэмрэ хъума зэрыхъуным елIэлIапхъэщ.

Кутегинэ Светланэ: Уэри къыбгуроIуэ, бзэр кIуэдыжмэ, лъэпкъри кIуэдыжауэ аращ. Илъэс 20 ипэкIэ сэ сцIыхуу щытащ «керек» бзэмкIэ псалъэ нэхъыжьхэу Хаткан Катя, Етынкэу Коля сымэ. Иджыпсту а бзэр кIуэдыжыпащ. 

Путин Владмир: Сэ зи гугъу сщIы лэжьыгъэр йокIуэкI. Ауэ гукъеуэ уиIэу ущытепсэлъыхькIэ, ар зэрыщытыпхъэу зэтеува къыщIэкIынкъым. КхъыIэ, тIыси, уэ Iуэхур зэрекIуэкIын хуейуэ къызэрыплъытэм хуэдэу тхы, сыт тщIэмэ нэхъыфI, а узытепсэлъыхьыр гъэзэщIа хъун папщIэ. Тхыи къысIэрыгъэхьэ. Мыбы мылъкушхуэ текIуэдэнукъым, кIэпIейкIэ бжыгъэщ абы ихьынур, армырми догъэзащIэ дэ ар. Лэжьыгъэр зэрыщытыпхъэм хуэдэу зэтеухуэн хуейуэ аркъудейщ. 

Кутегинэ Светланэ: ЩIапхъэр ди щхьэм илъщ (IэпхъуамбэкIэ егъэлъагъуэ). 

Путин Владимир: Мис а щхьэм илъыр иджы тхылъымпIэм итхэн хуейщ.

Кутегинэ Светланэ: Пэжщ, дэтхэнэ Iуэхуми я цIэр къиIуэн хуейщ.

Путин Владимир: СынолъэIу, кхъыIэ, тхылъымпIэм итхи, сэ къызэт. Сэ псоми унафэ пыухыкIа яхуэсщIынщ, финанс IуэхухэмкIэ министерствэм деж щегъэжьауэ, сыту жыпIэмэ, псори ахъшэращ зэкIуэлIэжыр. Ауэ ар ахъшэшхуэкъым, псори тхузэфIэкIынущ, армырами доутIыпщ дэ а лъэныкъуэм текIуэдэну мылъкур. ЛэжьэкIэм зыгуэрхэр щызэхъуэкIын хуейуэ аркъудейщ. ЖысIам къытызогъазэ аргуэру. Иджыпсту мылъкуу щымыт щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр зратхэн реестр ягъэхьэзырынущ, программэ диIэщ, сыт пщIондэми сщIэркъым зэрылажьэр, ауэ абы и пIалъэми пытщэнущ. Ауэ псори лажьэу щытын хуейщ, тхылъымпIэм къимынэу. Абы и фIыгъэкIэ Ищхъэрэ лъэпкъхэри абыхэм я бзэхэри хъума хъунущ.

Кутегинэ Светланэ: ФIыщIэшхуэ пхузощI.

Путин Владимир: Сэри фIыщIэ пхузощI ар къызэрыпфIэIуэхум папщIэ. Упсэу. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Урысейм нэхъ хъугъуэфIыгъуэшхуэу иIэр и щэнхабзэ бейрщ. Щэнхабзэ бейм сыт и мыхьэнэр,  бзэр имыгъусэмэ? Ар итIанэ щэнхабзэм и къутахуэ гуэруращ, зыгуэр хуэчэму. Сэ жыпIа псомкIи  сыарэзыщ.

Кутегинэ Светланэ: Ди щIыналъэм къыщыдэкI газетыр бзищкIэ ягъэхьэзыру щытащ, бзищкIэ гуэдзэн иIэт: эвенк, эскимос, чукотскэ бзэхэмкIэ. Иджыпсту чукотскэ бзэ закъуэращ къызэрыдэкIыр, ди жагъуэ зэрыхъущи.

Путин Владимир: Дэнэ-тIэ эвенкыбзэр здэкIуар, унафэщIхэм еупщIын хуейщ! Абы кIэпIейкIэ бжыгъэщ текIуадэр.

Кутегинэ Светланэ: Эвенк, эскимос, юкагир, коряк бзэхэр – а псори мыбдеж щыпсэу лъэпкъхэм я бзэщ.

Путин Владимир: Къысхуэтх, хъункъэ, лэжьыгъэм узэреплъыр?

Кутегинэ Светланэ: Хъунщ, Iэмал имыIэу! 

          Кутегинэ Светланэ зытепсэлъыхьа Iуэхухэм я щапхъэу дэ къытхуэхьынухэм язщ мыр: «Молодежка» газетым адыгэбзэрэ балъкъэрыбзэкIэ напэкIуэцI зырыз щхьэхуэу иIащ. Иджыпсту бзитIми къалъысыр напэкIуэцI ныкъуэ-ныкъуэщ. Апхуэдэурэ занщIэу нэм къыщIэмыуэ лъэбакъуэ цIыкIухэмкIэщ бзэри ар зыпыщIа щэнхабзэри зэрыкIуэдыжыр. Ауэ къэралым и лIыщхьэм апхуэдэ унафэ зэримыщIыр мыбдежым наIуэ къыщыхъуащ. НтIэ, дэ димыкIуэтыщауэ пIэрэ, ди бзэм теухуауэ пасэIуэу ди гур дгъэкIуэду, абы фIыкIэ дыщымыгугъыжу?!

                                      ЧЭРИМ Марианнэ.

 

 

Поделиться: