Лъэпкъ пэхуэщIэхэм я фIыгъэкIэ

2023 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм лъэпкъ пэхуэщIэхэр щIыналъэм щыгъэзэщIэным ехьэлIа Iуэхухэм сом мелуан 760-рэ тригъэкIуэдащ. Апхуэдэ хъыбар иджыблагъэ зэбгригъэхащ министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм.
«БлэкIа илъэсым лъэпкъ пэхуэщIэхэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэр гъэзэщIэным сом мелуан 760-рэ хилъхьащ министерствэм. Абы щыщу сом мелуан 665-рэ хуаутIыпщащ «Дунейпсо кооперацэмрэ экспортымрэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ лажьэ «Мэкъумэш продукцэхэр хамэ щIыпIэхэм яхуегъэшэн» щIыналъэ пэхуэщIэм хуэунэтIа Iуэхугъуэхэм.
Республикэм хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ нэхъ псынщIэу зыщегъэужьын папщIэ лэжьа щIыналъэ пэхуэщIэм сом мелард 95-рэ хухахащ. Ар хохьэ «Хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ, щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэ жэрдэмыр дэIыгъыныр» лъэпкъ пэхуэщIэм», - дыкъыщоджэ министерствэм зэбгригъэха тхыгъэм.
Абыхэм я фIыгъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм субсидие, грант ахъшэу къэрал дэIэпыкъуныгъэфIхэр къратащ.
«Лъэпкъ пэхуэщIэхэр щIэгъэкъуэнышхуэ хуохъу щIыналъэм и мэкъумэш IэнатIэм зиужьыным, ерыскъыкIэ цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным», - жиIащ КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Сыжажэ Хьэсэн.
 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: