Шыпсыранэ сыр

Шыпсыранэм и лъахъц кIыхьхэр щIым тыншу хокIэ. ИкIи абы псэупIэ ищIа щIыпIэм а къэкIыгъэр щыбгъэкIуэдыжыныр тыншкъым. Шыпсыранэр лIэужьыгъуэ 60-к1э зэщхьэщагъэкI. Хэт нэхъ лъагэщ, хэт лъахъшэщ, хэти нэхъ сырщ, языныкъуэхэри укъимысыххэу дэгущ. Къапщтэмэ, шыпсыранэр гъэщIэгъуэнагъ куэд зыхэлъ къэкIыгъэщ.
- Шыпсыранэм укъес абы хъумпIэцIэдж кислота зэрыхэлъым щхьэкIэ. 
- Шыпсыранэр языныкъуэ хьэндыхрабгъуэхэм нэхъ яфIэфI дыдэ шхыныгъуэщ.
- Пасэм шыпсыранэ щэкIым чэтэнхэр (парус), кIапсэ быдэхэр къыхащIыкIыу щытащ. 
 - Японием шыпсыранэ бганэмрэ (жгут) данэ щэкIымрэ самурайхэм я фэилъхьэгъуэхэр къыщыхащIыкIырт. Шыпсыранэм и лъэдий гъуахэр мэIу щащIкIэ къагъэсэбэпырт, шыпсыранэ тхъахуэ (волокно) быдэм сагъыз щахуэрти, шабзэпсхэр къыхащIыкIырт.
- Шыпсыранэм и хущхъуэгъуэр нэхъыбэу зыхэлъыр и тхьэмпэхэрщ. Ахэр къулейщ С, В, К витаминхэмкIэ, белоккIэ. 
- Шыпсыранэм и тхьэмпэ цIынэхэр хьэнтхъупсым, салатхэм халъхьэ. Ахэр халъхьэ «Гауда» кхъуейр щащIкIэ. 
- Шыпсыранэ тхьэмпэр къэбгъэсэбэп мэхъу, щIэх зэIыхьэнкIэ хъуну ерыскъыпхъэхэр ирипхъумэу. Псалъэм папщIэ, былымылыр е бдзэжьейр шыпсыранэ тхьэмпэм кIуэцIышыхьауэ бгъэтIылъмэ, зэIымыхьэу нэхъыбэрэ щылъщ.
- Шыпсыранэ халъхьэ хабзэщ щхьэц зэрахущI сабынхэм. Абы щхьэцыр быдэ ещI. Уи щхьэцыр пхущIа нэужь, шыпсыранэпс щIэбгъэжыжынри сэбэпщ, зи щхьэц къикIхэм я дежкIэ.
- Шыпсыранэ куэд яшх хъунукъым зи гур узхэм. 
- Британием шыпсыранэм къыщыхащIыкI пиви шагъыри. 
- Шыпсыранэм уи щIыфэр ебгъэсыну узыншагъэу къалъытэ. Ар зыжьэхэуам деж лъыр нэхъ тыншу щызокIуэ. 
- Ауэ шыпсыранэхэм яхэтщ ужьэхэуэрэ укъисмэ, узэрылIыкIынкIэ хъуну лIэужьыгъуэ шынагъуи.
- Тулэм щыIэ Крапивнэ къуажэм 2002 гъэм щегъэжьауэ «Шыпсыранэм и фестиваль» щокIуэкI илъэс къэс. А къуажэм герб зэрахьэ, шыпсыранэм и сурэт къыщыгъэлъэгъуауэ.
- Инджылызым, Маршвуд жылэ цIыкIум, илъэс 20 хъуауэ гъэ къэс щрагъэкIуэкI шыпсыранэ шхынымкIэ чемпионат.

 

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться: