БгъэхэIухэр

Пасэрей бгъэхэIухэр къыхащIыкIыу щытащ мывэм, къупщхьэм, пхъэм, къауцым. Ди зэманым щыIэщ бгъэхэIу зэмылIэужьыгъуэ куэд. АбыхэмкIэ щыгъынхэр, бзылъхугъэ къэлътмакъхэр, пыIэхэр ирагъэдахэн яфIэфIщ. БгъэхэIум къигъэлъэгъуэнкIэ хъунщ цIыхур зыхэт зэгухьэныгъэр е гупжьейр, уеблэмэ зыщыщ лъэпкъыр. БгъэхэIухэр къосэбэп щхьэж зыдихьэх Iуэхугъуэр къыхигъэщхьэхукIынымкIи.
Иджырей бгъэхэIур къытехъукIауэ къэплъытэ хъунущ аслъэн е нэгъуэщI псэущхьэхэр тещIыхьауэ Европэм щащIу щыта гъущI медаль хъурейхэм. Европэм бгъэхэIухэмрэ гербхэмрэ щызэщылъэIэса нэужь, къулейхэм зыкъыхагъэщыну яфIэфIт бгъэхэIу гъэщIэгъуэнхэмкIэ. Ахэр зэмыфэгъуу къежьати, псэущхьэ, Iэщэ сурэтхэр къызытещ бгъэхэIухэмкIэ ерыщхэт. Монарххэм езыхэм я дамыгъэ яIэжт, жорзехьэхэм яйр щхьэхуэт. БгъэхэIухэмкIэ къэпхутэ хъурт щхьэж зыщыщ гупыр. Нэхъ иужьыIуэкIэ, бгъэхэIукIэ ебгъэубыд щIыхь лентIхэр къэунэхуащ. Американ Хант У. инджылыз мастэкъуаншэр къигупсыса нэужь, абы къытращIыкIыжащ ди зэмаными щыIэ бгъэхэIухэр. Апхуэдэ бгъэхэIухэр зэрахьэрт дзэм хэтхэми, IуэхущIапIэхэм щылажьэхэми, уеблэмэ щIалэгъуалэми яфIэфIт.
Урысей пащтыхьыгъуэм и зэманым зауэлIхэм я щIыхьыр яIэтырт медалхэмкIэ. Октябрь зэщIэхъееныгъэм и ужькIэ, бгъэхэIухэр совет цIыхухэм къызэдащтауэ щытащ. ЦIыхубэр дамыгъэ гуэркIэ зэхуэгъэдэн хуейти, бгъэхэIухэр багъуэрт. БгъэхэIур коммунизмым и дамыгъи хъуати, куэду къыщIагъэкIырт. Ахэр хуагъэхьэзырырт Iуэхугъуэ щхьэхуэхэми, яхэлът заводхэм щылажьэхэм. БгъэхэIухэр къыхузэрагъэпэщырт партым, пионерым хыхьэхэм, дзэ къулыкъум фIыкIэ зыкъыщызыгъэлъагъуэхэм, спортым щыпэрытхэм. Ауэрэ къэунэхуащ бгъэхэIу зэмылIэужьыгъэухэр зэхуэзыхьэсхэри - хьэпшыпыр пудт, зыIэрыгъэхьэгъуафIэт. ЦIыхухэм я щыгъынхэр ирагъэдахэм нэмыщI, унэ блынхэм фIэлъ алэрыбгъухэми кIэралъхьэрт гъущI бгъэхэIухэр. 90 гъэхэм, Совет Союзыр къутэжын гъунэгъу щыхъуам, гъущI бгъэхэIухэр яхъуэжащ пластиккIэ. БгъэхэIу къыщIэгъэкIыныр нэхъ пуд хъуат, ауэ итIани и мыхьэнэр зэрыинт.
Ди зэманым куэду зэрахьэ хэкупсагъэ къызыхэщ бгъэхэIухэр – ныпхэм, гербхэм, къэралхэм, къалэхэм я сурэтхэр зытетхэр. Къежьащ фильмхэмрэ мультфильмхэмрэ къыхэщыж лIыхъужьхэм я сурэтхэр зытетхэри. Иджырей бгъэхэIухэр къызыхэщIыкIа е я лIэужьыгъуэ елъытауэ куэд мэхъу.
 

 

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться: