НОБЭЩIышылэм и 15, блыщхьэ ♦Урысей Федерацэм СледствиемкIэ и комитетыр къыщызэрагъэпэща махуэщ ♦Википедием – ИнтернеткIэ къагъэсэбэп щIэнгъуазэм – лэжьэн щыщIидза махуэщ (2001 гъэм) ♦1890 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ, композитор, IуэрыIуатэдж Къубэ Шэбан. ♦1906 гъэм къалъхуащ 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм и комиссару щыта, Лениным и цIэр зезыхьэ, Вагъуэ Плъыжь орденхэр зыхуагъэфэща Хьэтыкъуей Iэбубэчыр. ♦1912 гъэм къалъхуащ къэрал политикэ лэжьакIуэ, КъБАССР-м и Министрхэм я Советым и УнафэщIу 1957 - 1969 гъэхэм щыта Ахъуэхъу Аслъэнбий. ♦1932 гъэм къалъхуащ пшынауэ Iэзэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и артисткэ БырмамытI Гуащэкъарэ. ♦1936 гъэм къалъхуащ КъШР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, тхакIуэ, IуэрыIуатэдж, жылагъуэ лэжьакIуэ Шэрджэс Алий. ♦1962 гъэм къалъхуащ дин лэжьакIуэ, Кавказ Ищхъэрэм ис муслъымэнхэм и зэзыгъэIу центрым и унафэщIхэм ящыщ, дунейпсо ислъам зэщIэхъееныгъэм и президент ПщыхьэщIэ Шафихь. ♦1965 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым и корректор, «Голос Чегема» газетым жэуап зыхь и секретарь Щоджэн Иннэ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градус 1 - 4, жэщым щIыIэр градуси 4 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: ШыгъупIастэм хьэтыр иIэщ.
Поделиться:
Читать также:
27.04.2024 - 09:56 →
НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 →
НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 →
ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 →
НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 →
НОБЭ
|