Тхылъ емыджэр щоуэ

ЗэрыбкIэ къэщыпа хьэрфым пщIэ хуэзыщI дэтхэнэ цIыхуми шэч къытрихьэн хуейкъым тхылъым и мыхьэнэр зэрыабрагъуэм. Дигу ирихьу е иримыхьу ди хъуреягъым щытлъагъу псори зэгуэр тхылъымпIэ напэм ихуащ, абы зыгуэр къеджащ, ар адрейм жриIэжащ. Тхылъым и закъуэкъым зыужьыныгъэм лъабжьэ хуэхъур, ауэ тхылъыншэу гъуэгу пэж къыхэзыха куэд щыIагъэнкъым.
«Нобэ зыри тхылъ еджэжыркъым. Сэ сыщыщIалэм щыгъуэ…» - хэт апхуэдэу къригъажьэ нэхъыжь уэршэрхэм щIэмыдэIуар. ИтIани, щIэныгъэ зэбгъэгъуэтынымкIэ дэIэпыкъуэгъу пхуэхъу IэмэпсымэщIэхэм иджы нэхъыфIу заужьа щхьэкIэ, дызэрыт зэманри губзыгъэ зэрызащI IэмалхэмкIэ нэхъ тхьэмыщкIэу пхужыIэнукъым. Гъунэгъу хъуа илъэсыщIэ зыгъэпсэхугъуэм я унэ щIэсыжыну сабийхэми ахэр зи гъусэну балигъхэми Iэмал я куэдынущ я къэухьым зрагъэужьыну. Аращ тхылъым удрагъэхьэхыныр къалэн зыщызыщIыжа «буктьюберхэм» я гугъу фхуэтщIыну щIыдимурадыр.
Сыт хуэдэ Iуэху-тIэ мы IэщIагъэщIэм дихьэхахэм зэрахуэр? «Бук» - инджылызыбзэкIэ «тхылъ» псалъэр зи лъабжьэ фIэщыгъэм жэуапым нэхъ пэгъунэгъу дещI. Библиотекэ лэжьакIуэ хъуми, тхылъ ищэми, езым и гукъыдэжкIэ къеджа къудейми, фIыуэ илъагъу е къищэхуагъащIэ тхылъхэм тепсэлъыхь цIыхухэр «буктьюберкIэ» зоджэж. Ахэр дэ иджыри ди IэкIэ дызылъэмыIэса тхылъхэм ди япэ къеджауэ, зытеухуам къытхутопсэлъыхь. Абыхэм я нэгум къахущIэгъэхьэркъым тхылъ емыджэ цIыхур мы дунейм насыпыфIэу щыпсэуфыну, абы цIыхуфI къыхэкIыну, адрейхэм фIыуэ яхущытыфыну, езыми и гъащIэ гъуэгур пэжу къыхихыжыфыну. Иджыри къэс тхылъым еджэныр цIыхум зэрымыщIэкIэ къыщыщI гуэру щытамэ, буктьюберхэр ди зэманыр нэхъ щхьэпэу къэдгъэсэбэпынымкIэ чэнджэщэгъу мэхъу. Фэри фегупсысыт. Политикэмрэ щэнхабзэмрэ утыкур нэхъ яIыгъыу щытми, махуэкъэс гъащIэр нэхъ купщIафIэ зыщIыр гъащIэм ухуэзыущийхэрщ. Абы къыхэкIыу, мы IэщIагъэщIэм дихьэххэм яхуэфащэкъэ зэдгъэцIыхуну?
«Сыхуеймэ, седжэнщ, сэ езым тхылъ къысхухэмыхыжу ара?» - жыфIэнкIи хъунщ, абыкIэ къодэуэнур мащIэщ. Ауэ, псалъэм папщIэ, тхылъыщIэ къыдэкIащ, уэ ар иджыри зэхэпхакъым. Ар узэджэ хъун гуэррэ зэман тебгъэкIуэдэну хуэмыфащэрэ къыбжезыIэнур абы къеджа цIыхурщ. Зы лъэныкъуэкIэ, тхылъым итыр къыбжимыIэжу. Ауэ абы укъеджэн хуэдэу удригъэхьэхыфу щытын хуейщ «тхылъ IэщIагъэлIыр».
УсакIуэхэмрэ тхакIуэхэмрэ пщIэ нэхъыбэ щаIа совет зэманым литературэм тепсэлъыхьыныр зи IэщIагъэ критикхэри нэхъ цIэрыIуэт, езы тхакIуэхэри усакIуэхэри цIыхухэм нэхъ япэгъунэгъут. Иджыпстуи ди гугъэр дымыгъэкIуэд пэтми, щIэныгъэр щызэIэпах телефоным щытепщэр хамэбзэращи, анэдэлъхубзэмрэ абыкIэ тха тхылъхэм еджэхэмрэ тыншу зэхуэзэркъым. АпщIондэху адыгэ литературэм и хъугъуэфIыгъуэхэри хокIуэдэж.
Ди щIыналъэр къатщтэмэ, щхьэпагъ къызэрымыкIуэ зыхэлъ лэжьыгъэшхуэ зэфIагъэкI тхылъ зэджахэм тепсэлъыхьыжын къудей щхьэкIэ зэIущIэхэм. Ауэ адыгэбзэмкIэ езыгъаджэхэм уакъыфIэкIмэ, тхылъым тепсэлъыхьыныр утыку къэзыщIыф «адыгэ буктьюберхэр» димыIэ пэлъытэщ.
Налшык къалэм и закъуэ къатщтэмэ, щIэх-щIэхыурэ зи гугъу тщIы «Среда/Бук» тхылъ тыкуэнри, ЩэнхабзэмкIэ центрым Битокъу Маринэ щригъэкIуэкI тхылъеджэ курсхэри, «IКБР» телеканалым щылажьэ журналист Дол Марьянэ «Тхылъхэр нэхъыбэу» зыфIища и проектри зытелажьэр цIыхухэр еджэным драгъэхьэхынырщ. Щытхъушхуэ зыхуэфащэ а жэрдэмщIакIуэхэр къалэдэсщи, зызыхуагъазэри урысыбзэкIэ къедаIуэхэрщ. Сыт ягъэ кIырэт, псалъэм папщIэ, апхуэдэ тхылъеджэ гупхэр къуажэхэм е адрей къалэхэм щыдиIамэ?
Сыдэплъеинщ жыпIэмэ, щапхъэ зытепхын куэд щыIэщ. Миклашевская Ольгэ «Блыщхьэ Оля» зыфIища и тхылъ каналым мыпхуэдэ чэнджэщкIэ къыщыддогуашэ: «Тхылъым теухуа видео тефхыну зывгъэхьэзырмэ, къывэдаIуэхэм зыкъевгъэцIыху. Иджыпсту цIыху куэд утыку къохьэ тхылъым тепсэлъыхьу, ауэ хъыбарыщIэ къат къудей хуэдэущ зэрыпсалъэр, зэджэр езыхэм къазэрыщыхъуар, зэрызыхащIар жамыIэу. Абыи мыхьэнэшхуэ иIэщ, ауэ гулъытэр зыхьэхур видеом къигъэлъагъуэ цIыхурщ. Ар уигу ирихьын хуейщ. Абы и хьэлым, и псэлъэкIэм, абы сещхьарэт жозыгъэIэу дэплъагъухэм мыхьэнэ иумытмэ, къыпхуигъэпIий тхылъми удихьэхынукъым».
«Си тхылъ каналыр си псэм и хэщIапIэщ, - ядогуашэ къедаIуэхэм Хакимовэ Тамарэ. – Сэ тхылъым сытепсэлъыхьарэт жысIэн папщIэ, ар сигу ирихьын хуейщ, сэ стеухуауэ сымыщIэ гуэр къызжиIэу. Тхылъым сэ «срихьэжьэмэ», абы сытепсэлъыхьурэ адрейхэри езгъэтхьэкъуфынущ».
«Адыгэ тхылъ блогерхэми» дащогугъ замыгъэгувэу ди утыкум къихьэну.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: