Хъыджэбзыр щIэныгъэ хуей?

Урысей школхэм 2023 гъэм и фокIадэм щегъэжьауэ, гъэунэхуныгъэ щIыкIэу щаджын щIадзащ «семьеведение» зыфIаща дерсыщIэр. ДызыхуэкIуэ илъэсым ар школ программэхэм хагъэхьэнущ.

НобэкIэ семьеведениер щIыналъэ 36-м щрагъэдж. ЗэкIэ ар зы Iыхьэу хоувэ «Мыхьэнэ зиIэ псалъэмакъ» дерсхэм. Хуэм-хуэмурэ ахэр щхьэхуэ хъунурэ нэхъ купщIафIи ящIынущ. Сабийхэр хуаущиинущ унагъуэм щызекIуапхъэ хабзэхэм, зэIыхьлыхэр зэрызэхущытын хуейм, сабиймрэ балигъымрэ я зэхаку дэлъыпхъэ гулъытэм. НыбжьыщIэхэр щыгъуазэ ящIынущ къэрал хабзэмкIэ унагъуэм къащытехуэну жэуаплыныгъэми, нэчыхь зэратх щIыкIэми, ныбжьым елъытауэ узыншагъэм зэрызихъуэжми, псэуху къыхуэщхьэпэну нэгъуэщI куэдми.

Мы Iуэхум и мыхьэнэр цIыкIуу пхужыIэнукъым, дызэрыт зэманым унагъуэхэр лъэлъэжрейуэ, сабий куэд зеиншэу, зыдэплъеини зыщыгугъыни ямыIэу къызэрынэм тепщIыхьмэ. Иужьрей зэманым къэралым цIыхуу къыхэхъуэм и бжыгъэри кIэрыхуауэ къалъытэ.

Къэрал Думэм Унагъуэм, адэ-анэм, сабиигъуэм я хуитыныгъэр хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщI Останинэ Нинэ жеIэ:

- ЩIыналъэ 40-м школ программэм хэту щрагъэдж нобэкIэ семьеведениер. Экспериментым Самарэ къалэм щыщIэддзащ. УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм и гъусэу, дерсыр зэраджыну тхылъ догъэхьэзыр.

ДерсыщIэу жаIэ щхьэкIэ, «Унагъуэ гъащIэм щызекIуэ хабзэмрэ гъэсэныгъэмрэ» цIэр зезыхьэу щытам зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр халъхьауэ аращ мыбдежым, - топсэлъыхь жэрдэмыщIэм ЕгъэджэныгъэмкIэ министерствэм и нэIэ щIэт, Сабиигъуэр, унагъуэр, гъэсэныгъэр джынымкIэ институтым и унафэщI Агре Наталье. - Ауэ япэрей дерсхэр нэхъ Iэпэдэгъэлэлу ирагъэкIуэкIыу щытамэ, мыбы унагъуэ зэрыбухуэну, зэрыпхъумэну Iуэхугъуэхэм нэхъ наIуэу щытепсэлъыхьынущ.

Хэт езыгъэджынур мы дерсыр? Иныкъуэхэм я еплъыкIэмкIэ, ар егъэджакIуэхэм я пщэ дэплъхьэ хъунущ. Адрейхэм дин лэжьакIуэхэр школым егъэблэгъэн хуейуэ къалъытэ.

Псалъэмакъышхуэ иращIэкIащ иджыблагъэ ФедерацэмкIэ Советым и сенатор Павловэ Маргаритэ утыку кърихьа гупсысэми. Къэралыр цIыху зэрыщыщIэм, унагъуэхэр зэрылъэлъэжым и щхьэусыгъуэу сенаторым къелъытэ бзылъхугъэхэр цIыхубз къалэным зэрыщыужам. «Хъыджэбзхэр щIэныгъэ нэхъыщхьэ зрагъэгъуэтыным тегъэгушхуэн хуейкъым, - жеIэ Павловэм. - Унагъуэр, быныр, щхьэгъусэр къафIэмыIуэхужу, ахъшэ къахуэлэжьмэ, IэщIагъэ зрагъэгъуэтмэ, адрей псоми мыхьэнэ ямыIэж хуэдэу ягъэув иджы щыIэхэм. ЦIыхубз куэдым цIыхухъу хьэл къащтащ, къызыхуигъэщIам хуэмыфэщэжу. Хъыджэбзыр еджэным, IэнатIэфI зыIэригъыхьэным, унэ къищэхуным ерыщу трагъэгушхуэ, унагъуэмрэ бынымрэ зыщIыпIи кIуэжынкъым жаIэри. Аращи, илъэс 40 зи ныбжь цIыхубз насыпыншэхэр ди куэдщ, ани щхьэгъуси мыхъуауэ, унагъуэ насыпыр ямыгъэунэхуауэ. Мыхьэнэ зимыIэ щIэныгъэрэ дипломкIэ зэгъэпэща щIалэгъуалэр щIэдгъэбэгъуэн щыIэкъым. Ахэр я IэщIагъэкIи лажьэркъым, мыр хъуну пIэрэ, мобы нэхъ сыхэзэгъэну пIэрэ жаIэурэ, я ныбжьыр хокIуатэри, бын зрамыгъэгъуэтыжыфу къонэ».

Депутатым и псалъэм хэлъыр нэхъыбэм къагуроIуэ, ауэ языныкъуэ хабзэщIэкъухэм ещхьу, «цIыхубзыр щIэныгъэ нэхъыщхьэ хуейкъым» жыпIэнри къезэгъыщэ къыщIэкIынкъым. ЩIэныгъэм хуэщIа-хуэмыщIам укъыфIэкIмэ, цIыхубзым IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ имыIэу зэрымыхъунур и фIэщ зыщIар цIыхухъум фIыкIэ зэрыщымыгугъыжырщ. Бын куэд яIэным щIыщIэмыхъуэпсри а щхьэусыгъуэ дыдэрщ. Абы къыхэкIыу, къэралым и цIыху бжыгъэр игъэбэгъуэну хуеймэ, зэгупсысын хуейр цIыхум и псэукIэрщ. Унагъуэ умыухуэ, бын умыпI, уи щхьэгъусэм уемыдаIуэ къыбжиIэркъым, дауи, щIэныгъэ нэхъыщхьэм.

«Пщащэм езым и Iуэхужщ унэгуащэ хъунрэ щIэныгъэм зритынрэ, - жеIэ ищхьэкIэ зи цIэ къитIуа Останинэм. - Ауэ нобэ цIыхубзхэр экономикэм къыхэтчмэ, лэжьакIуэ къытхуэнэжынукъым, езы экономикэри дэхуэхынущ. Абы къыхэкIыу, улажьэурэ унагъуэ зепхьэну Iэмал къозыт зэхъуэкIыныгъэхэр жылагъуэ гъащIэм хэтлъхьэныр нэхъ губзыгъагъэщ, хъыджэбзхэм «фемыджэ, фэ щIэныгъэ фыхуейкъым» яжетIэн нэхърэ.

Адыгэ унагъуэр къатщтэмэ, цIыхубзыр «дэни нэсу» щытынырщ зытрагъэгушхуэр. Мылъкуи къыхуэлэжьу, щIэныгъэми хэзагъэу, бын гъэсэнри Iэпэдэгъэлэл имыщIу. Ауэ щIэныгъэм хэзэгъэнури хэмызэгъэнури университетым щIэукIэн зэрыхуэмейр пэжщ. IэщIагъэм димыхьэхмэ, къулыкъущIэ хъунщ жыпIэми, зи Iуэху зэрихуэм хэзымыщIыкIым сыт хуэдэ къулыкъущIэ къыхэкIынур? АпщIондэху акъыл жанхэмрэ гурыхуэхэмрэ щIыналъэм йокIри, я насып нэгъуэщIыпIэ къыщалъыхъуэ.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: