Урысей МВД-м Налшык къалэм щиIэ управленэмрэ КъБР-м щыIэ МВД-м экстремизмэм пэщIэтынымкIэ и центрымрэ ирагъэкIуэкIащ «Лъагъумыхъуныгъэмрэ зэбиинымрэ ди зэхэтыкIэм къезэгъыркъым» Iуэху щхьэпэ.
Абы хэтащ Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым и колледжым и студентхэр, Налшык къалэм и лицей №№1, 2, 14-хэм, курыт еджапIэ №20-м я 7-11-нэ классхэм щIэсхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ.
ЗэIущIэм и къызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIащи, ар хуэгъэпсащ лъэпкъ, дин зэпэщIэувэныгъэхэр къэмыгъэхъуным.
Псалъэмакъ щхьэпэм къыхыхьащ Урысей МВД-м Налшык къалэм щиIэ управленэм дэлажьэ Жылагъуэ советым и лIыкIуэ Фырэ Анфисэрэ КъБР-м и муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Сыжажэ Алимрэ.
Хабзэхъумэхэм школакIуэхэм гурагъэIуащ экстремизмэр зищIысыр, яхутепсэлъыхьащ ар къызэрыунэху щIыкIэхэм, къыхураджащ хуит ямыщI интернет-сайтхэм имыхьэну, апхуэдэуи хамэ лъэпкъ щыщхэр ялъагъу мыхъуным къыхуезыджэ тхыгъэхэр езыхэм я напэкIуэцIхэм ирамылъхьэну. Полицейхэм ахэр щыгъуазэ ящIащ экстремист Iуэхум зыпызыщIэм хабзэм ипкъ иткIэ уголовнэ жэуап къызэрыпэплъэм.
Управленэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и инспекторхэм жаIащ наркотикхэкIхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ узыншагъэмкIи икъукIэ зэрызэраныр, ягу къагъэкIыжащ апхуэдэхэр зэхьэлIэным шынагъуэшхуэ къызэрыпэкIуэр.
КъаIэта Iуэхум зэреплъыр къыжаIащ школакIуэхэм, яфIэгъэщIэгъуэну ята упщIэхэми IэщIагъэлIхэм жэуап зэпкърыха къратыжащ.
Дин IуэхущIапIэм и лэжьакIуэм еджакIуэхэм ягу къигъэкIыжащ яхэлъыпхъэ хьэл-щэнымрэ дунейр фIыуэ лъагъун зэрыхуеймрэ, щIалэгъуалэм экстремизмэм зыпащIэныр къэбгъэхъу зэрымыхъунур, адрей лъэпкъхэм ящыщхэм пщIэ зэрахуэфащэр.
- ГъащIэм гуэгу тэмэм къыщыхэфх. Фи гъащIэм щIидза къудейщи, фи къэкIуэнур фэ езым фи Iэрылъыжщ, - жиIащ Фырэ Анфисэ.
Iуэхум и кIэухыу лицейхэм я еджакIуэхуэм хьэщIэхэм ирагъэлъэгъуащ зытепсэлъыхьа Iуэхум ехьэлIауэ ягъэхьэзыра, экстремизмэмрэ зэбиинымрэ хуаIэ щытыкIэр къызыхэщ сурэтхэр.