Сытхэр уи псэукIэ, Псынабэ?

 Куэд щIауэ, дызэрыщыгъуа­зэщи, Аруан щIыналъэм хиу­быдэ Псынабэ къуажэр лажьэ- шхэжу къэгъуэгурыкIуэ адыгэ жылэщ. Иджыблагъэ дыщыIащ абы икIи и нобэрей теплъэмрэ цIыхухэм я зэхэтыкIэмрэ гу­рыхь тщыхъуащ. Щыгъуазэ фы­хуэтщIынщ Псынабэм я къуа­жэ унафэщI Балъкъэр Хьэжмурат я IуэхущIафэм теу­хуауэ къыджиIахэм. Пэублэу абы кIэщIу щыгъуазэ дыхуи­щIащ къуажэдэсхэм я бжыгъэмрэ псэукIэмрэ.

- Къуажэм унагъуэ 400 дэсщ. ЦIыху бжыгъэкIэ 1742-рэ дохъу. Мы жылагъуэр Къуэжьыкъуейм къыдэкIри, мыбдеж къыщытIысауэ щытар 1928 гъэрщ. Абы лъан­дэрэ къуажэм зиужь зэпыту дыкъокIуэкI, нэхъыжьыфIхэр ди­Iэу, я щапхъэм дытету. 
- Хьэжмурат, лъэпкъкIэ къапщ­тэмэ, дауи, и нэхъыбэр адыгэу къыщIэкIынщ.
- Къуажэм, адыгэхэм къи­щынэмыщIауэ, тырку мымащIэу щыпсэууэ щытати, хуэм-хуэмурэ дэIэпхъукIахэщ, нобэкIэ унагъуитI дэсыжу аращ, адрейхэр псори ди лъэпкъэгъущ.
- ЦIыхухэр гукъеуэншэу псэун папщIэ зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ тэмэму къызэгъэпэщауэ щы­тын хуейщ. Унагъуэхэм, дызэ­рыщыгъуазэмкIэ, токымрэ га­зымрэ ягъуэт. Псынабэ фIэщыгъэр щызефхьэкIэ, псыми ху­щы­щIэ хъункъым. Фи Iуэху да­уэ щыт абы теухуауэ?
- Ди псэукIэр къызэгъэпэща зэрыхъум теухуауэ зэIущIэ ди райо­ным щыщекIуэкIхэм деж, псыр тыншу, зэпымыууэ зыIэ­рымыхьэхэр щытхьэусыхэкIэ, сэ зыри жызмыIэу сыщысщ, ап­хуэдэ гукъеуэ диIэкъыми. Гъэмахуэм деж цIыхухэр нэхъыбэу псым хуэныкъуэн хуей мэхъури, пIалъэ кIэщIкIэ щахуримыкъуи щыIэщ. Ауэ гукъеуэ къызыхэкI щыщIэныгъэ къэхъуркъым. Псын­щIэу псори дожэри, псыр яIэрыдогъэхьэж.
- ИтIанэ, къуажэдэсхэм я Iуэху тэмэму къызэгъэпэща хъун папщIэ ЩэнхабзэмкIэ унэ дэтын, амбулаторэ иIэн, нэгъуэщI Iуэху­щIапIэ зэмылIэужьыгъуэ­хэм хуейщ. Дауэ щыт фи Iуэху абы теухуауэ?
- Ди амбулаторэр жьы хъуащ. ЩIэуэ тхуаухуэну дыкъагъэгугъащи, дыпоплъэ. ЩэнхабзэмкIэ унэ диIэщ. Абы щIэблэм хуэунэтIа лэжьыгъэ мымащIэ щокIуэкI. Абы и лъэныкъуэкIэ Аруан куейм бжьыпэр щыдмыIыгъмэ, ещанэ увыпIэм дыщыту къыщIэкIынщ. 2016 гъэм зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэшхуэ щрагъэкIуэкIащи, езы унэр ныкъусаныгъэншэщ.
- Къуажэдэсхэм я ефIэкIуэныгъэр щIым зэрытелэжьыхь щIыкIэрщ нэхъыбэу зэлъытар. Дауэ къызэгъэпэща хъурэ ар?
- Аукцион зэпеуэныгъэкIэ щIыр щыдгуэшкIэ мыарэзыныгъэ мымащIи къешэ. Псом хуэмыдэу щIалэгъуалэм апхуэдэ къахокI. Сыту жыпIэмэ, лэжьэну хуейуэ, ауэ сом зыхуэныкъуэнур ябгъэдэмылъу, апхуэдэ лъэкIыныгъэ ямыIэу щыIэщ куэд. Лэжьэну гукъыдэж зимыIэ къуажэм дэскъым. Хьэулей, зи щхьэ зымыпIыжыф зыри диIэкъым, мащIэ-куэдми псори IэнатIэ гуэр пэрытщ.
- Губгъуэм щIы зыщылъымысахэр я унагъуэ хадэм илэжьыхь хъунщ, дауи, хуабэщым хадэ­хэкIхэр къыщагъэхъуу къы­щIэкIынщ. Сыт нэхъ зэлэжьхэр? 
- Къэхъун къуажэрат апхуэдэ лэжьыгъэмкIэ япэ итри, датемыжамэ, зыкIи дакъыкIэрыхуркъым. Хуабэщышхуэхэр яIэщи, я къарукIэ хъарзынэу зэрахьэж. Унагъуэхэм сыдыхьэмэ, солъагъу зы гъэм нэхърэ къыкIэлъыкIуэм хагъахъуэу лэжьыгъэфI зэрызэфIагъэкIыр.
- ИтIанэ, къуажэхэр си лэжьыгъэм теухуауэ кIэщI-кIэщIурэ къызэхэскIухьын хуей мэхъури, иджыпсту тIэкIу нэхъыфI           хъуащ, ауэ гу лъызотэ щIалэгъуа­лэр, лэжьыгъэ ямыгъуэту жа­Iэу, уэрамыщхьэм Iуэхуншэу зэрытесым, цIыхухэм пхъэнкIийр адэкIэ-мыдэкIэ зэрыщ­ра­кIутым. Фэ апхуэдэ гукъеуэ фи­мыIэу жыпIэ хъуну?
- Улъыхъуэмэ, апхуэдэ зыгуэрым ди дежи ущыIууэнкIэ хъунщ. ПхъэнкIий зыгуэрым губгъуэм, псыхъуэм щрикIутауэ цIыху­хэм гу лъатамэ дызэрощIэри, доу­щий, ар жылэм зэрамыдэнур, зэрымыхъумыщIагъэр къыгурыдогъаIуэ, догъэукIытэ. Ар зи Iэу­жьыр къытхуэмыщIэмэ, дэ езым Iудохыж. Ипэ зэманхэм елъытауэ, икъукIэ нэхъ къабзэлъабзэ  хъуащ цIыхухэр. Мэзхэми псы­хъуэ­хэми цIыхум зыщагъэпсэхуа­мэ, я фIейр къагъанэркъым. Иджы­ри абы хуэунэтIауэ едгъэкIуэкI лэжьыгъэхэр зэпыд­гъэу­ркъым. ПхъэнкIий идзапIэ­хэр уэрамхэм тетщ, абы къи­щы­нэ­мы­щIауэ, тхьэмахуэ къэс къа­кIуэу­рэ къэпхэм илъу маши­нэкIэ даш.
- Фи цIыхухэр нэхъыбэу зэ­лэжьыр хадэхэкIырщ. Iэщ гъэхъуным пэрытхэри фиIэ? Хъу­пIэкIэ дауэ фыхъурэ?
- ИпэIуэкIэ, ветеринарыр ди гъусэу, Iэщ щхьэ бжыгъэр къэдбжати, зэрыдгъэщIэгъуащи, щитIым нэс мы къуажэ цIыкIум дэсхэм яIэщ. Гектар 300-м нэс хъупIэу диIэщ. Ар мащIэкъым. Бжэнуи мэлуи ягъэхъур мащIэкъым. КIэщIу жыпIэмэ, ди хъупIэхэр нэщI хъуркъым.
- ИтIанэ, къэралым унафэ къыщащтауэ щытащ, балигъы­пIэм имыувауэ бынищ е нэхъы­бэ зиIэхэм щIы хупачын хуейуэ. Абы и лъэныкъуэкIэ фи Iуэху дауэ щыт?
- АбыкIэ ди Iуэху зытетым си щхьэкIэ срогуфIэ. Апхуэдэ унагъуэхэм еттын щIыи диIэщ. ЩIалэгъуалэм, апхуэдэу унагъуэ хъуа­хэу зыкъытхуэзыгъазэхэм я лъэ­Iур яхудогъэзащIэ. ИтIанэ, ипэм щыгъуэ школым и япэ классу зы фIэкIа димыIамэ, иджы тIукIэ нэхъыбэ хъуащ. Ар унагъуэщIэхэм ягъуэт хъуа дэIэпыкъуныгъэм и фIыщIэщ. Унэ здращIыхьын зылъысыпхъэхэм яIэрохьэ, ауэ тхуетыр сотыхипщIщи, ар ди гум къоуэ. Дэ ди цIыхухэм щIым и инагъыр къызэрапщыр хадэхэкI къыщагъэкIыну хуабапIэм и бжыгъэращи, тхуетыр тфIэмащIэщ. 
- Хьэжмурат, уи стIолыщхьэм фи къужэм теухуа тхылъ дахэ телъщ. Апхуэдэ лэжьыгъэ куэ­дым къахудэгъэкIыркъым. Фэ дауэ фхузэфIэкIа? Хэт зи фIы­щIэ хэлъыр?
- Мы тхылъыр ди къуажэм дэс Хьэкъун Тимур и фIыщIэкIэ дунейм къытехьащ. Абы и мыза­къуэу, къуажэ администрацэм и унэ мы дызыщIэсри абы и мылъкукIэ тхуигъэщIэрэщIащ. Апхуэдэ куэдкIэ ар сэбэп къытхуохъу. 
- Дауэ щымытами, гуныкъуэгъуэ гуэр зимыIэ щыIэкъым, сыт нобэкIэ нэхъ ухэзыгъап­лъэр?
- Япэрауэ, нэхъыфI дымыщIа, асфальт зытедмылъхьа гъуэгу куэд димыIэжми, зыхуей хуэдмыгъэзэфахэр иджыри щыIэщ. ИтIанэ, щIымахуэ лъэхъэнэ цIыхур нэхъ газ щыхуэныкъуэм ирихьэлIэу ар нэхъ мащIэ мэхъури, ар дигу къоуэ. Ауэ, ари тэмэм тхуащIыну дыкъэгъэгугъащи, фIым дыщогугъ. 
Псынабэ къуажэм и унафэщI Балъкъэр Хьэжмурат депсэлъа иужь жылэр и машинэмкIэ къы­зэ­хэджыхьащ икIи къыджиIахэм егъэлеиныгъэ зэрыхэмылъыр хьэкъыу тпхыкIащ.
 АдэкIи я Iуэху ефIэкIуэну, ди гуапэу дохъуэхъу Псынабэ дэсхэм! 

МЫЗ Ахьмэд.

Поделиться: