Сыт щIым зыщIихъуэжыр?Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэ псоми къыщызэрагъэпэщащ щIы щхьэфэмрэ абы къыщыкI щхъуантIагъэхэмрэ хъумэнымкIэ центр. Иужьрей зэманым Iэщ хъупIэхэм, псыхъуэ лъэгухэм къэкIыгъэ зытемытыж щIы IэгупIэшхуэхэм щIэх-щIэхыурэ уащрохьэлIэ. Къэралым и агроэкологиемкIэ щIэныгъэ центрым иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, абы и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ хьэпщхупщхэм, мацIэм, удз ежьужьхэм зэребэн хущхъуэгъуэхэр, щIыпIэ-щIыпIэкIэ къыщыхъу уэгъур. Ауэ псом ящхьэжыр, хабзэм тету гуэша мыхъу щIыр, Iэщ гъэхъуным елэжьхэм къаймэщIэкI зэрыхъуам къыхэкIыу, Iэщыр зы щIы кIапэм теубыдауэ щагъэхъун хуей зэрыхъурщ. УФ-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэми езым и Iуэху еплъыкIэ иIэжщ: щIым псэхугъуэ ирамыту Iэщым зэрихъуэкIуркъым «къум цIыкIухэм» къежьапIэ яхуэхъур - жыгхэмрэ щхъуантIагъэхэмрэ щысхьыншэу къраупщIыкI, мэзкусэхэр жьы мэхъу, «интенсивнэ» щIы елэжьыкIэ мардэм зеубгъу. Къэралым хъупIэу къигъэсэбэп щIым и процент 90-м шыгъур къобэкI е эрозием ешх. Сэкъат зыгъуэта щIыр къэгъэщIэрэщIэжыным елэжьыну центрыщIэхэм сыт и лъэныкъуэкIи дяпэкIэ къагъэсэбэпыну я мурадщ фитомелиорацэм ехьэлIа иджырей IэмалыщIэхэр: щIы тешхыхьахэм пшахъуэрэ ятIэфIрэ тракIутэнущ, псынщIэу щIым зыкъезыгъэужьыж удз лIэужьыгъуэхэр хасэнущ. Жанхъуэт Зузэ.
Поделиться:
Читать также:
28.04.2024 - 17:33 →
Псыхэр къабзэ хъун папщIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
28.04.2024 - 11:59 →
Пэрыт увыпIэр адэкIи иIыгъынущ
28.04.2024 - 10:57 →
ПсэупIэщIэхэр - гуфIэгъуэ щIыкIэм тету
27.04.2024 - 16:12 →
ЩIыуэпсым хэт пэлъэщыфар?!
|