Мэзхэм хуосакъ

Хуабэр градус 35 - 40-м щынэса шыщхьэуIум мыбэлэрыгъыу зи къалэныр къезыхьэлIа мэз IуэхущIапIэхэм дяпэкIэ бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм зыхуагъэхьэзыр.

Гъэр уэгъумэ, Iэужьынши хъуркъым. Ар къызыгурыIуэ мэзхъумэхэмрэ щIыуэпс щытыкIэм кIэлъыплъ къэпщытакIуэхэмрэ зы жэщ-махуэм къриубыдэу тIэуней-щэнейрэ щIыпIэхэр къызэхакIухь. Хуабэр икIыху абыхэм я нэIэм щIэтынущ республикэм и мэз хозяйствэхэр. Псом хуэмыдэу хуабэр щиIыгъащ тафэм тес Прохладнэ, Май, Тэрч щIыналъэхэм.

Иджы хуэдэ зэманым мафIэс къагъэхъункIэ шынагъуэщ мэзым щыхыфIадзэ зы тутын ныкъуэсми дыгъэ бзий гуащIэм «линзэ» мардэм тришэ зы абдж къутахуэри.

 МэкъумэшыщIэхэм гъавэр къызытрахыжа щIым хьэуазэ, къэрэкъурэ кIэрыхубжьэрыхухэр трагъасхьэ. Апхуэдэхэм деж къагъэсэбэп Iэмалхэм ящыщщ «минерализованнэ сатырхэр» - щIы щхьэфэ удзыпцIэм къыщыщIэдзауэ минерал лъащIэм нэсыху иратIых», - жаIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩIыуэпсымкIэ и министерствэм мэзхэр хъумэнымрэ къэгъэщIэрэщIэжынымкIэ и къудамэм и IэщIагъэлIхэм.

 Мэз IуэхущIапIэхэм къагъэсэбэп Iэмалхэми захъуэжащ, мэзыр зэрызэхэт жыг лIэужьыгъуэхэмрэ щIыпIэм и зэхэлъыкIэмрэ елъытауэ. Къапщтэмэ, уэздыгъеймрэ псеймрэ щыкуэд щIыпIэхэм мафIэ кIапэ нэбгъэсынкIэ Iэмал иIэкъым: эфир дагъэмкIэ къулей жыгхэр напIэзыпIэм дрилыпщIеинущ, къэптIыхьынри къезэгъыркъым - мывалъэщ. Аращ апхуэдэ щIыпIэхэр кIэлъыплъакIуэхэм я нэIэм сыт щыгъуи щIыщIэтыр.

Мэз къэс езым и къулеягъ иIэжщ. ЗыщIыпIэ и деж  ар зыIыгъ къуэпсыр щызэпычмэ, зэфIэбгъэувэжыну гугъущ. Псалъэм папщIэ, псейр зы илъэсым хуэзэу сантиметритI къудейкIэщ зэрыхэхъуэр. Ауэ щыхъукIэ и лъабжьэр цIыкIущ, жьы борэным щыпэщIэтыфыр зэзэмызэххэу. Мыпхуэдэ мэзхэр щынэхъыбэр Iуащхьэмахуэ, Шэрэдж щIыналъэхэрщ. Аруан, Лэскэн районхэм я мэзылъэ щIыпIэхэм бжейхэр, кIейхэр, тхуейхэр щынэхъыбэщ, мейхэми уащрохьэлIэ.

 Зауэ нэужь лъэхъэнэхэм цIыхухэм хабзэфI къадекIуэкIыу щытащ: пхъэ къыщIашыну мэзым кIуэхэм мыIэрысей къудамэ цIыкIухэр къыздащтэрти, мей жыгхэм дадзырт, гъае къэхъумэ, мэзым цIыхухэр къуэмылIыкIыным тещIыхьауэ. Ар щапхъэ зыхуэхъуа щIэблэми дыкъэзыухъуреихь щIыуэпсыр зэрихъумэным хэтт. Ди гуапэ зэрыхъунщи, IэщIыб ящIа апхуэдэ Iуэху щхьэпэм гулъытэ игъуэтыжу хуежьащ.

Лъостэн Музэ.

Поделиться: