НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 30, блыщхьэ

♦Политикэ щхьэусыгъуэкIэ зэхэзехуэн зэращIам и зэранкIэ хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ

♦Урысейм и дзэ-тенджыз флотым и махуэщ

♦Урысейм щагъэлъапIэ инженер-механикхэм я махуэр

♦1711 гъэм Къэбэрдей шууейхэм Мурад-СулътIан зи пашэ шуудзэр хагъэщIат.

♦1927 гъэм къалъхуащ Мысырым и дзэ къулыкъущIэ, Штаб нэхъыщхьэм и унафэщIу, къэралым зыхъумэжыныгъэмкIэ и министру щыта Февзи (Хьэхъу) Мухьэмэд.

♦1938 гъэм къалъхуащ кхъухьлъатэзехуэ, Иорданием и ЛIыхъужь Шурдым Ихьсан.

♦1957 гъэм къалъхуащ сурэтыщI живописец, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Акъсырэ Михаил.

♦1972 гъэм къалъхуащ коллекционер, публицист Тхьэкъуахъуэ Iэуес.

Дунейм и щытыкIэнур

         «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 16 - 18, жэщым  градуси 8 - 10 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Къэбублэр хабзэщ.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ