Зэрыпсэум хуэдэу мэусэ, зэрыусэм хуэдэу мэпсэуКъэбэрдей литературэм къикIуа гъуэгуанэм уриплъэжмэ, IупщIу къыхощхьэхукI абы нэхъ щIэгъэхуэбжьауэ зыщиужьа лъэхъэнэр - ХХ лIэщIыгъуэм и 50 гъэхэм къыщыщIэдзауэ 60 гъэхэм я кIэуххэм нэс. А илъэсхэм ди литературэм къыщызэщIэрыуащ абы адэкIэ зэрызиужьыну унэтIыныгъэхэр куэдкIэ зыубзыхуа усакIуэ, тхакIуэ гупышхуэ, Тхьэгъэзит Зубер деж къыщегъэжьарэ Ацкъан Руслан деж щиухыжу. Абыхэм я IэдакъэщIэкIхэмрэ зрикIуа лъагъуэхэмрэ гъуазэ яхуэхъуащ къыкIэлъыкIуэ совет нэужь лъэхъэнэм - 90 гъэхэм къыщыщIэдзауэ - литературэм къыхыхьа ныбжьыщIэхэм: Къанкъул Заур, Къаныкъуэ Заринэ, ПщыукI Латмир, Аброкъуэ Беллэ, Бэлагъы Любэ, МахуэлI Нарзан, нэгъуэщIхэми. Къэдгъэлъэгъуа лъэхъэнитIым лъэныкъуэ зырызкIэ япэщхьэхуэу, ауэ зэпыщIапIэ яхуэхъуу я зэхуаку дэуващ 70 гъэхэм я кIэуххэм къэбэрдей литературэм лъэбакъуэщIэ къыхэзыча Мыкъуэжь Анатолэ и творчествэр. Къалэнышхуэ, къалэн гугъу и пщэ къызэрыдэхуэр езыми зыхищIэу, и усэхэм ящыщ зым абы мыпхуэдэу щетх: Сэ зэманыжьым срикIэухщ, Мыкъуэжьым и усыгъэм адыгэ литературэм увыпIэ хэха щеубыд. Абы и IэдакъэщIэкIхэм езыр зыхэпсэукI зэманым и нэпкъыжьэр IупщIу къатощ, и лъэхъэнэгъухэм я гурыгъу-гурыщIэхэр художественнэ Iэзагъ хэлъу къыщыгъэлъэгъуэжащ. Анатолэ и усыгъэм и нэщэнэ нэхъыщхьэу къыхэбгъэщхьэхукI хъунущ гурыщIэ куурэ гупсысэ жанрэ зэрыщызэщIэлъыр. Дапщэщ ди дыгъэр пшэхэм 90 гъэхэм я пэщIэдзэхэм Совет Союзыр зэрыкъутэжам къыдэкIуащ цIыхубэм я псэукIэр куэдкIэ екIэкIуэныр, лэжьапIэ IэнатIэхэр яфIэкIуэдыныр, зи унагъуэ зыхуэмыпIыж цIыхухъухэр фадафэу уэрамым къыдэнэныр. А псом пэщIэтыфар «тахътэм ису, зи Iэнэхэр зэтету зи дунейр жэнэтхэмрэ» зи напэр мылъкукIэ зыщэжахэмрэщ. А Iуэхугъуэ гугъусыгъухэр Мыкъуэжьым и усэхэм уигъэпIейтейуэ къыщигъэлъэгъуэжащ. ЗэхъуэкIыныгъэм и псы уэрыр Зэпхъуэну шхийр къыхуэмыгъуэту АдэкIэ усэм къеIуатэ фадафэм гъуэгу пхэнжкIэ дидзыхын хуей щIэхъуа щхьэусыгъуэхэр - «хуеякъым хъуну хьэкIэпыч», «хьэрычэтыщIи хъуфакъым», «зи гупкIэ исым и уэрэдым дежьууфакъым», «зыхуегъэкIуакъым зэманыщIэу зи напэр сомкIэ зыщэжам», «гъэпцIагъэм зыхуегъэсакъым». Ауэ, нэхъыщхьэращи, ар «мыбзаджащIэ», «мыдыгъуакIуэ», «мыIужажэ», «мыахьмакъ», и зэран зыми емыкIыу шхапIэм хуэзышэ лъагъуэ закъуэм тетщ. Пэжымрэ захуагъэмрэ и телъхьэ усакIуэр блэплъыкIыфыркъым апхуэдэ мыхъумыщIагъэм икIи къэралыр зыхуэкIуа псэукIэр зи Iэужьхэм нехьэкI-къехьэкI хэмылъу мыпхуэдэ псалъэхэмкIэ захуегъазэ: «… Фэ, къэрал жыпыр зыунэщIахэ, / Фыхуиткъым фщIыну ар ауан. / Фэращ цIыхубэр гугъапIэншэу / Уэрамым дэзыутIыпщхьэжар. / Фэращ къэралыр зыгъэплъакъуэу / ЩыхупIэ нэзым Iузышар». Мыкъуэжьым и усэм дызыщрихьэлIэ фадафэр - къызэщIэзыкъуэ образщ, езы усакIуэми къызэрыхигъэщщи, «апхуэдэ дэсщ ди къалэ къэскIэ, ди къуажэ къэскIи къыдэпшынщ». Нэхъ шынагъуэжращи, апхуэдэ щIэпхъаджагъэмкIэ жэуаптакIуэу зы цIыхуи къэувыфакъым, икIэм-икIэжым, абы кърикIуаращи: «Нэмысу игъуэ псэ хей минхэр, / КIакхъу щIамычауэ, яукIащ». Ди щхьэщыгум дыгъэр къизыIыгъэу, Мыкъуэжьыр «усакIуэ нэщхъей» цIэр зытеIукIахэм ящыщщ. Ауэ абы къикIыркъым Анатолэ и усыгъэр тхьэусыхафэ е гъыбзэ зэфэзэщу зэхэлъу. Абы къикIыращи, усакIуэр куууэ, набдзэгубдзаплъэу гъащIэм хоплъэф, абы и хужьыр хужьу, и фIыцIэр фIыцIэу - зэрыщыт дыдэм хуэдэу елъагъу. Зы лъэныкъуэкIэ уеплъмэ, нэгъуджэ щхъуэкIэплъыкIэкIэ дунейм хэплъэну хуейхэм Мыкъуэжьым и усыгъэр къагурымыIуэнри хэлъщ, ауэ, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ, абы гъуджэу къытощ пэжыгъэр, захуагъэр, усакIуэм и гущIэлъапсэм щызэпцIа сатырхэм къапкърыкI гумащIагъэр, псэ къабзагъэр, хьэлэлыгъэр - дунейр мыкъутэжу зэтезыIыгъэ хъугъуэфIыгъуэхэр. «УсакIуэ нэщхъейхэм» зэрыхалъытэм ехьэлIауи Мыкъуэжьым етх: «ЩIым темытыжми гуфIэгъуэ ГуфIэгъуэмрэ гуауэмрэ, гъащIэмрэ ажалымрэ, зауэмрэ мамырыгъэмрэ я зэпэщIэтыныгъэ мыухыжхэм Мыкъуэжьым и усыгъэм щIыпIэ щхьэхуэ щаубыд. Зауэм и бийуэ и усэ сатырхэр игъэпскIэрэ Мыкъуэжь Анатолэ и IэдакъэщIэкIхэм мамырыгъэр щегъэлъапIэ, абыкIэ цIыхугухэр гуапагъэм, къабзагъэм, къуэшыгъэм, зэныбжьэгъугъэм къыхуегъэуш. Псалъэм папщIэ, «Макъхэр» усэм къыхощ щIым макъ зэмыщхь бжыгъэншэхэр зэрыщыIур: бзухэм я уэрэдыр, псым и даущыр, хьэгъуэлIыгъуэ Iэгуауэр, уафэгъуагъуэр, къыр дзакIэ къыгуэхум и макъыр… Абыхэм языхэзми и IукIэкIэ, щIэIу щхьэусыгъуэкIэ, зыгъэIукIэ лъапIагъэ пыухыкIа ябгъэдэлъщ. Ауэ, усакIуэм пэжу гу зэрылъитащи, абыхэм яхэзэгъэнкIэ Iэмал иIэкъым шэ, лагъым къэуэж макъхэр. Усэм и кIэух сатырхэм абы щетх: И купщIэкIэ, и зэхэлъыкIэкIэ, къыщыIэта гупсысэкIэ «Макъхэр» усэм поджэж Мыкъуэжьым «Дунеишхуэ…» зыфIища усэри. Зауэм зи псэр щыщтэ усакIуэм мамырыгъэм и нэщэнэ нэхъыщхьэу къегъэлъагъуэ дунейр щыму, даущыншэу щытыныр. Аращ абы щIитхыр: Дунеишхуэ, Мыбдеж усакIуэр зауэм и макъ шынагъуэм и бийуэ увмэ, «Iугъуэ» усэм деж абы зауэм и Iугъуаем зыпыIуедз. Усэм и япэ едзыгъуитIым къыхощ зы бынунагъуэм я гъащIэ мамырыр, лэжьыгъэ хьэлэлыр, дунейм и дахагъыр, цIыхугухэм я къабзагъыр… Бынхэм нэжэгужэу хадэр ягъэкъабзэ, анэри, «и нэгу къищу нэщхъыфIагъэ», абыхэм яхуопщафIэ. Дунейр мамырщи, «хьэку уэнжакъым къриху Iугъуэри» мамырыгъэм и нэщэнэу, «уафэ къащхъуэри гуфIэу» усэм къыщыгъэлъэгъуащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, зи гугъу тщIы усэм Мыкъуэжьым щызэпэщIегъэувэ мамырыгъэм и Iугъуэмрэ зауэ Iугъуаемрэ я образхэр, абы и кIэух едзыгъуэми щетх: ЩIимыгъанэм зауэ Iугъуэм, Мыкъуэжьым къызэрилъытэмкIэ, уафэмрэ щIылъэмрэ къабзэу, зыри я зэхуаку къыдэмыхьэу, зэIуплъэфу щытыпхъэщ. А гупсысэхэр и лъабжьэу, усакIуэм зауэм хуиIэ лъагъумыхъуныгъэр «Сыхьэт закъуи и IитIыр мыпсэхуу…» усэм щыщIохуабжьэ икIи зэIухауэ езы зауэм зыхуегъазэ: Къыуах нэлат, щымыIэ уэ къыпхуей, Мамырыгъэр игъэлъапIэу, зауэ Iугъуэмрэ шэ фий макъымрэ защидзейуэ Мыкъуэжьым игъэпсащ «Хуейщ дыгъэр бзийкIэ гуэшэну…» усэри. Абы усакIуэм щегъэув упщIэ жэуапыншэ куэд: «Зауэм и Iугъуэм щIиуфэм - / Дыгъэм и лажьэр сыт?», «Шэм и фий макъым игъащтэм - / Бзухэм я лажьэр сыт?», «Ем къыщIэхутэм и лъэгум - / Гъэгъам и лажьэр сыт?». А упщIэхэм я къалэн нэхъыщхьэр цIыху къэскIэ зыщIигъэгупсысыжынырщ, щIэблэм къэкIуэну дахэ яIэн папщIэ балигъхэр зэгурыIуэнырщ, зауэ мафIае зэщIамыщIэнырщ. Усэм и купщIэ нэхъыщхьэр къыщыгъэлъэгъуащ абы и кIэух едзыгъуэм: Хуейщ сабий цIыкIухэр джэгуну, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ Тхьэгъэзит Зубер зэрыжиIащи, зауэмрэ мамырыгъэмрэ ятеухуауэ усакIуэ нэхъыфIхэм ятхахэм я купщIэкIи я гъэпсыкIэкIи ябгъурыбгъэувэ хъунущ Мыкъуэжь Анатолэ мамырыгъэм теухуа и усэхэр. УсакIуэр и псэм щыщ IыхьэкIэ нэхъыбэрэ гуэшэхукIэ, абы къыщыщIэж усыгъэ-псынэр икIуэщIыкIыркъым, атIэ кIуэ пэтми нэхъ уэр, къабзэ мэхъу. И интервьюхэм языхэзым Мыкъуэжь Анатолэ щыжиIэгъащ: «УсакIуэ нэсым и дежкIэ щыIэкъым щхьэ закъуэ насып. Абы и насыпыр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ щIым цIыхуу тетым я насыпым, бэм я насыпым. ИкIи езым и гум къыщрихьэкI дуней хьэрэмыгъэншэм ещхь хъуауэ мы дызытет дунейр илъагъунырщ абы и хъуэпсапIэ нэхъыщхьэр». Мы псалъэхэри усакIуэм и IэдакъэщIэкI дэтхэнэ усэри щыхьэт тохъуэ абы и лъэпкъ зэхэщIыкIыр зэрылъагэм, адэжь щIыналъэм хуиIэ гурыщIэ къабзэм и кууагъым. Мыкъуэжьым и усэхэм щызэхэжыхьащ хэку лъагъуныгъэри, лъэпкъым и тхыдэри, IуэрыIуатэм и хъугъуэфIыгъуэхэри, анэдэлъхубзэм и къулеягъ-шэрыуагъри. Адыгэм и блэкIа гуузым куэдрэ хуэмыусэми, ХIХ лIэщIыгъуэм икухэм ди лъэпкъэгъухэм хэкур зэрырагъэбгынар, пшахъуэ налъэ зырызурэ хамэщIхэм зэрыщикъухьар сыт щыгъуи усакIуэм и гукъеуэщ, «шэпхъыу и гум хэпхъащ»: «Залымыгъэу залымыгъэ бзаджэт. / Схуегъэхкъым тэмакъым ар: / Сабийхэр балигъхэм еджэу, / Балигъхэр макъкIэ зэщыджэу / Я лъахэм зэрырашар» [«Си нанэу си нанэ дыщэ…»]. Мы зы усэм къыщыгъэлъэгъуащ адыгэм и гупсысэкIэри, и хьэл-щэнри, и лIыгъэри, и бэшэчагъри («Бий куэдым куэдрэ яфыщIми, / И лIыгъэм яхухэмыщIу, / И джатэ Iэпщэр ихузт»), Хэкум и дахагъри («Си Хэку и дыгъэр гуапащэщ…»), анэдэлъхубзэм и IэфIагъри («КIуэдыжмэ си адыгэбзэр, / ХэкIынущ си адыгэпсэр»). Мыкъуэжьым и бзэр фIыуэ илъагъу къудейм къыщынэркъым, атIэ ар анэм, анэкъилъхум пещI: «Си анэм и гукъеуэр къызэрысхуиIуатэ / Бзэм нэхъ лъапIэ теткъым сэркIэ мы дунейм» - жеIэ, абы къыщымынэуи, усакIуэр бзэм и хъумакIуэу, и къыщыжакIуэу къоув: Си бзэм сэрэ дызэтIолъхуэныкъуэу Зыр - си анэ дыщэ гумащIэрщ, Мазэ тхьэгъу лъэныкъуэр Мыбы къыхэщ зэгъэпщэныгъэхэр езы усакIуэм и дунейр къызыпкърыщщ. Къапщтэмэ, адыгэ усыгъэм зэи дыщрихьэлIакъым мазэр тхьэгъу лъэныкъуэм, сабийр мыщIэ цIыкIум егъэпщэным. Ахэр щыхьэт тохъуэ Мыкъуэжьым и «Гущэкъу уэрэдыр» лъэпкъ усыгъэм и мызакъуэу, адыгэ щэнхабзэми гъуазджэми хэлъхьэныгъэфI зэрыхуэхъуам. Пэжщ, сымы-Блок сэ, сымы-Байрон, Дэтхэнэ усакIуэ нэсми хуэдэу, ар зэIухауэ, пэжыр и гъуазэу, и щхьэр зыми хуимыгъэщхъыу матхэ: Пащтыхь симыIэ. СиIэкъым Iужажэ. Мыкъуэжь Анатолэ ящыщщ «Дахагъэр зи Тхьэу, Пэжыр зи КъурIэн» усакIуэхэм. Ар зэрыпсэум хуэдэу мэусэ, зэрыусэм хуэдэу мэпсэу. Мыкъуэжь Анатолэ и усэхэр Дунеижь Е-щхьэзыфIэфIыр зи жьантIэдэсу, * * * Хуейщ бзухэр уэгум итыну, Удз дахэр хуейщ къэгъэгъэну, Хуейщ сабий цIыкIухэр джэгуну, Ди кхъухьыр Ди кхъухьыр уардэт, хуэдэ тенджызышхуэм Тенджызым хабзэ ткIийуэ къыдекIуэкIхэр АрщхьэкIэ тенджызышхуэр бэшэчами, Толъкъунхэр зэрыхуейуэ ирикъухьу Дапщэщ ди дыгъэр пшэхэм къыкъуэкIыжу * * * Дытехьащи, щхьэж зэрыхуэщIакIэ - Демызэшу къунтххэр зэфIыдощIэ, Дожьэ махуэ ди кIэн къыщикIынум - Ди мурадым дылъэIэс щытфIэщIым, - ДокI зэмани, ифI зыкъыбошэжри, Кхъухьым исым джейр хуощIыжыр плъапIэ, Апхуэдэххэу дыбогъэхь ди гъащIэр …ФIыуэ слъагъурат, насыпу слъытэу, Ауэ къунтхкIэ ар къысхуэубыдакъым, * * * Зи гущIэгъур ин! Дунейм и шхуэIур Хейм и фащэр мысэм щебгъэтIагъэу, ЦIыху щэджащэм дзы къыхуебгъэлъыхъуэу, КъыумыгъэкI и кIэныр нэжэсыгъэм, Уи гулъытэ хэбну зыхуэфащэр, …ЩекIуэкI псори ди щIыгушхуэм плъагъуу, Ди щхьэщыгум дыгъэр къизыIыгъэу,
Поделиться:
Читать также:
23.04.2024 - 18:33 →
«Дыщэ джыдэ цIыкIур» зыхуагъэфэщахэри яхэту
18.04.2024 - 14:05 →
ГъэсакIуэ цIэрыIуэр ящыгъупщэркъым
18.04.2024 - 12:26 →
АдыгэбзэкIэ ятхам адыгэбзэкIэ тепсэлъыхьу
18.04.2024 - 11:18 →
ЦIыхубэр зэрыгушхуэ
17.04.2024 - 11:56 →
Щамырзэ Моникэ и гъащIэмрэ лэжьыгъэмрэ
|