Адыгэ цIыхубзым и махуэ

Иужьырейхэм мэкъуауэгъуэм и 23-р адыгэ цIыхубзым и махуэу жаIэ хъуащ. НэгъуэщIу, Сэтэней и махуэкIи йоджэ. Сэтэней жыхуаIэр нартхэм упщIэжэгъу яхуэхъурэ и IущагъкIэ Нартейм къыщащIэу хъищэхэм къыхэщ гуащэр аращ. Сэтэней гуащэрэ Сэтэней и махуэ жыхуаIэмрэ сыт зэхуаIуэху?

Адыгэр мэкъуауэгъуэм и 21 жэщым «шэмыгъапцIэ жэщкIэ» йоджэ. Аращ жэщым и нэхъ кIэщIыгъуэрэ махуэм и нэхъ кIыхьыгъуэу илъэсым хэтыр (жэщыр апхуэдизкIэ кIэщIщи, шэр зэпцIыну хунэсыркъым, жыхуиIэщ). Мэкъуауэгъуэм и 20, 21, 22-хэм щхьэкIэ уэлбанэкIэ жэщищ жаIэрт. Абы иужьт гъэмахуэр къыщихьэр.

Лъэпкъыжьхэм дыгъэм зыщигъазэ махуэхэр ягъэлъапIэ хабзэт. Дыгъэгъазэм, МэфIащхьэтыхьым, Тхьэшхуэгухьэжым хуэдэу, гъэмахуэ дыгъэм и чэзу зыгъэзэгъуэми адыгэр щыгъуазэрэ игъэлъапIэу къызэрекIуэкIар шэч къызытумыхьэжынщ. Сэтэней и махуэ жыхуаIэжыр арагъэнщ, ауэ мыбдеж зыгуэр зэхэдгъэзэрыхьащ. Сэтэней фIэщыгъэр дэнэ къикIа? Адыгэм куэду ягъэлъапIэу къадекIуэкIа сэтэней удзым (лат. filipéndula ulmária) и гъэгъэгъуэр хуэгъэфэщауэ уэлбанэкIэ жэщищым тохуэ. Сэтэнейм теухуауэ нэщэнэфIхэри щыIэщ:

- сэтэнейр щхьэлъэмэ, гъунэ иумылъэж (сэтэнейр гъагъэмэ, увэну, усэну кIасэ хъуащ, жыхуиIэщ);

- сэтэнейр щхьэлъэмэ, бжьэм телъхьэ умыщIыж (сэтэнейр гъагъэмэ, бжьэм яшхынкIэ уемытэжми хъунщ, жыхуиIэщ).

Хъищэхэм къызэрыхэщыжымкIэ, Сэтэней гуащэ и псэр цIыхупкъым хэкIри удзыпкъым хыхьауэ щытащ. Арагъэнщ, адыгэр filipéndula ulmária кIыгъэм «сэтэней»-кIэ щIеджэри, абы и гъэгъэгъуэм «Сэтэней и махуэ» щIыфIащари.

Ди цIыхубзым махуэ хэха ямыIэу махуэ къэси я махуэу зи жьантIэ щызыгъэфIэжыфын лъэпкъ Тхьэм дищI адыгэр!

Тамбий Гуащэмахуэ

 

Поделиться: