Чехми адыгэми я усакIуэ

Чех тхакIуэ, усакIуэ Чех Сватоплук (1846 - 1908) езым и лъахэми нэгъуэщI щIыпIэхэми щыцIэрыIуэщ. Абы итхащ эпическэ, тхыдэ поэмэ зыбжанэ, ауаныщI повестхэр.
Сватоплук и лэжьыгъэ­хэм яхыболъагъуэ­ гъуэ­ры­гъуэу­рэ щызэ­кIэлъыкIуэ унэ­тIы­ныгъитI: фантастикэ-кос­мо­политикэмрэ  лъэпкъ пэжыгъэ жыхуаIэмрэ. Чех и тхыгъэхэм лъабжьэ яхуи­щIын къилъыхъуэу куэд къызэхэзыкIухь зекIуэлIт. и лъэпкъэгъухэм ирагъэ­благъэри, 1874 гъэм ар кIуа­уэ щытащ ЦIэмэз (Новороссийск) и Iэгъуэблагъэхэм щыса чех къуа­жищым. Мыбы Сватоплук щахуэзащ Кавказ зауэр иуха нэужь лъахэм къинауэ мэзхэм зыщызыгъэпщкIу шапсыгъхэмрэ убыххэмрэ.
ЕпщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм адыгэхэм къатепсыха гуауэшхуэ дыдэм теу­хуауэ абыхэм къаIуэтэжахэр итхыжащ. Апхуэдэуи а зэманым ар кIуэгъащ Ека­теринодар, Ставро­поль, Налшык, Владикавказ, Тифлис икIи и тхыгъэхэм къыщигъэлъэгъуэжащ мы лъахэм и щIыуэпсым итхьэкъуауэ зэрыщытар. И письмохэм Сватоплук мып­хуэдэу щетх:
«Славян лъэпкъхэм я япэ усакIуэхэу Лермонтовымрэ Пушкинымрэ мы лъахэм и дахагъэм, телъыджагъэм и усакIуэ хъуахэщ икIи славян поэзием къыщагъэщIащ Демон, Тамарэ, Мцыри сымэ я образ дэ­гъуэхэр».
Урысейм щыIэху, Чех уры­­сыбзэ зригъэщIащ, мы щIыналъэм щилъэгъуа­хэмрэ къыщыхуаIуэтэжа­хэмрэ иужькIэ и тхыгъэ­хэм хигъэхьащ. Абыхэм ящыщщ 1875 гъэм итха­ «Шэрджэс» поэмэр, ап­хуэдэуи «Адыгэхэр» Iуэтэжыр, «Къамэ» усэр. А тхыгъэхэм Пушкинымрэ Лермонтовымрэ я усыгъэ­хэм ижь зэращIихуар шэ­чыншэщ.
Мыбдежым мыри къы­щы­жыIапхъэщ: адыгэ эмигрант Бекович-Черкасский Елмырзэ «Адыгэхэр» рассказыр 1925 гъэм урысыбзэкIэ зэридзэкIри, «Кавказ бгырыс» журналым тридза­уэ щытащ.
Нобэ фи пащхьэ идолъ­хьэ «Шэрджэс» поэмэр, адыгэ­бзэкIэ Уэрэзей Аф­лик зэридзэкIауэ.

ХЬЭФIЫЦIЭ  Мухьэмэд.

Шэрджэс
Чех Сватоплук и поэмэ

ДигъэзыкIауэ мэзылъэ джабэм,
Iуащхьэ щыгум докI къэзакъ шу гупыр.
ЗэщIолыдэж я Iэщэ-фащэр,
Я сэшхуэм тоджэгухь дыгъэпсыр.
Бгъэр щекъузыкIыр пIэтIронтащым.
ШэкIэ узэдарэ хьэзырыпсу
Я фочхэр дыжь фочылъэм
Илъу яхь, къатемыхьэлъэу.

МакIуэ, мыпIащIэу, лъэхъулъэущу,
Щхьэусыгъуэншэу ямыгъаджэу щIопщыр.
Хэт щIеIэтэжыр пыIэр мащIэу,
Жьым иридзэкIыу щIакIуэ къуащIэр.

Къырыщхьэ псей фIэкIа умыщIэу,
Щысщ лIыжьыр, щIыгъуу зы ныбжьыщIэ.
ЛIыжьым зыхуегъазэ ныбжьыщIэм:
- «Къысщохъур нэм къиплъыхьыр щIыIэнэщIу!
Зы Iуащхьэм Iуащхьэхэр къапищIэу,
КIэщIэубгъуауэ мэзхэр лъащIэм!

Жыжьаплъэу мо щIэплъыпIэ жыжьэм,
Уафэр щIалыкIа пфIэщIыну хужьу,
Зы даущ гуэри къимыгъэIуу,
Къырыщхьэ, хьэмэрэ пшагъуэ къыщынаIуэр?
Абы щыхамэщ Iэуэлъауэр, зэхэпхыжу
Алыхь IэмыркIэ уи гур къызэреуэр.


ЗэуапIэ губгъуэм къина зауэлI хьэдэу
ЩIофыхьыж мэз щIагъым жыг лъэдийр,
КъыпфIэщIыну абы ягъэщыгъуэ,
Жыг къудамэщIэхэр къапхоплъыр пшагъуэм.

Бжьыпэр зэпаубыду, джабэ нэкIу задейм,
ЩызэдэуэхукIэ жызумейр, хъумбылейр,
КъапыкIахэр къапохужри тIыгъуэжауэ,
Жьыбгъэм тхьэмпэр яфIрехьэжьэжыр.

Щощхьэукъуэ мыбдежым дунейр,
КъыптригъэгуплIэу уэри жейр.
Уи гъуэлъыпIэжь уигъуэлъхьэжа къыпфIэщIу,
Ущотыншыр удз гъэгъам я куэщIым.
Мывэ хуабэм телъщи зишыхьауэ,
Блэр мэжей, пщIыхьэпIэ куум хыхьауэ.
Зыгуэрым игъэщтэнкIи мышынэу,
Пшапэ зэхэуам къыхоплъ мэз бжэныр.
Абы ищIэркъым, къыпыжу я Iэм лъыр,
Зэритыгъар лIыукIхэр мы щIыналъэм,
Залымыгъэрэ хьилагъэрэ зэрахьэу,
ЛIэщIыгъуэхэр гъуэрыгъуэу кърагъэхьэу,
Илъэс куэд щызэблэкIащ мы уафэ щIагъым,
Яхузэрымыгъэгуэшу цIыхухэм лIыгъэр...
ЦIыхубэт къуажэр, я уэнжакъхэм Iугъуэр
Мэз Iувым и щхьэщыгум траубгъуэу.
Щигъэхъут мэлыхъуэм хъушэр хъупIэ кIырым,
КъухьэпIэ пшэплъым
Я нэкIухэр игъэцIыплърэ,
Шэм хэхуа пыжьу къицIыщхъукIыу я нэр,
Хъыджэбзхэр зэрызехьэу
КIуэрти псыхьэ,
Я гуэгуэнхэр
Из къыщащIырт псынэм...

Мэз Iувыр, чыцэ пхыкIыпIэншэр
И гъуэгуу кIуэцIрыкIырт адыгэшыр,
И бийхэр ажал гъуэгукIэ ишэу,
ИутIыпщт зауэлIым адыгэшэр.
Жыглыц псыIэм хэст хьэмбыIуу,
Зыкъуаудыгъуауэ мывэ джейм,
Я бауэ макъ къудей къэмыIуу,
Ауэ, Iуэхур нэсрэ ерейм,
ЗауэлIхэм ирагъаджэмэ бжьамийр,
Джабэ щымахэр къызэщIэрыуэжырт,
ДжэрпэджэжкIэ зэбграхыу «маржэр!» -
Мэгыз уIэгъэр, шыр мэщыщыр,
Адыгэ сэшхуэм урысыщхьэр пегъэщыр!
Ауэ, итIани, бий емынэм
Лъэпкъыр хэкужьым къримынэ...

Сыт иджыпсту? Иджы зэшыгъуэщ,
ЯщхьэщымыкIыу бгыжьхэм пшагъуэр.
СоупщIыр зэзэмызи бгыхэм,
Зы жэуап гуэри къапызмыхыу.
Фочхэр щыму, шынагъуэншэщ гъуэгур,
ИтIани, къызэгуочыр си гур бампIэу:

Йоулъиихьыжыр сэшхуэр сампIэм.
Нэбэнэушэу сытоплъызэ щIылъэм,
Сыхуейуэ къэсIуэтэну си гум илъыр:
ЖысIэжыну и хъыбар зауэ блэкIам -
Топауэм бгыхэр ягъэзджызджу,
Лъыкъуалэр телъэдэжу тенджыз ныджэм -
А псори сэ си нэгу зэрыщIэкIар.
КъедаIуэркъым ныбжьыщIэр,
Даущыншэщ,
IурыгъущыкIакъыми быдзышэр,
ЛIыжьым жиIэр щIалэм зыхимыщIэ.
- «Сыт къэхъуар? КъызжеIэт, си ныбжьэгъум
Сыт нэщхъеягъуэ уи гур зыгъэмыгъуэр?
БлэкIа зэманым къыщыслъыхъуэнщ хущхъуэгъуэ».
ЗауэлI ныбжьыщIэр мэхущхьэ, мэщатэ:
- «ПхуэсIуэтэжынщ сэ псори зэрыщыту.
Иджы дыдэ ЦIэмэз пэгъунэгъуу
Махуэ шэджагъуэм сыхэгъуэщыхьри пшагъуэм,
Гъуэгу къэслъыхъуэжу сыщIэтащ мэз щIагъым.
Щхьэхынафэт жыг щхьэкIэм къапхыплъ дыгъэр,
Шы сызытесыр зэрыщыщым
НэмыщI, къэмыIуу зы даущи.
ЗэрымыщIэу зэхызохри зы макъ гуэр,
Къызэрогъуэтыжыр занщIэу гур.
Солъэдэкъауэри, зызочыр -
Сыпэмыплъауи къызолъагъур
Гуэдз хьэсэр щыуфафэ губгъуэр,
Iэщ хъушэу хъупIэр зыуфэбгъур,
АдэIуэкIэ бгы джабэ уэхым
Къуажэ ныкъуэсым Iугъуэ къыщхьэщихыр.
Зэхэухуэнауэ жызумейр, хъумбылейр
Унэ блынхэм, бжыхьхэм тхыпхъэщIыпхъэурэ дожей.
Дыхьэшх макъыр къыщIолъэлъыр пэшым,
БжэщхьэIум тесщ зы лIыжь, тутыныр щIишу.
ЩIалэ цIыкIу щхьэ джафэ зэраншухэм
Кхъужьей щIагъым къыщагъажэ чышхэр.
Мефодиевкэт зэреджэр къуажэм,
Зэхэсхыгъащ нэхъыжьхэм яIуэтэжу
А жылэ цIыкIум дэсхэр
КъиIэпхъукIахэу зэгуэр Чехым.

КъызоIуэнтIэкIыжри си шыр,
ЦIэмэз и лъапэмкIэ си гъуэгур согъэшыр.
Дей цIыкIу гуэрэным и лъабжьэм
Нэху щызгъэщын мурадкIэ зызоIэжьэ.
Фочыр согъэтIылъыр, шыр солъахъэ,
Уанэ щхьэнтэм тызолъхьэри си щхьэр,
УдзыпцIэ кIырым тыншу сыхогъуалъхьэ.
Жыг щхьэкIэ зыкъыстезыубгъуэм,
Жыг лъэдийхэр игъэдыжьыныгъуэу,
Къыпхедз дыгъэ къухьэжым и бзий фагъуэр,
Мэз щIыIэтыIэм и даущыншагъэм
И телъыджагъэ Iэджи сигъэлъагъуу.

Ди Тхьэшхуэ, сыт телъыджэлажьэ,
Хьэдэджадэхэр щхьэлажьэу
Зэхэзеуэ хуэдэ, жыгхэр фагъуэу
Пщыхьэщхьэпэ пшагъуэм хыболъагъуэ,
Зэрагъэубыдахэщи я щхьэкIэр,
Псы Iуфэм щыму зэдокIуэкIыр,
Псыежэх цIыкIур, хуэгумащIэу
Щахъумэу жьыбгъэм, дыгъэ гуащIэм,
ЗаIуантIэ-зашантIэу жызумейм
ЗрашыхьэкIыр жыг лъэдийм,
Ар нэхъри ягъэщIэращIэу,
Къадожыр куэду къудамэщIэ.
IэкIуэлъакIуэу къудамэ лантIэм
Дэпщейуэ, блэхэми заIуантIэ.

Солъагъу: гъэгъахэм щхъуантIэу, хужьу
Псым къыхокIыкIыр я лъэдийр,
Къыхоплъыр щэхуу, ещхьу удым
Сакъыу зиплъыхьурэ, щIышыдэр.
Зэгуэр мыбдежым псы цIыкIу уэрым
Лъэмыжу телъыгъа ентIырыр
Псым хэхуэжауэ, щIэлъщ и щIагъым,
ЩIамийм и тхьэмпэхэр къытегъэу.
ЕнтIырым тесу пщащэ къызолъагъур
И нэкIу дыхьэрэнрэ данагъуэу,
Губжьым имыгъэутхъуауэ и нэр,
Удз гъэгъахэр и щхьэцым хеухуанэр.
И нэбжьыц кIыхьхэр зэтрихым,
Гуапагъэ защIэу нур къапехыр.
Таурыхъым и Iэмыр псыхъуэгуащэу
Телъыджащэу сыIуплъэрт а пщащэм.
ЗэрымыщIэу згъащтэм, хур хъыджэбзыр
Лъэтэжын къысфIэщIу сыкIэзызырт.

ТобзэхыкIыжыр ентIырым пщащэр,
Сошэсыжри си гъуэгум пызощэ.
Сыщытетми гъуэгу, сыкIуэжу унэм,
Пщащэм и теплъэр иутIыпщакъым си нэм.

Макъ зэхэсхам сщегъэгъупщэжри зэшыр,
Унэ цIыкIу гуэрым сыбгъэдехьэ си шым.
А унэм щIэсу къызолъагъур
Явор, еубзэу, игъафIэу и пхъур.

ДэкIуеипIэм сытету
Псы сыздефэм,
Къаплъэрт хъыджэбзыр,
Иубыдауэ и бзэр.
КъыщыIуплъэм си пыIэм, си щIакIуэм,
Дыгъэ гуащIэм иса си нэкIум,
Шынэ къытеуам игъэкIэзызу,
Зэуэзэпсэу мэузэхыр хъыджэбзыр.
Псалъэ дыгъэлкIэ Явор къысIуощIэ,
КъызэлъэIуу сыкъэнэну хьэщIэу.
Иджы, мис, сыпэрысу Iэнэм,
ПащIэр щIэсIуантIэу къызоплъыхьыр унэр:
Къабзэлъабзэщ, зэлъыIухащ екIуу,
Хьэкъущыкъуми ятумылъагъуэ сабэ,
КъыщотIыркъыр сыхьэтыр блынджабэм,
КIыгуугу цIыкIур зэзэмызэ къиплъу.
Тхылъ телъхьэпIэм тетщ сатыру тхылъхэр.
Тхылъ сатырым и щIыбым къыдэту,
ЗауэлI сурэт, зыщхьэрыгъыр жыр пыIэ,
И пагагъэр и напщIэтелъу,
И нэ закъуэмкIэ пыIэм къыщIэплъу,
КъыфIощIыж езым хуэдэ щымыIэу.
ЗэлъыIухами пэшыр дэгъуэу,
Къулеигъэшхуэ щIумылъагъуэ.
А псори къыпщигъэхъуу гуакIуэ,
Щэхугъэ гуэр мыбы щызокIуэ.

Хъыджэбзым и Iэпэ щабэм
Къыпихыу пфIощI а щэхум и нурыбэр.
И IэбэкIэм сфIитхьэкъуу си нэр,
Къытхуеузэдыр абы Iэнэр:
Iэнэм псынщIэу къытохутэ тезу
Фо гуакIуи, пхъэщхьэмыщхьи, хъарбызи,
Ныбэ къэпщарэ, зигъэуардэу,
Куржы шагъырыр зэрыт фэндыр.
Сыхъэр къызыхих шагъырыр фалъэм
Ирегъахъуэри, ауаныщIу къызоплъыр.
ЛIыжьми, зиIэтыжауэ гукъыдэжым,
Адэжь лъахэм и хъыбар къысхуеIуэтэжыр.

ЛэжьакIуэжьхэм я напщIэтелъу,
А лъахэ жыжьэм хьэсэхэр щощхьэлъэ.
Сэри, зэрихабзэуи хьэщIэм,
Къэзакъхэм, адыгэхэм я гугъу хузощIыр.
Къурш лъагэхэр, щIихъумэжауэ уэсым,
Зэрещхьхэр, моуэ къыхэкIахэм псысэм.
Лъэпкъ къэс езым и бзэ игъэIуми,
Тэрмэшыншэу дызэрызэгурыIуэр.
Жэщыр ди пэшым къыщIэбжьахъуэрт,
Фалъищри зэдэтIэтурэ дыхъуахъуэу,
Шагъырым ди щхьэхэр игъэкIэрахъуэрт.
Дыхьэшх макъыр пэрыIукIырт Iэнэм,
ДэрэжэгъуэкIэ игъэнщIу унэр.
СыкIуэжыну сыщытехьэжам гъуэгум,
КъиувакIэт мазэр мэз щхьэщыгум.

Абы иужькIэ сщIащ сэ кIуапIэ
ЩIэх-щIэхыурэ Явор и деж хьэщIапIэ.
Пасэрей тхылъхэм я щэху
КъысхуиIуатэурэ, къыттещхьэрт нэху.
ЗэрагъэдзэкIырт и Iэпэхэм гуапэу
Гъуэжь зэманым ищIыжа тхылъ напэр.
Хэсыфынут тхылъхэм махуэ псокIэ,
Тхылъ напэ сабэ защIэр зэIипщIыкIыу.
Зэрыщытам и лъахэр телъыджэу
Теухуауэ жиIэжт хъыбар Iэджи.
Къэзылъагъу псори къыдихьэхыу,
А хэкур зэщIэгъагъэрт епэр дахэу.
Лъахэм и бынхэм хуэIумахуэт
И лъагъуныгъэм къыпих нэхур.
Къыдихьэхыфми мы дунейр,
ГущIэгъу хуимыщIт къытеуэ бийм.
ЦIэрыIуэ хъуат и къулеягъкIэ,
АкъылкIэ, лIыгъэкIэ, къарукIэ.
И бэракъыу жьыбгъэм зэрихуэм.
Бийр игъэгулэзу, и фэр пихурт.
Хъыбарыжьхэм хуэщыхьэт и тхылъыр,
ИгъэпщкIужу, быдэу игъэтIылъырт.
Сыт щIэину къыхуэнар къуэрылъхум? -
Тхыдэ блэкIам кIэлъыгъыжынырщ щэхуу.
Иришхыхьыжри зэманым
И архъуанэм,
Тхыдэм хыхьэжахэщ зы къэмынэу.
Тхылъыжь закъуэрщ псоми хуэщыхьэту,
ГукъэкIыжхэм гугъэ гуэр язытыр.
Адэжьхэм я гуэдз хьэсэ дыщафэр
Акъужь гуапэм мащIэу доуфафэ.
Жьыми хуэгъэгъущыркъым нэпс ткIуэпсу
НапIэ къэбэгахэр къыпфIэзысыр.
Хамэ хьэсэм къыщилъыхъуэу щIакхъуэ Iыхьэ,
Чех тхьэмыщкIэр хамэ губгъуэм йохьэ.

ЛIыжьым къиIуэтэж хъыбар гуузым
Щыщу мащIэт си тхьэкIумэм къихьэр,
Къысхутемыхыу си нитIыр хъыджэбзым,
ЛIыжьым и пхъурт гури псэри зыхьыр.
Жызумей къудамэм жыг лъэдийм
ЗрешыхьэкIри япэщIыкIэ,
И IэплIэм ирикъузэурэ докIуей,
ИутIыпщыжыххэнуи игу къэмыкIыу,
ИкIи дэгуашэу жыг лъэдийм
ЩIыгулъкIэ, псыкIэ, дыгъэ бзийкIэ,
ЗыхешытIэри жыгым и щIыфэм,
ТIуми гъуэгур хуаунэтIыр уафэм,
Уахътыр къэсауэ ажал щIыIэм
ЗэбгъэдишыхукIэ зэрыутIыпщ ямыIэу.

НэгъуэщI зыгуэру макIуэ иджы гъащIэр:
Гъатхэр къэсам, зэгъусэу дэщIэращIэу,
Бжьыхьэм я тхьэмпэхэм зэгъусэу
Къатехэу жэпри уэсэпсри.
Зыр щриупщIыкIым дежи джыдэм,
ЕтIуанэми и натIэр ардыдэрщ.
Мис апхуэдэу лъагъуныгъэм сэри
Гъэр сфIищIащ слъэмыкIыу гури псэри.
Щызмылъагъу махуэм Явор и пхъур,
ГъащIэр кунэф защIэ сщыхъурт.
И зыIыгъыкIи, и бэкъуэкIи,
И нэгу иплъагъуэ гупсысэкIи,
Къэзакъ хъыджэбзхэм яхуэмыдэу,
Iэпхлъэпхыу сызыIэщIаубыдэрт.
ГушыIэм хуэкIуэм, IуэрыIуэдзти,
И ауанхэм си гум зыщыпхадзырт.
Къалэдэсым къакIэрымыхуу,
Къеджэнми тхэнми хуэIэрыхуэт.
Уэрэд къыхидзэм и макъ гуакIуэм:
Гур, зыхуэмыубыду, хьэшкIуэрашкIуэрт,
Бзу щхьэхуиту уэгум щызелъатэу,
Псэр имыгъэтыншу игъэятэрт.

Сыт а псори къэзгъэкIыжкIэ си гум,
СыщытемыхьэфакIэ насып гъуэгум?
КъызыхэкIари къысхуэмыщIэу,
Хъуат а пщащэр нэгъуэщI гуэр,
КъысхуищIт щхьэхынэу щхьэщэ мащIи,
НэгъуэщI гупсысэ хигъэхьэжырт гур.
Зэзэмызи нэпсыр къыфIыщIэкIыу,
Нэщхъейуэ дэст плIанэпэм къыдэмыкIыу.
Зэгуэр и адэм сэрэ ди уэршэрыр
Хуэмурэ къурш хъыбархэм тетшауэ,
Щамил и лIыгъэр къыщыдгъэкIыжым ди гум,
МащIэу къобэдзэуэжыр хъыджэбз нэгур.
И нэкIур дыхьэрэну къызэщIоплъэ,
ПкIатэ-лъатэу кърехьэкIыр и лъэм.

Сытым щыгъуи зыщIыпIэ сыпIащIэу,
А унэм куэдрэ сэ сыщымыхьэщIэт.
Ауэ мы зэм и адэм сэрэ хьэлъэу
Дыщыст, нэщхъейуэ ди нэхэр зэхуэплъэу.

Зэманыр кIуэрт. Зэгуэрым пшапэ зэхэуэгъуэу
СыкIуэрт хуэму, сытету лъэс лъагъуэм.
Абдежым къызолъагъур зэрымыщIэу
А пщащэр, зыщIыпIэ пIащIэу,
Мажэ, и щхьэцыр акъужьым зэIищIэу.

Зэхэпхагъэнущ уэри
Пщащэ гуэрым теухуа мы псысэр:
Пщащэм пэшэгъу къыхуэхъуати удыр,
Жэщыр щIылъэм къызэрысу,
Удым пщащэр зэрихъуэкIырт тхьэIухуду.
Хъыджэбзыр къакIуэу гу зэрылъатэу,
Тхьэ елъэIурт цIыхухэр хъунщIэпсынщIэету.

Сэри си гум къэкIыжащ а псысэр,
СызэрыIуплъэу пщащэ си нэIуасэм.
КъызгурыIуащ абдежым хэлъыр лIыгъэу
ГъэрыпIэм дизыIыгъэ лъагъуныгъэм.
И дыгъэ гуащIэу гъэмахуэ жьэражьэм,
Нэхэр къицIыщхъукIми плъыжьрэ плъыжьу,
Нэхугъэ гуэри къащIимыхыу жыжьэу.
Сэ къызоубыдыр абы и Iэр:
«ЕхьэкI-къехьэкI хэмылъу мыр къызжеIэт:
ЗыщIэпхъуэжар сыт апхуэдизу?
КъызыхэкIар ар дэрэжэгъуэ,
Гузэвэгъуэ,
Дзыхь къысхуэщIи,
КъызэхьэлIэ уи гур пфIэзыхузыр!»
Си Iупэхэр ескъузылIащ и Iэгум:
«Уэ зызакъуэращ ирихьыр си гум».
Ар къыхощтыкIыр, нэпс къыфIыпыткIур
Телъэдэжу къэцIыплъа и нэкIум.
Макъыншэу гъыуэрэ, ерагъкIэ
Пщащэм мыпхуэдэу къыжьэдокIыр:
«Къэзакъ щIалэщIэ,
Уи гулъытэм папщIэ
ПхузощIыр фIыщIэ.
Ауэ слъэкIынукъым си щэхур
КъэсщIыну нахуэ.
СынолъэIур, сигъэхужи уи гум,
Псэр щыбэуэжынкIи хъунщ мы щIыгум».

СимыIэу жей, симыIэу псэху,
ЕкIуэкIащ апхуэдэурэ махуитху.
СынрикIукI-сыкърикIукIыу,
Пэш цIыкIур лъэбакъуэкIэ щIэзбжыкIырт.
Хъыбар мыщIагъуэ къищу нэкIум,
Зы махуэ гуэр Явор къысхуокIуэ.
ЛIыжьым сыщыIуплъэм къысщыхъуащ
Бэлыхь гуэрым и щхьэцыр игъэтхъуа.
КъысхуеIуэтэж абдежым адэм:
«Си пхъур, къызэдэIуэн имыдэу,
Пщэдджыжь гуэрым, къыщищIым нэхулъэ,
ЩIэкIри, къызэрихькIэ и лъэ,
Пшагъуалъэ джабэм дэжу
ЩIэпхъуащ, зыгуэр къыщилъыхъуэжу.
СыкIэлъыщIэкIри,
Жэщ хъухункIэ къуакIи бгыкIи
Къэзмыгъанэу къызэхэскIухьами,
И лъэужь гуэри сытехьакъым,
А жэщым езыри унэм къэкIуэжакъым.
ЕтIуанэ махуэм и пщэдджыжьым
Зэрыжылэу пщащэм и лъыхъуакIуэ йожьэ.
Мэзи къурши къыщалъыхъуами зэпэджэжу,
Бгыхэрт тхьэджэ макъкIэ къапэджэжыр».

Махуэм и нэхуми къыхэщакъым и лъэужь -
Алыхьым ещIэ, пэщIэхуауэ хьэIуцыдзым
Зэпкъритхъыу пIэрэт абы и дзэм,
Е мыщэжьым, къыщихьэу и губжь,
Щикъутэрэ и IэплIэм дзажэналъэр,
Е гуэл щIыIэ щIагъым щIэлъу
ПIэрэ, уахътыншэ жей гъуэлъыпIэм илъу.
Сыт иджы? Чех къуажэм
Щыбгъуэтынущ унэ, зыри щIэмысыжу.
ЗиIуантIэу блынджабэхэм дэпщей
Хъумбылейрщ абы щыхэгъэрейр.
Допщ бжэ дазэм хъумбылейр.
БэджыхъкIэ зэщIипхауэ бэджым,
ЩIэсщ Явор а унэ фаджэм,
И щхьэ, гупсысэм игъэщхьэлъэр
Пасэрей тхылъыжьым телъу,
Къыдэшауэ мэлыхьыплIэу и тхыр,
ЖепIэхэр тэмэму зэхимыхыу,
Кхъэ мащэм къыпфIэщIынущ къиплъу
И нитI зэхэутхъуауэ къоплъыр.
УеупщIми зыгуэркIэ зэзэмызэ,
Жэуапыр къыхуетыжыркъым зэIубзу.
Си псэри хъуащ нэщхъеялъэ,
ЗэрыдэIэпыкъун къару хэмылъу.
Жызумей къудамэ игъуу цIывым,
Си гур зыгуэрым егъэгузавэ.
Япэхуным сызыхуэпабгъэр:
Пщащэм къысхуищIынырт лъагъуныгъэ,
Слъагъуу и гуфIэкIэр, зэхэсхыу зэрыпсалъэр,
Дызэхуэзамэ, гуапэу си Iэр дэслъэу.
Хъуэр къыщызидзкIи ауаныщIу,
И гушыIэм насыпыфIэ сищIырт.
Языныкъуэми къысщыдыхьэшхырт,
КъызжиIэу дэлъхуу сыкъыхихыу.
Хъыджэбзыр къызэлъэIурт зэзэмызэ
ХуэсщIыну я гугъу шэрджэс лъахэм,
Адыгэхэр щыпсэу мэзылъэ бгыхэм,
ЖесIэжыну хъыбарыжьхэу
КъаIуэтэжу зэхэсхахэр ди нэхъыжьхэм.
Сэри хуэсIуатэрт, зызгъэлIыхъуу,
Зауэ мурадкIэ къахуэкIуар къалъыхъуэу,
Шэрджэсым зэрыщIащыкIыр бгыи тафи,
ПщIэ леи зэрыхуащIыр Iэщэ-фащэм,
ЦIыхубзхэм зыщатIагъэр, я щыгъыныр,
Я хабзэр, я нэмысыр, я хьэл-щэныр.
ХуэсIуэтэжащ Машэ и гугъуи,
А гуэныхьлым зэгуэр къытеуэщ благъуи,
МафIэ щIидзэри игъэсыгъащ и унэр.
Щысащ хъыджэбзыр, нэпсым иуфауэ и нэр.
И Iэр и щхьэм щIэгъэкъуауэ щхьэжагъуэу,
Зэм къэцIыплъу, зэми хъужу фагъуэ,
И нитIри къилыдыкIыу ещхьу вагъуэм.

ЕпэркIэ игъэдахэурэ шым и щхьэр,
ЕIущащэурэ уанэр трилъхьэрт,
ЛъапцIэрыщэу иувэжырти лъэрыгъым,
Дыхьэшхыу щIэлъэтыкIырт уафэ щIагъым.

КъэткIухьт зэгуэр абырэ сэрэ,
Пшапэр псы гущIыIум щхьэщыгъуалъхьэрт,
Жыжьаплъэу пшэплъым игъэцIыплъырт уэсыр,
Хы тхьэрыкъуэм зэрызекъуэу къалъэтыхьырт.
Нэпсыр щIилъэщIыкIыу и нэ плъыжьхэм,
Пщащэр еплъырт хы тхьэрыкъуэ хужьхэм.
СоупщI:
«Щхьэусыгъуэншэу сыт ущIэгъыр?»
«СогууэщI,
Кърихри си лъахэ жыжьэм,
Къысхуихьащ сэ фIэхъус сэлам акъужьым».
«Абы щхьэкIэ сыт ущIэгууэщIыр?
УщIемыгъуэж,
Щытелъыджэщ мыбы гъащIэр!»
Мыбы щытелъыджэми,
Си лъахэр
Уафэ щIагъым щохъур нэхъри фаджэ.
Гъавэр бэв щыхъужыркъым и хьэсэм,
Бгыщхьэр щагъэнэхукъым уэсым,
Псы гущIыIуми щызэрызехьэу
Плъагъукъым хы тхьэрыкъуэм къалъэтыхьу,
Жызумейр хиухуанэркъым жыг щхьэкIэм
Щыплъагъукъым чыцэ нэбэнэушэм
Епэрыр дыхьэрэну щызыIэпишэу.

(КъыкIэлъыкIуэнущ).

Сурэтхэр Побережный Игорь
(Мэздэгу къалэ) ищIащ.

Поделиться: