Я псэ емыблэжу, лIыгъэ къагъэлъагъуэу

 Мэлыжьыхьым и 26-р Радиацэ къэхъукъащIэхэм я зэранкIэ дунейм ехыжахэм я фэеплъ махуэщ. Илъэс 36-рэ ипэкIэ Чернобыль АЭС-м гузэвэгъуэшхуэ къыщыхъуат. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу цIыху 2500-рэ хэтащ Чернобыль къыщыхъуа гузэвэгъуэм и лъэужьхэр гъэкIуэдыжыным. Ди жагъуэ зэрыхъущи, илъэс, махуэ къэс тхокI радиацэм и зэран зэкIа, лIыгъэшхуэрэ хахуагъэрэ къэзыгъэлъэгъуа цIыхухэр, абыхэм я узыншагъэр зэфIагъэувэжыным сыт хуэдэу емыгугъуми. 
Илъэс къэс мэлыжьыхьым и 26-м ди къэралым щрагъэкIуэкI чернобыльцхэм зэрахьа лIыгъэр ягу къыщагъэкIыж Iуэхухэр икIи псэухэр ягъэлъапIэ. 
Чернобыль щызэрахьа лIыгъэм и мемориалу Налшык къалэ дэтым деж фэеплъ махуэм пэкIу щекIуэкIащ. Абы кърихьэлIащ къызэрымыкIуэ щытыкIэхэмкIэ ведомствэхэм я лэжьакIуэхэр, Налшык къалэ администрацэм, дзэ комиссариатым я лIыкIуэхэр, а гузэвэгъуэм и лъэужьыр гъэкIуэдыжыным хэтахэр. Ветеранхэр къызэхуэсахэм яхутепсэлъыхьащ Чернобыль щагъэзэщIа лэжьыгъэм, ягу къагъэкIыжащ нобэ къахэмытыжхэр. Къызэхуэсахэм монументым деж удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ. 
 

УЭРДОКЪУЭ Женя.
Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ
25.04.2024 - 16:00 ЩIэщхъуитI