Хабзэхъумэ 200-м щIигъум лъы ятащЛъы зытым и махуэм Налшык къалэм щекIуэкIа псапащIэ Iуэхум хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и полицейхэри. Апхуэдэ Iуэхухэр къыщызэрагъэпэщащ республикэм и районхэми. Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу КъБР-м щыIэм, абы и щIыналъэ органхэм я IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лэжьакIуэ 200-м щIигъум лъы ятащ а махуэ. Хабзэхъумэхэм ящIэ зи узыншагъэм тегузэвыхьым и чэзум дэIэпыкъуэгъу хуэхъуным мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Iэмал имыIэу лъы зыхэкIэн хуей цIыху сымаджэщым къыщыщыхутэну дакъикъэр зыми ищIэркъым.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2024 - 14:33 →
Iус зэхэлъым къыщIэупщIэм хохъуэ
25.04.2024 - 13:00 →
Хэкур фIыуэ лъагъуным хуаущий
23.04.2024 - 19:01 →
ГъуэгуфIхэр нэхъыбэ мэхъу
23.04.2024 - 13:54 →
Зэхуэсышхуэм зыхуагъэхьэзыр
23.04.2024 - 12:52 →
Компьютер щIэпхъаджащIэхэм щахъумэ
|