Бэшэчыгъэ, лIыгъэ, быдагъэ

ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 50 гъэхэм я етIуанэ Iы­хьэм ди къэралым и пашэу щыта Хрущёв Никитэ и фIыгъэкIэ щIадзащ зи лъахэм залымыгъэкIэ ираша лъэпкъхэр хей щIыжыным. Дауи, хэкум къагъэзэжыну хуит ящIа лъэпкъ псор къэбгъэIэпхъуэжыныр тынштэкъым: балъ­къэрхэр ипэ­кIэ зыдэса къуажэхэм я нэхъыбэр зэхэкъутати, псэупIэхэр яхурикъуртэкъым.

Къэ­рал уна­фэщIхэр Iуэхум зэрегугъум нэмыщI, мы­хьэ­нэшхуэ иIэт балъкъэрхэр къызыхыхьэж лъэпкъ­хэр абыхэм къазэрыIущIэну щIыкIэми. И гъунэгъу мэжалIэмэ, абы и гуэныхьыр езым къихьу къэзылъытэу ноби псэу адыгэхэр гуапэу яIущIэжащ я къуэш балъкъэрхэм. Лей зытехьахэм ахэр ядэгуэшащ псэупIэкIи, ерыскъыкIи, щыгъынкIи. Адыгэхэри республикэм ис адрей лъэпкъхэри балъкъэрхэм зэрадэIэпыкъуам и фIыгъэкIэ псынщIэу зэфIэкIащ цIыхухэр къегъэблэгъэ­жыным, лэжьапIэ гъэувыным ехьэлIа Iуэхухэр.
РСФСР-м и Министрхэм я Советым 1957 гъэм къищта унафэм ипкъ иткIэ, дэтхэнэ унагъуэми кредиту иратащ псэупIэ ираухуэну сом мини 10, унэхэр зэрагъэпэщыжыным трагъэкIуэдэну сом мини 3, Iэщ къращэхуну сом мин 1,5-рэ. ИужькIэ а щIыхуэ псори хуагъэгъуащ. ИлъэситIым къриубыдэу унэщIэ мини 7-м щIигъу яухуащ, унагъуэ миным нэблагъэм къэрал фэтэрхэр иратащ. Апхуэдэу щIидзащ балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм. 
1959 гъэм ирихьэлIэу къулыкъушхуэхэм пэрытт балъ­къэри 100-м нэблагъэ. Курыт IэнатIэ зэмы­лIэужьыгъуэхэр зэрахьэрт 500-м щIигъум. Гулъы­тэшхуэ хуащIырт щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ зегъэужьыным. Куэд хыхьащ уэрэдымрэ къафэмкIэ «Кабардинка» ансамблым, къэрал филармонием. СССР-м, КъБАССР-м я тхылъ тедзапIэхэм къыщыдэкIащ балъкъэр лите­ратурэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа Мечиев Кязим, тхакIуэ цIэрыIуэхэу Кулиев Къайсын, Шахмурзаев Сэхьид, Гуртуев Берт, Отаров Керим сымэ, нэгъуэщIхэми я IэдакъэщIэкIхэр.
Iуэхур хуабжьу ирагъэфIэкIуащ блэкIа лIэщIыгъуэм и 80 гъэхэм я кIэухым, 90 гъэхэм я пэщIэ­дзэм Балъкъэр лъэпкъыр хей щIыжыным теу­хуауэ къэралым къыщыдагъэкIа унафэхэм. 1991гъэм мэлыжьыхьым и 26-м РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм къищтащ «Лей зытехьа лъэпкъ­хэр хей щIыжыным и IуэхукIэ» хабзэр. Къы­кIэлъыкIуэ илъэсхэм КъБР-м и Президентымрэ Правительствэмрэ я жэрдэмкIэ Урысей Федерацэм къыщащтащ балъкъэрхэм ехьэлIауэ мыхьэ­нэшхуэ зиIэ унафэ зыбжанэ. Лъэпкъыр зэрырагъэкIрэ илъэс 50 зэрырикъум тещIыхьауэ иужь­кIэ къащта унафэхэм пащащ балъкъэрхэр хей щIыжыным и Iуэхум. 
1995 гъэм ирагъэкIуэкIа референдумым ипкъ иткIэ, Iуащхьэмахуэ, Шэрэдж районхэр зэфIагъэувэжащ. Налшык и Долинск щIыпIэм щаухуащ залымыгъэм и лей зытехьахэм я архитектурэ мемориал гъуэзэджэ. Абы хэтщ лъэпкъым и усыгъэм и вагъуэ Кязим и кхъащхьэр икIи ар балъ­къэрхэм я бэшэчыгъэм, лIыгъэм, быдагъэм я фэеплъ хъуащ. 
Нобэ лъэпкъыр зыужьыныгъэм и гъуэгум ирокIуэ. Балъкъэрыбзэр мы зэманым адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ я гъусэу къэралыбзэщ. АбыкIэ утыку щохьэ телевиденэкIи радиокIи, газетхэр, журналхэр, зэреджэ тхылъхэр, псалъалъэхэр традзэ, балъкъэр тхакIуэхэм я тхыгъэхэр къыдагъэкI. Хей зэращIыжрэ блэкIа илъэсхэм балъкъэрхэм къахэкIащ еджагъэшхуэ, литератор, артист, спортсмен, политикэ лэжьакIуэ, лъэпкъым и щIыхьыр къэзыIэтыжа цIыху гуащIафIэ щэ бжыгъэхэр.
1944 - 1957 гъэхэм, гугъуехьрэ гуауэкIэ гъэнщIа илъэс 13-м, ягъэва бэлыхьхэр ящымыгъупщэу балъкъэрхэр япэкIэ мэкIуатэ, фIэщхъуныгъэ ин яхэлъу къэкIуэнум хуоплъэ. Республикэм щып­сэу адрей лъэпкъхэми хуэдэу, илъэс 65-рэ ипэкIэ зи хэку зыгъуэтыжа а лъэпкъым щыщхэм я къару псори ирахьэлIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым нэхъ­ри зиужьыным, абы мамырыгъэрэ захуа­гъэрэ, зэгурыIуэныгъэрэ зэIузэпэщыныгъэрэ илъыным. 
 

ЖЫЛАСЭ Маритэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист.
Поделиться: