Гъатхэм и Iэдий щхъуантIэхэрДыкъэзыухъуреихь щIыуэпсым и щытыкIэ зэхуэмыдэхэмрэ абыхэм яIэ плъыфэ зэмыщхьхэмрэ игу ириубыдэурэ, дунейм и зэхэлъыкIэм нэхъ куууэ хищIыкI хъууэрэ, цIыхум бгъэдэлъ щIэныгъэм зиузэщIащ лIэщIыгъуэкIэрэ. Нэхъыбэу абы гулъытэ зыхуищIыр къэхъукъащIэхэрат. Дунейм тет лъэпкъ нэхъыжь дыдэхэм ящыщ адыгэхэм я гъащIэр мэкъумэш щIэным, Iэщ зехуэным теухуауэ щытти, абыхэм ехьэлIа Iуэхугъуэ псоми зрагъэужьырт. Ар IупщIу щынэрылъагъущ ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм къыддекIуэкI хабзэхэмрэ зетхьэ лъэпкъ хьэлымрэ. Абыхэм хеубыдэ ди махуэрыбжэри. ЩIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэ цIэрыIуэхэм къазэрыхэщыжымкIэ, адыгэм ипэкIэ илъэсыр IыхьитIу ягуэшу щытагъэнущ - гъэрэ щIырэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, гъэмахуэ пIалъэрэ щIымахуэ пIалъэрэ. Абы и щыхьэту къыщIэкIынщ нобэ ди гъащIэм хэт псалъэухар: «Гъэрэ щIырэ зэхэкIащ». Нэхъ иужьыIуэкIэ илъэсыр пIалъиплIу ягуэш хъуащ: гъатхэ, гъэмахуэ, бжьыхьэ, щIымахуэ. Мыбы дэтхэнэ зыми мазэ щырыщ яубыдырт. Мазэм махуэ 30, ауэ щыхъукIэ, илъэсым махуэ 360-рэ къриубыдэу апхуэдэт. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, илъэс къэс махуэ зытхух къыдидзэрт. Ахэр адыгэхэм тхьэлъэIу махуэхэу къалъытэу щытащ. Апхуэдэ тхьэлъэIу махуэхэм ящыщт гъэрэ щIырэ щызэхэкI махуищыр, IутIыж, вакIуэдэкI, вакIуэихьэж, удзыпсзэутх, гъубжэдэх, Созэрэщ и тхьэлъэIу, Тхьэшхуэгухьэж, хъуромэ махуэхэр, нэгъуэщIхэри.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2024 - 14:33 →
Iус зэхэлъым къыщIэупщIэм хохъуэ
25.04.2024 - 13:00 →
Хэкур фIыуэ лъагъуным хуаущий
23.04.2024 - 19:01 →
ГъуэгуфIхэр нэхъыбэ мэхъу
23.04.2024 - 13:54 →
Зэхуэсышхуэм зыхуагъэхьэзыр
23.04.2024 - 12:52 →
Компьютер щIэпхъаджащIэхэм щахъумэ
|