Гъатхэпэ мазэм илъэсыщIэр кърагъыхьэт

Гъатхэпэ – гъатхэ «весна» пэ «начало». Мы псалъэ къэхъукIэм адыгэбзэм куэдрэ ущрохьэлIэ. Щапхъэ: бгыпэ Саур уанэр тIасхъэ ищIри, бгыпэм и шыр щилъэхъащ. Бжьэпэ. Махуэгъэпс бжьэпэм къыкIэлъыплъыжурэ и бий исахэмкIэ фIэхъус къигъанэт. Иужьрей зэманым нэхъыбэу къагъэсэбэпыр «гъатхэпэ» псалъэращ. Гъэрэ щIырэ щызэхэкIам къыщыщIэдзауэ япэ махуэ тIощIрэ пщIым зэреджэр аращ.
Мы «гъатхэпэ» жыхуиIэр адыгэ махуэгъэпскIэ дызэджэм щынэхъыжьщ. Сыту жыпIэмэ, Нэгумэ Шорэ и тхыгъэхэми хэтыр а мазэцIэращ: г а т х а пе м а з h – март.
Щам къыщыдэкIауэ щыта адыгэ махуэгъэпсми «гъэтхапэ» псалъэм ущрохьэлIэ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, Сириеми Тыркуми щыпсэу адыгэхэри гъэм и ещанэ мазэм зэреджэр аращ. Гъатхэпэ мазэм илъэсыщIэр къохьэ. А махуэшхуэм ирихьэлIэу мафIэщхьэтыхь адыгэхэм ящIырт, «гъэмкIэ, унагъуэмкIэ фIыщ, – жаIэрти. А махуэм и пщэдджыжьым уэлбанэу, уфауэ нэху къекIрэ, шэджагъуэ нэужьым дыгъэ къепсыжмэ, цIыхухэр гуфIэрт, «гъэмрэ щIымрэ зэзауэри гъэр текIуащ», - жаIэрти. ИлъэсыщIэ къихьар арат мафIэщхьэтыхь щIащIри. Адыгэ унагъуэхэр зэрыхуэщIа елъытауэ, абыхэм мафIэ дэлъ къудей мыхъуу, щыпщафIэу, лэгъуп IэмпIэ щызэфIадзэу жьэгу дапщэ яIэми, абы я бжыгъэ мафIэщхьэтыхь ящIырт.
Пасэрей адыгэ унагъуэхэр унагъуэшхуэу псэууэ апхуэдэт. Абыхэм зы мафIэщхьэтыхь фIэкIа ящIыртэкъым. Ауэ зэкъуэшхэр зэхэкIамэ, абы дэтхэнэ зыми мафIэщхьэтыхь щхьэхуэу ищIырт. ИужьыIуэкIэ Iэщым и пIэкIэ джэд яукI хъуащ, абы щхьэкIэ мафIэщхьэджэд жаIэу къаублащ.
Гъэрэ щIырэ щызэхэкI жэщым унагъуэм ису хъуар жейртэкъым. Ужейуэ илъэсыщIэр къибгъэхьэныр мыфIу ялъытэрт. ИлъэсыщIэм щхьэкIэ Iэнэ къащтэрт. Абы Iэмал имыIэу хьэлджей жыхуаIэм хуэдэ хъыршынищ телъын хуейт. Абы инэмыщIауэ мафIэщхьэтыхьу яукIам щыщ лы гъэва Iэнэм телът. Унагъуэм, лъэпкъым я нэхъыжьыр хъуахъуэрти, махъсымэ фалъэ яIэтырт, гъэр гъэ угъурлы яхуэхъуну тхьэм елъэIуу. ТхьэлъэIу шхыныр зыIуагъэхуа иужькIэ унагъуэм унэ гуащэм дэ яхуигуэшырти, псори дэ къегъэжэх джэгурт. Абы щхьэкIэ чий щабэ е пхъэмбгъу блыным ираупсейрти, псоми я дэ зырыз абы къраутIыпщхьэхырт. Зыгуэрым и дэ унэ лъэгум илъхэм ящыщ еIусамэ, ар абы къихьэхуауэ ябжырт. Мыр джэгукIэм къыщымынэу икIи гъэунэхупIэт. Адыгэхэм къащыхъурт, а гъэрэ щIырэ щызэхэкI жэщым дэ нэхъыбэ къэзыхьэхуам и Iуэхур а илъэсым сыт и лъэныкъуэкIи зэпэщыну.
ДжэгукIэм дихьэхахэр зэпеуэу, зэманыр псынщIэу кIуэрт. Пщэдджыжьым нэхулъэ къыщищIым и деж, нэхъыжьхэм сабийхэр псы ежэхым ягъакIуэрт; «кхъуэмрэ дыгъужьымрэ мы илъэсыщIэм псым зыхамыгъэпскIыхь щIыкIэ зывгъэпскI», жаIэрти. Абы сабийхэм я узыншагъэр игъэбыдэну, я узыфэхэр якIэригъэхуну ялъытэрт.
Муслъымэн диныр къащта иужькIэ, гъэрэ щIырэ щызэхэкIым и деж псым дзэндзэныпскIэ еджэ хъуащ. А псыр зэрыхъущхъуэм зыми шэч къытрихьэртэкъым, ауэ дэ къегъэжэх джэгукIэр щыIэжакъым.
Гъатхэпэ мазэм щIалэгъуалэм хъуромэ ящIырт. (Хъуромэ - чристэн диным щитам адыгэхэм Христос къыщалъхуауэ къалъытэу, ягъэлъапIэу щыта махуэ).  Нэхъыжьхэм ещхьу, щIалэгъуалэм къуажэр къызэхакIухьырт. Мыбы щыгъуэу хуагъэфащэ хъуромашэ ящIу щыщытари. ЩIалэгъуалэм матэкIэ тхьэлъэIу шхын къыхахырт. А псори зыщIыпIэ щызэхуахьэсырти япщэфIырт, Iэнэ яухуэрти зэхэст. Хъуромэ зыщIхэм мыхьэнэ иIэу къыщIэкIынут щIалэгъуалэ фIэкIа зэрыхэмытым.
Лъэпкъ куэдми гъатхэмрэ щIалэгъуалэм я джэгу-гушыIэмрэ зэпыщIауэ ялъытэ, гуфIэгъуэм, тхьэлъэIум щIалэгъуалэр нэхъыбэу хэтыхункIэ, насыпыр нэхъыбэ хъуну ябж. Абы и лъэныкъуэкIэ адыгэхэр адрейхэм къащхьэщыкIыу щытагъэнукъым. Ди зэманым хъуромэр сабий джэгукIэхэм ящыщ зыуэ къэнащ.
А тхьэлъэIухэм къищынэмыщIа, адыгэхэм Iэтауэ ирагъэкIуэкIыу щытащ Джор тхьэлъэIур. Мы тхьэлъэIум щызэхэзэрыхьащ мажусий динымрэ чристэн динымрэ ехьэлIа Iуэхугъуэхэр. Гъэрэ щIырэ зэхэкIа иужькIэ, щIалэгъуалэм гуахъуэм ещхьу пхъэ дыкъуакъуэм хьэуазэ е гъупщ Iэгуэ нэхърэ мынэхъ мащIэу фIыуэ зэкIуэцIаIуантIэрти дапхэрт. ИтIанэ, ахэр а гъэм гъавэ зытращIэну губгъуэм яхьырти щыхатIэрт. Пхъэмрэ мэкъу IуэнтIамрэ узэхуеплъмэ, чристэн жорым ещхь хъурт. Ауэ тхыдэм уриплъэжмэ, а жорым и лъабжьэр мажусий диным хуокIуэж. ЩIалэгъуалэм джорхэр губгъуэм щагъэува нэужь, тхьэлъэIум щIидзэрт. Абы и мыхьэнэ нэхъыщхьэу щытыр гъавэ зытращIэну губгъуэм щIалэгъуалэр зэрыщыджэгурт. Дунейр хуабэ къызэрыхъуу, нэхъыжьхэр тхьэм и губгъуэкIэ зэджэм кIуэрти, тхьэлъэIушхуэ къызэIуахырт. Абы IутыжкIэ еджэрт. Тхьэм и губгъуэр тхьэлъэIупIэу арат.
Зигу Iей илъыр абы ихьэ хъунутэкъым. А губгъуэм пщIэшхуэ хуащIырт. Абы и щыхьэтщ пхъэрым яIэщIэкIыу лIыукI а губгъуэм ихьам зыми и гугъу имыщIыу зэрыщытар. Iутыж тхьэлъэIум ипэ къихуэу адыгэхэр нэщIу, шхын зэхэгъэж ящIу щытащ. А нэщIыр зэфIэкIыхункIэ цIыхухэм кхъуей, гъэшхэкI фIэкIа нэгъуэщI зыIуагъахуэртэкъым. Iутыж тхьэлъэIур щекIуэкI махуэм цIыхухэм я щыгъын нэхъыфIхэр ящыгъыу тхьэм и губгъуэм кIуэхэрт. Унэгуащэхэм абы тхьэлъэIу шхын щIэщыгъуэхэр яхьырт. А махуэм щIалэгъуалэр къафэрт, джэгурт. Псом хуэмыдэу мыхьэнэшхуэ хуащIырт ини цIыкIуи удж хъурейм зэрыхэтым. Дунейр уэфIмэ, уджым хэтхэр тхьэм и губгъуэм икIырти, щIалэгъуалэм джорхэр зыхатIа гъавэ щIапIэм кIуэрт.
Уджыр тхьэлъэIу ерыскъыр хьэзыр хъухункIэ екIуэкIырт. ТхьэлъэIум сыт хуэдэ шхыныгъуэ къыщамыIэтами, Iутеж Iэнэм телъын хуейт джэдыкIэ гъэварэ хьэлджейрэ. Тхыгъэхэм зэрыхэтымкIэ, хьэлджейм сурэт гуэрхэр тетт, щыуэ зэбгъурыту. Ауэ а сурэтхэр зищIысыр ямыщIэу къэнащ. ЦIыхухэр шха иужькIэ джэгухэр, уджыр зэхаублэрт. БлэкIа лIэщIыгъуэм и кIэхэм щыгъуэ, адыгэхэм къахэнауэ яIащ Iутыжымрэ джор джэгумрэ къыдэхуа зыгуэрхэр.
Гъатхэпэ мазэм илъэсыщIэр кърагъыхьэми, тхьэлъэIу зэмылIэужьыгъуэхэр ящIми, мы мазэм цIыхухэр зэхуэгуапэу, гъатхэ махуэ зэрытехьам щхьэкIэ зэкIэлъыкIуэрэ зэхъуэхъухэу къэгъуэгурыкIуащ.

 

Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ