Пэ зиIэм кIэи иIэщ

И хьэсэпэ здынэс ищIэжыркъым.
«И лъэкIыныгъэр зыхуэдизыр ищIэжыркъым» жыхуиIэщ. Жылагъуэм щигъэзащIэ къалэным хуэмыфащэу щытым, зи мыIуэху хэIэбэм теухуауэ къапсэлъ.
КъызэрызащамкIэ узощэж.
Зэрызэхэсха дыдэм хуэдэу бжызоIэж. ЖаIэр зэрыпэжымкIэ шэсыпIэ щимыувэм деж къапсэлъ.
КIапсэр и псыгъуапIэм щызэпоч.
Зи Iуэху мыхъум нэхъ Iеиж къыщыхукъуэкIым деж къапсэлъ хабзэщ.
И щхьэр пкъуэлъу и лъэр пкъуокI.
ПэжкIэ къыббгъэдэмытыну цIыхум хужаIэ.
Къэзыдыгъур зы гуэныхьщи, зыфIадыгъур гуэныхьищэщ.
Диным ехьэлIащ. Зыгуэр зыфIадыгъуам куэдым шэч зэрахуищI, зэратрилъхьэм – «я гуэныхь къазэрытрихым» - щхьэкIэ апхуэдэу жаIэ хабзэщ.
КъыфIэдзэ си бзэгум.
Хъуэжэ и махуэр къызыхуэкIуам – къыжьэдэкIа псалъэм и зэранкIэ щытыкIэ гугъу иувам гушыIэ щIыкIэу жиIэ хабзэщ.
МафIэ здэщымыIэм Iугъуэ щыуркъым.
Псори зыгуэрым къыхокI. Нэхъ щыжаIэр зи пэжыпIэ дыдэр мыбелджылы хъыбар, псалъэмакъ гуэрхэр щызэрахьэм дежщ.
Псым хэмыхьэу бдзэжьей ишхын фIэфIщ.
Гугъу зрамыгъэхьу – «мыпщIантIэу тхъэн хьилагъэр дин зыхуэхъуахэм» ятеухуащ.
Псыпэр зэрыжэм псыкIэри ирожэ.
Гъэсэныгъэм ехьэлIауэ нэхъ къагъэсэбэп хабзэ псэлъафэщ: бынхэр (нэхъыщIэхэр) я адэ-анэхэм (нэхъыжьхэм) ядоплъей, я щапхъэм ирогъуазэ, абыхэм я лъэужьыр езыхэми яху.
Ямыгъэпсалъэ яукIыркъым.
ЦIыхур и щхьэ къыщхьэщыпсэлъыкIыну, къызыщхьэщыжыжыну, зыхуэуэчылыжыну хуитщ.
Щхьэ къуийм и лажьэр щхьэ псом ищIэркъым.
НэгъуэщIым игъэвыр, и Iуэху зыIутыр зыхэзымыщIыкIхэм яхуэгъэза псэлъафэщ.
Пхъэ щакъутэм къуэщIий щолъей.
Щыуагъи ныкъусаныгъи къыхэмыкIыу мыхьэнэшхуэ дыдэ зиIэ Iуэху зэфIэкIыркъым, жыхуаIэщ.
Пэ зиIэм кIэи иIэщ.
ЖаIар е нэгъуэщI зыгуэрыр ирикъуну, абдежым щыухын хуейуэ къыщалъытэм деж къапсэлъ хабзэщ.
Нэдым и щхьэр умытIатэу, хьэ илърэ ху илърэ пщIэркъым.
ЦIыхур умыгъэунэхуауэ, зыхуэдэр пщIэнукъым.
Мылъкур (былымыр) уэсэпсщ.
КъокIуэ-мэкIуэж жыхуиIэщ. Нэхъыщхьэр зэрыармырар жыIапхъэу къыщалъытэм деж къапсэлъ хабзэщ.
Насыпыр пщэдджыжьым ягуэш.
Жьыуэ укъэтэджу уи Iуэху иужь уихьэн хуейщ жиIэу аращ.
УзыгъэтIыс уиубыжыркъым.
ТIысыну хуит ящIам зыщрилъэфыхьым деж ягъэгушхуэу жраIэ хабзэщ.
Дзы зиIэ и нэIэ щIэтщ.
Зытешыныхь гуэр зиIэ цIыхур бэлэрыгъыркъым: абы а зытешыныхь дыдэр псоми я Iуэхуу къыщохъу.
Емыса лэгъупэжь хъурэ.
IэнатIэ, Iуэхугъуэ гуэрым къигъэувыр ягъэзащIэу зэремысар, абыхэм зэрыхуэмышэрыуэр жаIэну щыхуейм и деж къапсэлъ хабзэщ.
Жыгыжьыр иту, жыгыщIэр йобэт.
«ЛIэныгъэр жьыгъэ-щIагъэкъым» жыхуиIэщ: жьы хъуар къанэу щIалэ дыдэри дунейм ехыжынкIэ мэхъу.
Жьабэ нэхърэ шабэ нэхъ шэрыуэщ, шабэ нэхърэ жьабэ нэхъ губзыгъэщ.
Мы псалъэжьым къикIыр, дэ къызэрыгурыIуэмкIэ, узытеплъар къебгъэпсыхыфу шэрыуэ ухъун папщIэ, псалъэкъым узыхуейр – атIэ нэщанэ уеуэурэ зэрызебгъэсэн, шэ куэду уиIэн зэрыхуейрщ. Ауэ сыт хуэдизкIэ лъэщу цIыхур шэрыуэми, абы и Iущагъыр къэзыгъэлъагъуэр къыжьэдэкI псалъэрщ.
Мастэ гуапэщи, мастэ гуауэщ.
ЦIыхум зы тIэкIукIэ и гуапэ пхуэщIынущ, зы тIэкIукIи и жагъуэ пхуэщIынущ.
ПащIэм къимыхьар жьакIэм къихьыжыркъым.
УщыщIалэм къыпхуэмылэжьар уи жьыщхьэ къыпхуэлэжьыжынукъым.
Псы Iуфэм Iусым псы икIыпIэр ещIэ.
Щхьэж езыр зэрыс, зыпыщIа щIыпIэм, абы къыщыхъу-къыщыщIэхэм нэхъ щыгъуазэщ, а щIыпIэм щымыпсэухэм е пэIэщIэу псэухэм нэхърэ.

Щауэ Къэлидар.
Поделиться: