Узэригугъэм хуэдэкъым

Пасэрей алыджхэм щIакхъуэ лIэужьыгъуэу 24-рэ ягъажьэрт. Псом нэхърэ нэхъ IэфIу къалъытэр «самидамита» щIакхъуэрат. Ар хьэжыгъэ нэхъыфI дыдэм къыхащIыкIырт. Пасэрей эллинхэм щIакхъуэу ягъэжьэну тхьэвым хадэхэкIхэр, пхъэщхьэмыщхьэхэр, кхъуейхэр халъхьэрт. Апхуэдэуи иджырей пыченэхэм, бисквитхэм, пряникхэм ещхьхэр ягъажьэрт.

* * *

Сахариныр япэ дыдэу къэзыгъуэтар химик Фальбергщ. Ауэ илъэс бжыгъэ куэд дэкIауэщ ар къызэрыгуэкI фошыгъум нэхърэ 500-кIэ зэрынэхъ IэфIыр къыщахутар.

* * *

КIыхьагъыр къызэрабж «метр» пщалъэр Париж щыIэ щIэныгъэхэмкIэ академием къыхилъхьэри, 1791 гъэм къащтауэ щытащ. Ауэ ЩIы хъурейм и хэгъуэгу куэдым занщIэу къэгъэсэбэпын щыщIадзакъым ар. Къэбгъэлъагъуэмэ, Урысейм зэрыщыбжэ сажнэр щызэрахъуэкIар 1918 гъэм и фокIадэ мазэрщ.

* * *

Унэхэм бжыгъэ тетхэныр къыщагупсысар Лондонщ. Апхуэдэу нэхъ тыншт письмохэр зейм Iэрыбгъэхьэжыну.

* * *

 Нэгъуджэм и гугъу ящIу щыщIадзар XII лIэщIыгъуэрщ. ГъэщIэгъуэныр зыщ: ар япэ щIыкIэ зэрымыщIэкIэ къагупсыса хъуащ, итIанэ нэхэм нэхъыфIу зэрыригъэлъагъур къэзыхутар нэмыцэ щIэныгъэлI Кеплерщ (1571 - 1630). Ауэ абы и ужькIи илъэси 150-рэ дэкIын хуей хъуащ нэгъуджэ  щIыным, къэгъэсэбэпыным щIэныгъэ лъабжьэ игъуэтыным. Урысейм нэгъуджэхэр къыщагъэсэбэпу щыщIадзар дапщэщми зэхэкIауэ щыткъым. Ауэ 1636 гъэм щыIа зы дэфтэр гуэрым къызэригъэлъагъуэмкIэ, XVII лIэщIыгъуэм и ещанэ Iыхьэм ар зиIысыр ящIэу щытащ.

* * *

Гъуэгухэм асфальт телъхьэныр иджыри пасэрей Вавилоным къыщагупсысащ. Ауэ ар телъхьэн щагъэтыжри, 1712 гъэм Швейцарием къыщаублэжащ. Абы щыгъуэм асфальтыр унэ щащIкIэ къагъэсэбэпу арат, иужькIэ, 1822 гъэм гъуэгум, тралъхьэу щIадзэжащ.

* * *

Урысей Федерацэм исхэм шейм пащI щыIэкъым. Абы ефэхэм я куэдагъым тепщIыхьмэ, ди къэралыр дуней псом щынэхъ пажэхэм ящыщщ. Абы япэ къищыр Инджылызымрэ Тыркумрэщ.

Статистикэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, махуэ къэс шей йофэ балигъхэм я процент 93-р, сабийхэм я процент 98-р. Ауэ щыхъукIи, къэдгъэлъэгъуа бжыгъэм и Iыхьэ щанэр крушкIи 4 е нэхъыбэ йофэ.

КъызэрабжамкIэ, Урысейм и  цIыхухэр зы илъэсым хуэзэу шей крушкIэ 550-рэ йофэ, е махуэм зы крушкIэрэ ныкъуэрэ.

Ди къэралым кърашэ ерыскъыхэкIхэм я деж увыпIэ щхьэхуэ щеубыд шейм. Ар хохьэ упсэун папщIэ узыхуей шхыныгъуэу къалъытахэм.

* * *

Вольтер и унэм тхэн щIэзыдзагъащIэ усакIуэ ныбжьыщIэхэр куэдрэ щыплъагъурт. Франджы тхакIуэ цIэрыIуэм и гуапэу иригъэблагъэрт ахэр икIи чэнджэщ щхьэпэхэр яритырт. Апхуэдэу зы щIымахуэ пщыхьэщхьэ гуэрым мафIэр щыпIэнкI хьэкум и джабэм Iусу Вольтер усакIуэ ныбжьыщIэм щедаIуэм, къыпыгуфIыкIри жиIащ:

 - Уи Iэдакъэ къыщIэкIа мы усэхэм мафIэ нэхъыбэ хэлъу, мы хьэкум уи усэ нэхъыбэ илъу щытамэ, мыпхуэдизу щIыIэм дисынутэкъым.

* * *

Италием щыIэ Ортон къалэм дэт пощт къудамэм письмо къахуэкIуащ. Абы тетхат: «Ортон дэс уэчыл нэхъ акъылыншэ дыдэм хузогъэхь». А тхыгъэм куэдрэ «къикIухьащ» зыми къащтэн ямыдэу. Зэгуэрым, зэман зыкъом дэкIауэ, зы уэчыл гуэр тегушхуащ письмор зэтричыну. Конвертым ахъшэшхуэ къызэреIыпх хъун чек дэлът, тхыгъи щIыгъут: «КъызэрыщIэкIымкIэ, а узэригугъэм хуэдэ дыдэу уакъылыншэкъым уэ!».

* * *

Ижь зэманым къызэрыгуэкI цIыху куэдым властыр зыIэрагъэхьэфащ, пащтыхьхэм ныбжьэгъу пэж зыхуащIурэ. Ауэ къыщыхъу щыIэт я ныбжьэгъум и ней къащыхуамэ, щIэх дыдэу къыщекIуэтэхыж е лIа нэужьи пщIэшхуэ щыхуащI.

* * *

«Алиса в стране чудес» таурыхъ цIэрыIуэр зэхэзылъхьар Оксворд университетым математикэмкIэ щезыгъэджа Кэррол Льюисщ. Ар и лэжьыгъэм къыщыдэхуэхэм деж итхауэ щытащ щIэныгъэлIым.

Инджылызым и пащтыхь гуащэ Викторие а таурыхъым къеджа нэужь, хуабжьу игу ирихьащ икIи Кэррол и Iэдакъэ къыщIэкIа адрей тхылъхэр икIэщIыпIэкIэ къыхуахьыну унафэ ищIащ.

Пащтыхь гуащэм и лъэIур псынщIэ дыдэу хуагъэзэщIащ. Ауэ абы хуабжьу игъэщIэгъуащ Кэррол и адрей тхылъ псори математикэм теухуауэ къызэрыщIэкIар.

* * *

Профессор Швейцер Альберт щIэныгъэ зэхуэмыдэхэмкIэ доктор диссертацэу 3 пхигъэкIат. Абы и цIыхугъэ, щIэныгъэ гъуэгум техьагъащIэ щIалэ гуэр еупщIащ:

- Доктор лэжьыгъэу 3 пхыбгъэкIыныр дауэ пхузэфIэкIа?

- А псори Iуэху къызэрыгуэкIщ, - жиIащ Швейцер къызыфIимыгъэIуэхуу. - ЩIэныгъэхэм я доктор ещанэу къыщIысфIащар тIу сиIэти аращ, етIуанэр щIыпхызгъэкIыфар щIэныгъэхэм я доктор цIэр зесхьэти аращ,  япэр къыщIэзлэжьар щIэныгъэ степень сиIэтэкъыми аращ.

ДОХЪУШОКЪУЭ Дисэ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ