Мэжджытхэм ягъэщIэращIэ махуэгъэпс

КъБР-м и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и нэIэ щIэту дунейм къытехьащ 2022 гъэм и махуэгъэпс. КъыдэкIыгъуэр дунейм къытехьэным хэлIыфIыхьащ республикэм фIыуэ къыщацIыху тхылътедзэ Тхьэкъуахъуэ Iэуес.

Нэр игъафIэу, инрэ щхъуэкIэплъыкIэу традза махуэгъэпсым и IуплъапIэм тетщ Налшык зыгъэщIэращIэ ухуэныгъэхэм яхыубжэну зыхуэфащэ, Къанокъуэ Арсен иригъэщIа, Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэр щылажьэ мэжджытышхуэр. Дэтхэнэ зы мазэми адыгэ, балъкъэр къуажэхэм дэт мэжджытхэм ящыщ зым  и сурэтым уIуегъаплъэ.

ЩIышылэм и напэкIуэцIым ди нэгум къыщIегъэувэ ШэджыхьэщIэ Марие Псынабэ дригъэщIыхьауэ щыта ухуэныгъэ къызэрымыкIуэр.  АдэкIэ  Терскол, Малкэ, Балъкъэр Ипщэ, Нарткъалэ, Эльтюбю, Уэзрэдж, Бедык, Бахъсэн, къинэмыщI къалэхэмрэ  къуажэхэмрэ дэт мэжджытхэр щыдолъагъу къыдэкIыгъуэм. Сыт хуэдэ блыни игъэщIэрэщIэн хуэдэу екIуу, гъэм и махуэхэр, махуэшхуэхэр, зыгъэпсэхугъуэхэр нэгъуэщIыфэкIэ къыщыхэгъэщащ махуэгъэпсым. Блыным тыншу фIэзэгъэн хуэдэу, абы и напэкIуэцIхэр гъущI кIапсэ  псыгъуэкIэ зэкIэрышхащ, и напэхэр тхылъымпIэ Iувым къыхэщIыкIащ, хьэрфхэмрэ бжыгъэмрэ инщ икIи IупщIщ.   Республикэм щыщ дэтхэнэ зыри зыщыгуфIыкIын къыдэкIыгъуэ екIуу дунейм къытехьа махуэгъэпсыр  тхылъ  тыкуэнхэм  къыщIалъхьакIэщ.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ