Пшыналъэр зэчыр зыхуэхъужа ГуащэкъарэУрыс-Кавказ зауэм и гуащIэгъуэм хиубыдащ иджы Къэрэшей-ШэрджэскIэ зэджэ Хьэжрэт Къэбэрдейм и къэунэхугъуэр. «Къэбэрдейр ди IэмыщIэм илъщ, къэбэрдейхэр иджыри илъкъым», - иратхэрт урыс генералхэм Мэзкуу ирагъэхь дэфтэрхэм. А щIыналъэм щыщт Япэ дунейпсо зауэм и зэманым адэжь щIыналъэр ябгынэныр зи натIэ хъуа БырмамытI зэкъуэшищыр. Революцэ къэблагъэр фIым ущызымыгъэгугъ хъыбаркIэ уэркъ унагъуэм къыщыпежьэм, зэшитIым хуабэуз къызэуэлIа языхэзыр Къэбэрдейм къашэж-ри, езыхэр Хэкум икIахэщ, сымаджэр лIэмэ, ар щIалъхьэжыныр благъэхэм пщэрылъ хуащIри. Тыркум щытIысу иужькIэ хэкущIэ хуэхъуа Иорданием и лIыкIуэу щыта, пащтыхь Хъусен и щхьэхъумэхэм я Iэтащхьэу, Иордан дзэм и штабым и унафэщIу лэжьа БырмамытI Фоуаз ди газетеджэхэм яцIыхупхъэщ. Ауэ куэд щыгъуазэкъым хуабэузым имылIыкIыу Къэбэрдейм къина зэкъуэшхэм я ещанэм иджыпсту Хэкум щыпсэу БырмамытIхэ къызэрытехъукIар. А лъэпкъ хьэлэмэтым щыщт илъэс бгъущIкIэ узэIэбэкIыжмэ, щIышылэм и 15-м дунейм къытехьауэ щыта, КъБР-м щIыхь зиIэ артисткэ цIэ лъапIэр зезыхьа пшынауэ Iэзэ БырмамытI Гуащэкъари. И дунейр ихъуэжыным илъэс зыбжанэ иIэу «Адыгэ псалъэм» и хьэщIэщым къытхуеблэгъауэ щыта бзылъхугъэ губзыгъэм и ущиехэр гъуазджэми езы гъащIэми хэт дэтхэнэ зым и дежкIэ нобэми щхьэпэщ. ДэнэкIэ удаIуэми, «кIыритI-мыритIщ» я нэхъыбэр СэрмакъкIэ зэджэ адыгэ къуажэм зы хъыджэбз цIыкIу щыпсэурт… пшынэ ирамыгъауэу. И шыпхъу нэхъыжьыр пшынауэ Iэзэт, ауэ а зэманым а IэщIагъэр куэдым зэрамыIэм къыхэкIыу, унэрыхьэ-унэрыкIыу гуфIэгъуэхэм къыщрашэкI пшынауэхэр гугъу ехьырт. Унагъуэ ихьа и шыпхъур къыщашэжым жэщ псокIэ къуажэр къызэхэзыкIухьу пшынауэ зымыгъуэта адэм тхьэ иIуэри, ипхъу нэхъыжьыр пшынауэ ищIакIэт. Ауэ иIуэтэжа нэужь, пшынауэу ущытыным пылъ гугъуехьым пхъу нэхъыщIэр щахъумэн мурадкIэ иджы хъыджэбз нэхъыщIэм пшынэр фIагъэпщкIурт. АрщхьэкIэ, Iущым зэрыжиIащи, Iэзэм зебгъэужьыну ухуеймэ, Iэмал иумыт: хэлъэт зиIэм езым и гъуэгу къигъуэтыжынущ. Нэхъыжьхэр губгъуэм лэжьакIуэ щыIэху, школым къикIыжа хъыджэбз цIыкIум, ар ебланэ классым щIэс Гуащэкъарэт, пшынэ гъэпщкIуар къигъуэтырти, пшыналъэр къызэрихырт… Дамэ стетамэ, сылъэтэнт Гуащэкъарэ и щIалэгъуэр иджы тхыдэ хъужащ. «Къэбэрдей народыр езым и псэм фIэфIу» Урысейм гуэтт, республикэм лъэпкъым и фIэщIыгъэр зэрихьэрт, IуэхущIапIэхэр зэрылажьэри дэфтэрхэр зэрызекIуэри адыгэбзэт а зэманым. Нэхущ уджыр Телефоныр къемыжьэ щIыкIэ, гухэлърэ хъыбаррэ зэIэпыхын къалэныр уэрэдхэмрэ письмохэмрэ ягъэзащIэу щытащ. «Къызэпсалъэ, телефонкIэ къызэпсалъэ», - мэлъаIуэ совет зэманым цIэрыIуэу щыта уэрэдхэм ящыщ зыр. «Смс» къысхуегъэхь!» -жеIэ нобэрей уэрэджыIакIуэм. Ауэ дунейр иджыри «кIапсэкIэ щызэпамыщIа» зэманым щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ я гурылъхэр зэрызэлъэIэсыр уэрэдрэ къафэкIэт. Мы уэрэдым и псалъэхэри и макъамэри зэхэзылъхьа ДыщэкI Залымхъан Гуащэкъарэ зэрыдэпсэуар илъэс закъуэщ. Мылицэм хэт щIалэм усэбзэри макъамэри хуэжыIэщIэу а зэманым зыри щыгъуазэтэкъым. Уэрэд зыхилъхьар радиом ихьри абы и унафэщIым елъэIуащ Гуащэкъарэ иригъэдэIуэну. Шууищэ щхьэкIэ дыкъикIуэтынукъым Дуней псом тегуэша адыгэ лъэп- къым зи лъабжьэр щыукъуэдия БырмамытIхэ зэпэIэщIэ ищIарэ нэхъ гъунэгъу зэхуищIыжарэ жыIэгъуейщ, Гуащэкъарэ и къуэпсыр здынэса къэралхэм уащыхэплъэкIэ. Абы хеубыдэ и къуэрылъху хъыджэбзыр щыпсэу Иорданиери, и пхъурылъху пщащэм и насып къыщигъуэта Америкэри. Ахэр зыхэхуа ха-мэ къэрал адыгэ унагъуэхэр сыт щыгъуи хьэзырщ анэшхуэ цIэрыIуэр ирагъэблэгъэну. Ар икIи Гуащэкъарэ мызэ-мытIэу къехъулIащ - Иорданием Къатхэ я деж, Чыгъэдухэ я деж Нью-Джерси штатым мызэ-мытIэу щыIащ. Хэкум Гуащэкъарэ зэм и пхъум деж Налшык, зэм и къуэм деж Къармэхьэблэ щожьыщхьэ махуэ. «Адыгэ унагъуэжьу допсэу, шууищэ щхьэкIэ дыкъикIуэтынукъым», - и псалъэ къэс егъэблагъэр щIагъыбзэу щIэту мэуэршэр Гуащэкъарэ. Ауэ нобэ пшынэм нэхърэ игу нэхъ дыхьэр зэчырхэращ.
Поделиться:
Читать также:
23.04.2024 - 18:33 →
«Дыщэ джыдэ цIыкIур» зыхуагъэфэщахэри яхэту
18.04.2024 - 14:05 →
ГъэсакIуэ цIэрыIуэр ящыгъупщэркъым
18.04.2024 - 12:26 →
АдыгэбзэкIэ ятхам адыгэбзэкIэ тепсэлъыхьу
18.04.2024 - 11:18 →
ЦIыхубэр зэрыгушхуэ
17.04.2024 - 11:56 →
Щамырзэ Моникэ и гъащIэмрэ лэжьыгъэмрэ
|