БзэщIэныгъэри удэзыхьэхщ

«Бгы», «абгъа», «бгэ» жыIэкIэхэр бзэ зэблагъэхэм къызэрыщыкIуэм теухуауэ.

Адыгэбзэм хэт «бгы» псалъэр абхъаз-абазэ бзэхэм дызыщрихьэлIэ «абгъа» («бгъа») жыIэкIэм къытехъукIауэ хуегъэфащэ абхъаз щIалэ, псалъэхэм я къежьэкIэ хъуар, я лъабжьэр (этимологиер) зэхэгъэкIыным, бзэ зэблагъэхэр джыным, ахэр зэгъэпщэным куэд щIауэ дихьэх жылагъуэ лэжьакIуэ, тхыдэдж-этнолог, журналист, «Кавказыр псоми ди зэдай унэщ» проектым и къызэгъэпэщакIуэ Дасание Давид.

- «Абгъа»-«бгъа» псалъэм абхъаз-абазэ бзэхэм мыхьэнэуэ тIу щиIэщ: зыр (япэ пычыгъуэм нэхъ щытракъузэкIэ) - цIыхум е псэущхьэм и «тхыцIэщ», етIуанэр («бгъа» пычыгъуэр къыщыхагъэщкIэ) - «Iуащхьэщ», «бгыщ», е «къыр задэ лъагэшхуэщ», - щетх Интернетым езым къыщызэIуиха и сайтым зи гугъу тщIы щIалэм. - «Абгъа»-«бгъа» жыIэкIэм хуэкIуэу адыгэбзэм (кIахэми, къэбэрдейми) хэт «бгы» псалъэми мыхьэнэуэ тIу иIэщ: япэр - «Iуащхьэ»-м хуэбгъакIуэ хъунущ, етIуанэр - цIыхум е псэущхьэм и тхыцIэм щыщ Iыхьэу дзажэналъэмрэ шхужьымрэ я зэхуаку дэлъ «бгы»-ращ. Ауэ, гъэщIэгъуэныракъэ, мы иужьрейуэ зи гугъу тщIы Iыхьэм хуэгъэзауэ абхъазыбзэм «абгъадзарэ» псалъэри къыщагъэсэбэп. Бзэ зэблагъэхэм зэщхьыщэу хэт я апхуэдэ зэхэухуэнэкIэр зэрымыщIэкIэ къэхъуа Iуэхукъым.

Языныкъуэ тхыдэджхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, абхъазхэми адыгэхэми я деж къызэрыщекIуэкIауэ, нэхъ пасэу псэуахэм ящыщ гуэр Тхьэшхуэм хуэтхьэусыхэну е Iуэхуу къыдэмыхъуам ехьэлIауэ бгэн хуейуэ къилъытамэ, лъагапIэ гуэрым дэкIуейрт. Ди япэ итахэм апхуэдэ хабзи зэрахэлъам и щыхьэтщ ди бзэхэм къыхэна псалъэхэри: абхъаз - «абгъара» (макътеуэр иужьрей пычыгъуэм тохуэ), адыгэ - «бгэн», «бгыбзэ» (кIахэ), «гыбзэ» (къэбэрдей).

Зи гугъу тщIы жыIэкIэхэм ехьэлIауэ иджыри зы телъыджэ. Адыгэхэм «бгыпэ» псалъэм кърагъэкIыр, зэрытщIэщи, «лъагапIэм и нэз» е бгы нэхъ лъагэм и лъабжьэкIэ щыIэ Iуащхьэ цIыкIу мыхьэнэхэращ. Ар дыдэм хуокIуэ абхъазыбзэм хэт «апгып», «абгъап» псалъэхэри.

БЭРАУ Бышэ.
Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ