Зэхуэсышхуэр ягъэIэпхъуэМосква шыщхьэуIум и 25-29-хэм япэу щрагъэкIуэкIыну яубзыхуа щэнхабзэ зэхуэсышхуэр пандемием къыхэкIыу бжьыхьэм ягъэIэпхъуэ. Урысей Федерацэм и щIыналъэ псоми щыщу зэфIэкI зиIэ сабий минитIым нэблагъэ абы хэтынущ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэкIэ абы зыкъыщигъэлъэгъуэну ирагъэблэгъащ Нартан къуажэм и «Вагъуэ цIыкIухэр» сабий ансамблыр, цIыхубэ къафэхэмкIэ щапхъэу къалъытар. Гупым и художественнэ унафэщIыр КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къурашэ Эдикщ.
Поделиться:
Читать также:
28.04.2024 - 15:02 →
ЦIыху лъэужьыфIэм и фэеплъ
27.04.2024 - 17:14 →
Витебск зыкъыщагъэлъэгъуэнущ
27.04.2024 - 13:04 →
Макъамэм зэфIэкI щызиIэхэр
27.04.2024 - 10:01 →
Макъамэ Iэмэпсымэхэр зыгъэбзэрабзэхэр
26.04.2024 - 15:39 →
ПащIэ Бэчмырзэ и дыщэ пхъуантэр
|