Сэтэней и махуэр ягъэлъапIэ Сэтэней гуащэ и жьэгу мафIэр маблэ, Илъэс зыбжанэ хъуауэ Сэтэней и махуэр (Адыгэ цIыхубзым и махуэр) ягъэлъапIэу, зэпеуэ гъэщIэгъуэнхэр, зэхыхьэ щIэщыгъуэхэр иращIэкIыу къокIуэкI. Адыгэу дуней псом тетым мэкъуауэгъуэм и 23-м гукъинэжу зэдагъэлъэпIащ ар. Зэпымыууэ а махуэщIым гулъытэ хуэзыщIхэм ящыщщ КъШР-м щIыхь зиIэ и журналист, анэдэлъхубзэмрэ хабзэмрэ зи Iэпэгъуу лъэпкъым хуэлажьэ Къардэн Заремэ. - Адыгэ дунейм адыгэ бзылъхугъэм куэд дыдэ щелъытащ. Иджырей гъащIэм къыщылъыс жэуаплыныгъэм цIыхубзыр пэлъэщыфу, сыткIи а цIэм хуэфащэу щытын хуейщ, - жеIэ Къардэн Заремэ. - Нартхэм я чэнджэщэгъу, цIыхубз Iущ Сэтэней гуащэ и цIэм хуэфащэу зыкъэзыгъэлъагъуэ адыгэ бзылъхугъэ пажэхэр ди мащIэкъым. Зи IэщIагъэкIэ, дуней тетыкIэкIэ цIыхубз щыпкъэхэм си нэтынхэр ятезухуэну сфIэфIщ. Апхуэдэщ филологие щIэныгъэхэм я доктору, КъШР-м, КъБР-м, АР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэу, зи IуэхущIафэрэ дуней тетыкIэкIэ щапхъэу къекIуэкIа Бэчыжь Лейла, дохутыр Iэзэ Уэзы ФатIимэ, IэпщIэлъапщIэ Еутых Ася сымэ, нэгъуэщIхэри. Ахэр ящыщщ зи цIэ ящымыгъупщэнухэм.
Поделиться:
Читать также:
28.04.2024 - 15:02 →
ЦIыху лъэужьыфIэм и фэеплъ
27.04.2024 - 17:14 →
Витебск зыкъыщагъэлъэгъуэнущ
27.04.2024 - 13:04 →
Макъамэм зэфIэкI щызиIэхэр
27.04.2024 - 10:01 →
Макъамэ Iэмэпсымэхэр зыгъэбзэрабзэхэр
26.04.2024 - 15:39 →
ПащIэ Бэчмырзэ и дыщэ пхъуантэр
|