КIэух зэIущIэхэми гур къыщIаубыдакъым

«Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэм и къулыкъум Шакъ Ашэмэз зэрыпрагъэувэрэ ди щIалэхэм ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэр иджыри къэс мыIейуэ къехъулIат. Джэгугъуищым тIэунейрэ щытекIуат, ещанэми къыщыхагъэщIатэкъым. Зы лъэныкъуэкIэ ар гъуэзэджэт. Абы щыгъуэми зыщыдгъэгъупщэртэкъым налшыкдэсхэм къапэщIэтахэр зэхьэзэхуэм къыщыкIэрыхухэр зэрыарар: «Интер»-р - епщыкIутхуанэт, «ТIуапсыр» - епщыкIуханэт, «Мэшыкъуэ-КМВ»-р – епщыкIутIанэт. Зэпеуэм командэ пщыкIубл фIэкIа зэрыхэмытыр къэплъытэмэ, абыхэм зэратекIуэн хуейр хьэкът. Апхуэдэу щыт пэтми, гупыр зэкъуэувэжыну, тегушхуэну Iэмал ягъуэтат. Арати, дызэресауэ, адэкIи фIым дыпэплъэрт.
 Мэкъуауэгъуэм и 2-м къытхуеблэгъа Таганрог и «Форте»-м ди гугъуэфIхэр зэуэ къызэпиудащ. Къызэрызэрагъэпэщрэ куэд мыщIами, абы и тренер нэхъыщхьэ Гордеев Андрей гуп хъарзынэ зэкъуигъэуват. Хьэлэмэтрати, мы зэIущIэм и пэм къихуэу хьэщIэхэмрэ хэгъэрейхэмрэ турнир таблицэм ебланэ-еянэ увыпIэхэр щызэдагуэшырт, топ дагъэкIахэмрэ къыхудагъэкIахэмрэ къищынамыщIауэ адрей бжыгъэ псомкIи къанэ щымыIэу зэтехуэу. ЖыпIэнурамэ, «Спартак-Налшыкымрэ» «Форте»-мрэ зэхуэфащэ дыдэ зэхьэрхуэрэгъут. Абы зыкъомкIэ IупщI къищIыпхъэт нобэрей ди командэм и зэфIэкI нэсыр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм зэIущIэр зэрыщекIуэкIым хэгъэрейхэм тегушхуэныгъэ нэхъ къахилъхьэрт. Аращ ахэр япэ дакъикъэхэм щыщIэдзауэ ерыщу икIи къаруушхуэкIэ ебгъэрыкIуэу щIыхуежьар. Псом хуэмыдэу гугъу зригъэхьырт иужь джэгугъуитIым плIэнейрэ къыщыхэжаныкIа Хьэшыр Алан. Ар щIэхъуэпсырт и ехъулIэныгъэхэм къыпищэну. КъикIуэт ищIэртэкъым япэ дивизионым щыджэгу Песчанокопскэм и «Чайка»-м илъэситIкIэ хэтыну Iэ тезыдзауэ къэнэжа джэгугъуэ зытIущым «Спартак-Налшыкым» къыхуэсэбэпыжыну хущIэкъу Iэпщацэ Марати.
Адрейхэри текIуэныгъэм хуэпабгъэт икIи я лъэкI къагъанэртэкъым. АрщхьэкIэ, дапхуэдизу гугъу зрагъэхьми, топыр гъуэм яхудэгъэкIыртэкъым.
Нэгъабэ Таганрог щыIэу, зэхьэзэхуэм и япэ къекIуэкIыгъуэм, бжыгъэр къызэIуамыхауэ икIи зэрытемыгъэкIуауэ лъэныкъуэхэр зэбгъэдэкIыжат. Иджыри абы Iуэхур хуэкIуауэ куэдым къащыхъуат, джэгум хухаха зэманыр и кIэм щынэблэгъам. АрщхьэкIэ Гордеевым и гъэсэнхэм зэуэзэпсу зыкъызэкъуахащ икIи, апхуэдиз къару къыздрахыжар къыпхуэмыщIэну, «Спартак-Налшыкым» лъэщу къебгъэрыкIуэ хъуащ, Iэмал имыIэу текIуэн хуейуэ къапэщылъым хуэдэу. Ди гъуащхьэтет Къардэн Имран зэм гупыр къригъэлащ, пэгъунэгъу дыдэу къызэуа топым къригъэгъазэри. КъыкIэлъыкIуа удыным абыи зыри хуещIэжакъым.
Ди щIалэхэм Iуэхур ягъэзэкIуэжыну зэмани къаруи яIэжтэкъым.
Шакъ Ашэмэз и унафэм щIэту «Спартак-Налшыкыр» апхуэдэ щIыкIэкIэ япэу къыхагъэщIащ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, хуэфэщэн хьэрхуэрэгъу къызэрыпэщIэхуэу, ар икIуэтащ. Апхуэдэу зэрымыщIэкIэ къащыщIами, къэхъуам дерс гуэрхэр къыхахынуми мы зэхьэзэхуэм щыщу къэнэжа джэгугъуитIым къагъэлъэгъунут. Япэм Мейкъуапэ щыдэджэгунут зэпеуэм къыщыкIэрыху «Дружба»-м, етIуанэм къригъэблэгъэнут пашэхэм япэмыжыжьэ Дон Iус Ростов и СКА-р.
Абы щыгъуэми IупщI хъуа хуэдэт «Спартак-Налшыкыр» зыхэт гупым щытекIуэу япэ дивизионым кIуэну хуитыныгъэ къэзыхьынур хэтми. Бэлыхь гуэр къэмыхъумэ, бжьыпэр зыубыдынур Краснодар и «Кубань»-рат. Ар абы къехъулIауэ убж хъунут, блэкIа джэгугъуэм зэрыхэмытам хуэдэу: и хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэ «Кубань-Холдинг»-р и стадионым къыщыхагъэщIат. Къэнэжа джэгугъуитIым зэ фIэкIа щытемыкIуэми, краснодардэсхэм япэ увыпIэр я Iэрылъхьэт. Я хьэрхуэрэгъухэр зэпеуэм къыщыкIэрыху дыдэхэм ящыщ «Интер»-мрэ «ТIуапсымрэ» зэрырар къэплъытэмэ, бэнэныгъэм кIэ игъуэтат.
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2020-2021 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм и мыгъэрей Iыхьэм щыщIадзэжа гъатхэпэ мазэм «Спартак-Налшыкым» Мейкъуапэ и «Дружба»-р 3:1-уэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм зэрыщыхигъэщIам къытщигъэхъуат ди командэр зэхьэзэхуэм хъарзынэу хуэхьэзыррэ дяпэкIэ дэрэжэгъуэ къыдитыну. АрщхьэкIэ адэкIэ къыкIэлъыкIуа мазищым хьэкъ къытщащIащ зыми фIыкIэ зэрызэримыхъуэжар икIи, иужькIэ тренер нэхъыщхьэу нэгъуэщI ягъэувами, псори зэрыщыту къызэрынэжар. Нэгъаби хуэдэу, налшыкдэсхэр зэфIэкI щIагъуэ зимыIэхэм къахэнащ икIи Адыгейм мэкъуауэгъуэм и 9-м щыфIахьа иужькIэ наIуэ хъуащ епщIанэ увыпIэм зэрыфIэмыкIыфынур.
 «Дружба»-мрэ «Спартак-Налшыкымрэ» гъатхэпэм зэрызэхуэзэрэ я щытыкIэм щIагъуэу зихъуэжатэкъым – тIури турнир таблицэм и етIуанэ Iыхьэм къызэрыщынат. Апхуэдэу щыт пэтми, мы зэхьэзэхуэм щыщу иужь дыдэ зэIущIэр зи стадионым щезыгъэкIуэкI мейкъуапэдэсхэр щIэхъуэпсырт къыдэщIыну къэкIуахэм гуIэфIтещIэж хуащIыну. Ар абыхэм къайхъулIащ, хуабжьу гугъу дехьами.
Бжыгъэр къызэIуамыхауэ джэгум и япэ Iыхьэр кърахьэлIа иужькIэ, налшыкдэсхэм я ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщхэмкIэ етIуанэр ирагъэжьащ. Абыхэм пэмылъэщыж хъуа «Дружба»-м и футболистхэм я гъуэм пэмыжыжьэу хабзэр къызэпаудащ. ЗэIущIэм и судья нэхъыщхьэ Сочэ щыщ пщащэ Опейкинэ Верэ куэдрэ мыгупсысэу метр пщыкIузым и деж игъэлъэгъуащ. Ди щIалэхэм ящыщу пенальтихэр зыгъэзащIэ хабзэ Пащты Руслан мы джэгум зэрыхэмытым къыхэкIыу Iуэхур и пщэ иралъхьащ Шумахуэ Заур. Ар лъэщу икIи тегъэпсауэ топым еуа хуэдэт, арщхьэкIэ хэгъэрейхэм я гъуащхьэтетым фIэкIакъым.
Метр пщыкIузым и деж щыту къызэрыхэмыжаныкIыфам «Спартак-Налшыкым» и лъэр щIигъэхуащ. «Дружба»-м ар Iэзэу къигъэсэбэпащ икIи Iэшэ Анзор 76-нэ дакъикъэм ди гъуащхьэхъумэхэм яIэщIэкIри, мейкъуапэдэсхэм текIуэныгъэр къахуезыгъэхьа топ закъуэр къытхудигъэкIащ.
Арати, етIуанэу зэкIэлъхьэужьу «Спартак-Налшыкыр» 0:1-уэ къыхагъэщIащ. Тхьэмахуэ ипэкIэ къытхуеблэгъа Таганрог и «Форте»-р а бжыгъэмкIэ къефIэкIат, иджы Мейкъуапэ абы къыщытригъэзэжат.
Зэхьэзэхуэм и Iуэхугъуэ нэхъыщхьэри зэфIэкIыпат. Черкесск щыIэу 7:0-у щIыпIэ «Интер»-р хэзыгъэщIа Краснодар и «Кубань»-м бжьыпэр Iэрыхьащ икIи япэ дивизионым кIуэну Iэмал игъуэтащ. Абы и иужь зэIущIэм топищ зэуэ щыдигъэкIащ гупым и капитан Мамты Хьэсэн, зэ къыхэжаныкIащ Абдокъуэ Нурий. Гъурф Азэмэти хуабжьу жыджэращ.
ИщхьэкIэ кIуэтэфын папщIэ лицензэ къызэрырамытам къыхэкIыу Павловскэм и «Кубань-Холдинг»-р иужь джэгугъуэхэм ныкъуакъуэжыщакъым. Ар зэхьэзэхуэм щытекIуами япэ дивизионым ягъэкIуэнутэкъым, и Iуэхухэр (стадионыр, базэр, спорт школыр…) абы зэрыхуэмыщIар и щхьэусыгъуэу. Арати, нэхъыфIу къалъытагъэнщ я щIыналъэм щыщ краснодардэсхэм гъуэгур хуит хуащIмэ. Армырамэ езыхэм я пIэкIэ Томск и «Томь»-р япэ дивизионым къыхагъанэнут.
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2020 - 2021 гъэхэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм и кIэух зэIущIэм «Спартак-Налшыкым» къыщригъэблэгъат Дон Iус Ростов и СКА командэ цIэрыIуэр. Турнир таблицэм къыщахьыну увыпIэм елъытауэ абы зыри и мыхьэнэжтэкъым: хьэщIэхэм - етхуанэр, дыдейхэм - епщIанэр яубыдати, адэкIи-мыдэкIи кIуэтэнутэкъым. АрщхьэкIэ зэпеуэм и иужь дыдэ зэIущIэр дэтхэнэми хъарзынэу кърихьэлIэну хуейт, дэрэжэгъуэ нэхъ яIэу мазэкIэ загъэпсэхун папщIэ.
Тхьэмахуэ ипэкIэ Мейкъуапэ къыщыхагъэщIа ди щIалэхэм занщIэу зрачащ, къыдэщIхэм я гухэр фIы ящIыжын мурадкIэ. Ар абыхэм мыIейуэ къайхъулIащ. Пэжщ, псынщIэ дыдэу, етхуанэ дакъикъэм, къалэжьа пенальтир Iэпщацэм къыхуэгъэсэбэпакъым. Тхьэмахуэ ипэкIэ Адыгейм и къалащхьэм а къалэн дыдэр Шумахуэ Заур зэрыщыхуэмыгъэзэщIар къэплъытэмэ, «Спартак-Налшыкым» и зи чэзу зыгъэсэгъуэ лъэхъэнэр къызэрыщIидзэн хуейр метр пщыкIузым и деж щыту ди футболистхэр гъуэм еуэфу гъэхьэзырынырщ.
Пенальтир къемыхъулIами, налшыкдэсхэм я ебгъэрыкIуэныгъэхэр къагъэтIэсхъакъым. Иджыри дакъикъэ тIощI дэкIатэкъым, хьэщIэхэм я штрафнойм имыхьэххэу, лъэщу икIи хуэзэу Дэхъу Ислъам зэуа топыр СКА-м и гъуащхьэтетым хъым кърихыжын хуей щыхъуам.
Хуэм-хуэмурэ ди щIалэхэр щIэужьыхэжащ. Иджы абыхэм я ебгъэрыкIуэныгъэхэр апхуэдэуи шынагъуэжтэкъым. Псом хуэмыдэу ар наIуэ хъуащ загъэпсэхуу къихьэжа иужькIэ ростовдэсхэм бжыгъэр зэхуэдэ щащIыжам. ХьэщIэхэм ящыщ Донсковыр Iэзэу ди гъуащхьэхъумэхэм я зэхуакум дэцIэфтри, Антиповми ебзэджэкIыжащ. Иджы псоми щIэрыщIэу къыщIэдзэжыпхъэт.
Аргуэру къаруушхуэкIэ «Спартак-Налшыкыр» ипэкIэ кIуэтащ. АрщхьэкIэ зыкъомрэ СКА-м и гъуэм бгъэдыхьэфакъым. Ар къыщехъулIар джэгум хухаха зэман нэхъыщхьэр щиух дыдэращ. Ашуев Мурад хьэщIэхэм я гъуащхьэтетым щхьэпридза топым текIуэныгъэр ди щIалэхэм къыхуихьауэ къэплъытэ хъунут.
Езы хэгъэрейхэми апхуэдэу къащыхъуащ. АбыкIэ мыарэзыр Дон Iус Ростов къикIахэрат. КъалъыкъуэкIа ехъулIэныгъэмкIэ налшыкдэсхэр зыр адрейм ехъуэхъухукIэ, СКА-р псынщIэ дыдэу ебгъэрыкIуащ икIи напIэзыпIэм бжыгъэр зэхуэдэ ищIыжащ.
Iуэхум зыгуэркIэ зригъэхъуэжыну «Спартак-Налшыкым» къаруи зэмани иIэжтэкъым. Арати, текIуэныгъэр зи Iэрылъхьэу пасэIуэу къэзылъыта ди щIалэхэм ар яIэщIэкIащ. Уеблэмэ къыхагъэщIэнми зы мащIэщ иIэжар.
Дигу иридгъэфIынщ адыгэ щIалэ гуп зыхэт Краснодар и «Кубань»-м, бжьыпэр Iэрыхьэу, япэ дивизионым кIуэну Iэмал зэригъуэтам. Мэкъуауэгъуэм и 15-м иригъэкIуэкIа иужь зэIущIэм абы 7:1-уэ «ТIуапсыр» щыхигъэщIати, а командэм и капитан Мамты Хьэсэн, Абдокъуэ Нурий, Гъурф Азэмэт сымэ топ зырыз я хьэрхуэрэгъухэм щыхудагъэкIащ.
Апхуэдэу иухащ 2020 - 2021 гъэхэм Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щызэхэта зэхьэзэхуэр. Дыпэплъэнщ къыкIэлъыкIуэнум, фIы куэдкIэ дыщымыгугъ пэтми.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Сурэтхэм: «Спартак-Налшыкыр» зыхэта зэIущIэм япэу и судья нэхъыщхьэу щыта бзылъхугъэ Опейкинэ Верэ.
Зэхьэзэхуэм щытекIуа Краснодар и «Кубань»-м и капитан Мамты Хьэсэнрэ гъуащхьауэ ныбжьыщIэ Абдокъуэ Нурийрэ зи чэзу ехъулIэныгъэр ягъэлъапIэ.
Ди щIалэхэм я хьэрхуэрэгъухэм топ худагъэкIащ.

Жыласэ Заурбэч.
Поделиться:

Читать также: