Мэрем пшыхь

Щхьэхынэ

Хъыбар

Зы къуажэ гуэрым унагъуэ щыпсэурт, зыхущыщIэ мы дунейм темыту. Щыхь куцIрэ фо цIынэрэ яшхырт, ящыгъыр шылэрэ данэрэт. Я мэлыр хъушэт, я шыр гуартэт, я былымыр Iуэм къикIын шэджагъуэ хъуху иухтэкъым. Я гуныкъуэгъуэр зыт: зы щIалэ цIыкIу закъуэ яIэти, узижагъуэну щхьэхынэт. АпхуэдизкIэ щхьэхынэти, тхьэмахуэм зэ зитхьэщIу арат.
Зы жэщ гуэрым Щхьэхынэ зыщIэлъ пэшым фа­джэладжэ дыдэу хуэпауэ зы фызыжь къыщIыхьащ. Ар Щхьэхынэ щхьэщыхьэри, жиIащ:
- Тэдж.
- Щыгугъи щыт абдеж, - хущхьащ Щхьэхынэ. - Сыбгъэтэджынумэ, IэплIэкIэ сыкъащтэ.
Фызыжьыр башкIэ ину унэ лъэгум теуэри дунейр зэуэ къэкIэрэхъуащ. КъэкIэрахъуэри, Щхьэхынэ напIэзыпIэм пэшышхуэ нэщI гуэрым къыщIэхутащ, мывэ упса щIыIэм телъу, щIагъщIэлъ фIэкI щымыгъыу.
- Ей-й! - кIиящ Щхьэхынэ. - ЩIыIэм сес, зыгуэр къыстефпIэ!
АрщхьэкIэ, пэшыр щымщ. Щхьэхынэ аргуэру кIиящ. ИтIанэ абы фызыжьым и макъ къызэхихащ:
- Мор хьэкущ. КIапсэ сенэм щIэлъщ. Мэзыр гъунэгъущ. Пхъэ къэхьи, мафIэ ищIэ.
- Мы уэлбанэшхуэми? - мэгъынанэ Щхьэхынэ.
- Мыуэлбанэтэмэ, унэр мыщIыIэтэмэ, мафIэ сыткIэ ухуейт?
Щхьэхынэ кIапсэ къищтэри, гъынанэурэ щIэкIащ. Унэм зэрыщIэбэкъукIыу уэшхым щигъэтащ, дыгъэр гуфIэжу къыкъуэкIыжащ, мэзыр къэпсэужащ. А псори игъэщIагъуэуэрэ Щхьэхынэ мэзым щIыхьащ: «Уа, ей, мэзыр мыпхуэдизу дахэу хэт и гугъэнт!» - йогупсыс ар, игъащIэм мыпхуэдэ дахагъэ зымылъэгъуар.
Зэуэ Щхьэхынэ и щхьэщыгум къуаргъым и макъ къыщыIуащ:
- Къэрр-р, къэрр-р… къэрабгъэ солъагъу.
Къуаргъым къанжэр къыпэджэжащ:
- КIа-кIа-кIапсэ иIыгъщ. Феплъыт, шынауэ мэкIэзыз.
- Кыш, щхьэгъавэхэ,  къыкъуэкIащ мыщэр. Абы Щхьэхынэ зыкъыхуегъазэ: - УемыдаIуэ абыхэм. Махуэ псом жыгыщхьэм тесхэщ, ящIэн ямыгъуэту… ИIэ, уэри ущымыт, пхъэ гъур къэщыпи, пхуэхьынум хуэдиз сэ пхузэкIуэцIыспхэнщ…
Щхьэхынэ жеIэ: «Дэнэ сэ пхъэ гъур къыздисхынур? Мы жыг абрагъуэхэм сапэлъэщынукъым».
- Iэгъу-гъу, - зригъэзыхащ мыщэм. - Мыр пхъэкъэ? Мыр-щэ? Мыбы нэхъ пхъэфI дэнэ къипхын. Езыр гъурым, жыгейм, хьэкум зэриплъхьэу, дэп жьэражьэ хъунущ.
Щхьэхыни илъагъурт ар, ауэ зыхуегъэзыхыртэкъым, и ныбэр зэран къыхуэхъурт. Сытми Iыхьсыхьышхуэ жиIэурэ, пхъэ IэплIэ къищыпащ. ПщIэнтIэпсыр ирикъуэкIыу, жыг лъабжьэм зыщигъэпсэхуну етIысэха къудейуэ, мыщэр къеджащ:
- КъакIуэ, мыр уи IэплIэм пхуислъхьэнщи, кIуэж.
Пхъэр щытрилъхьэм, Щхьэхынэ вырвырву пэкIэ щIихуащ.
- Ау-уей, уи инагъым хуэдиз уи къарууншагъщ, - ауан къищIащ мыщэм. - Пхъэр ныптеслъхьа нэужь, занщIэу уемыжьэ, хьэлъэм зегъаси, итIанэ хуэмурэ бакъуэ…
Щхьэхынэ етIуанэ махуэм пхъэ IэплIитI къихь хъуащ. Псы къэхьын, пэш къэпхъэнкIын, мафIэ щIын, пщэфIэн жыхуэпIэхэм хуэмурэ зригъэсащ.
Фызыжьым деж зэрыщыIэрэ илъэситI нэблэгъауэ, махуэ гуэрым ар абы къеджащ. Ар пщIантIэкум итт, шы дэгъуэ IумпIэкIэ иIыгъыу:
- Иджы уэ зыми щхьэхынэщ къыпхужиIэжыфынукъым. Зэи зыщумыгъэгъупщэ - лэжьыгъэр зэран зыхуэхъуа щыIэкъым. КIуэж, тIасэ, уи адэ-анэм я деж. КIуэж, икIи уигу игъэлъ: лэжьыгъэм, уи пщIэнтIэпс хьэлэлым къыпэкIуам нэхърэ нэхъыфI щыIэкъым…

ШэджыхьэщIэ  Хьэмыщэ.

ГушыIэ

Дыгъэм хуэзанщIэу згъэтIылъат

Хъуэжэ бжэныхъуэт. Махуэ хуабэ гуэрым бжэнхэм къакIэлъикIухьурэ ешат, пщIэнтIати, и гуэбэнэчыр зыщихащ. Ар хъупIэм щигъэтIылъащ, езыр бжэнхэм якIэлъежьэри фIыуэ IукIуэтащ.
Пщыхьэщхьэм, гуэбэнэчым лъыхъуэурэ мэлыхъуэ гуэрым хуэзащ. ЗылъыхъуэмкIэ мэлыхъуэр къыщеупщIым, Хъуэжэ:
- Си гуэбэнэчыр мы губгъуэм щызгъэтIылъати, згъуэтыжыркъым, - жиIащ.
- Дэнэ деж здэбгъэтIылъар?
- Дыгъэм хуэзанщIэ дыдэу згъэтIылъат.
- Iэу… атIэ къэбгъуэтыжынщ, лъыхъуэ нэхъыфIу, - къыжриIащ мэлыхъуэм.
Жылау  Нурбий.

ЖыIэгъуэхэр
Къамэ зыгъэдалъэ нэхърэ, акъыл зыбгъэдэлъ

♦КIапсэ зыпычар гуанэ имыIэу пхузэпыщIэжынукъым.
♦Зи блэкIар къизымыдзэм и къэкIуэнури щIагъуэкъым.
♦Жеймрэ фадэмрэ уапыщIэмыувэ, абыхэм пэлъэща щыIэкъым.
♦Благъэжьым и пащхьэм благъэщIэр щомыгъэпIий.
♦И чэзум умыщIа Iуэхур къыдэхыжыгъуейщ.
♦Гуащэр тIысауэ игуэшырт дыгъэр: и пхъум бжьыхьэ дыгъэр хуигъазэрт, и нысэм гъатхэ дыгъэр хуигъэфащэрт.
♦Унагъуэм щумыгъэса сабийр уэрамым щыбущиину ухэмыт.
♦ЦIыхум и дуней тетыкIэр зэлъытар бгъэдэлъ гъэсэныгъэрщ.
♦Иджырей зэманым пIэщIэкIам хуэдизщ къыпIэщIалъхьэжынур.
♦Хъарбызым и теплъэмкIэ и кур зыхуэдэр къыпхуэщIэнукъым.
♦Уи быныр къодыгъуэжмэ, хэт и деж тхьэусыхакIуэ укIуэн?
♦Гужьеяр губжьам нэхърэ нэхъ Iеижщ.
♦Къэзыщэхум фIэлъапIэщи, зыщэм фIэпудщ.
♦Лъагъуныгъэри жьыгъэри икъукIэ гъэпщкIугъуейщ.
♦Гуныкъуэгъуэ бынкIэ зимыIэм, фIыгъуэ псори Тхьэм къыбгъэдилъхьащ.
♦ГъащIэм и IэфIагъым хуэдизи и дыджагъщ.
♦Мывэ хъурейр уи япэкIэ бгъэжэн хуей хъумэ, нэхъ цIыкIуу къыхэх, ущIегъуэжынкъым.
♦Къамэ зыгъэдалъэ нэхърэ, акъыл зыбгъэдэлъ.
♦Мыхъуапсэу псэу щыIэкъым.
♦Фо зиIэр нэгъуэщI IэфI мэлъыхъуэ.
♦ЗэгурыIуэ здэщымыIэм сыт хуэдэ Iуэхури щыхьэлъэщ.
♦ПситI зэхэлъэдар зэхэзыхыжыфын щыIэкъым.

КIурашын Алий.

ГъукIэ Маринэ

«Бэджыхъым» ирихьахэр

Iуэтэж

Ленэ и гъащIэм интернетым нэхъ гурыфIыгъуэ зэрыхэмытыр куэд щIауэ ещIэ. Ар абы и дежкIэ пхуэмыIуэтэн гуфIэгъуэщ. Мы дунейм зыхуей псор щимыгъуэтмэ, абы здэкIуэн щIыпIэ сыт щыгъуи иIэщ. «Адрей дунейм» къызэрыщыхутэу, абы дамэ къытекIэм хуэдэщ. Ныбжьэгъухэм хуейми сыти жрыраIэ, ауэ мис аращ ар къызыгурыIуэ цIыхухэр здэщыIэр. Абы ныбжьэгъухэр щикуэдщ. ГъащIэм хужымыIэну псалъэ куэд интернетым щыхуэIуэтэнущ. Абы зэрихьэу, гушхуэныгъэ къыпкърохьэ. ГъащIэм ар щыхэт?! КъызэрыгуэкI студенткэщ… Интернетым йохьэри, ар мэхъу «Хыгуащэ». А тIур зэхуэдэ хъун?! И напэкIуэцIым къихьэхэм я письмо цIыкIухэм хуеймэ жэуап ирет, хуэмеймэ ауи къеджэххэркъым. И сурэтхэм дамыгъэ нэхъ лъагэхэм фIэкIа къалэжьыркъым!
Интернетым щекIуэкI и гъащIэр щIэщыгъуэщ. Махуэ къэс ныбжьэгъущIэ, сурэтыщIэ, письмо гъэщIэгъуэнхэр… Мыдрей гъащIэм апхуэдэ хэткъым. Абы сыт щыгъуи зыщ къыщыхъур: унэ, еджапIэ, библиотекэ. Зэшыгъуэщ…
Мис, нобэ гукъыдэж иIэкъыми етх:
Сынэщхъейщ…
ЗанщIэуи, къыхуэгузавэхэм я упщIэхэр дэнэ лъэныкъуэкIи къоIукI: Сыт къэхъуар? Хэт уи жагъуэ къэзыщIар? СыткIэ сэбэп дыхъун? Хьэуэ, Ленэ ещIэ а упщIэхэр къезытхэр зэрыпэжыжьэр, уеблэмэ хэбгъэзыхьмэ, сэбэп къызэрыхуэмыхъуфынури. Ауэ, итIанэми, зэрыжаIэ къудейм и гур хегъахъуэ.
Мес, уеблэмэ, «Пират» жиIэу зыгуэрым къыхегъэзыхьыпэ:
- Апхуэдэ хъыджэбз дахэм  хэт  и  жагъуэ  къэзыщIар???
- ЩыIэщ апхуэдэхэри…
- Сэ сщIынутэкъым…
- Псоми аращ жаIэр…
- Сэ адрейхэм сарещхькъым, сынэгъуэщIщ…
Дзыхь къысхуэпщI хъунущ…
- Ар чэнджэщ гъэщIэгъуэнщ: зэи умылъэгъуам уи дзыхь ебгъэзыну…
- Зэи умылъэгъуам уепсэлъэну нэхъ тыншщ…
 - Ар хэт жызыIар?
 - Сэращ…
-
Апхуэдэу «МэзылI» гуэри къыхуогузавэ:
- Сыт узыгъэнэщхъейр?
- Щхьэусыгъуэ сиIэщ…
- КъэхъуаIа?
- УщIэгузэвэнышхуэ къэхъуакъым…
- Умынэщхъей
Хьэуэ, Ленэ интернетым фIэкIа Iуэху имыIэу аракъым. Абы и гъащIэм нэгъуэщI Iуэхугъуэ Iэджи хэтщ. Псалъэм папщIэ, музей, галерее, концерт зэхуэмыдэхэм кIуэну абы зэрытриухуэрэ илъэс мэхъу, зэкIэ хущIэмыхьауэ аращ. Ямылейуэ интернетым искъым ар! Махуэм сыхьэтищ е сыхьэтиплI, хьэмэ сыхьэтитху… Хъунщ, сыхьэтиблым фIигъэкIыркъым. ФигъэкIми, щхьэусыгъуэкIэщ: абы зыхуей хъыбар Iэджэ къыщегъуэт.
Аргуэру къокIуэ письмо:
- Уи гукъыдэжым зыкъиIэтыжа?
- ТIэкIу…
- Арамэ нэхъыфIщ…
- Укъызэрысхуэгузавэм щхьэкIэ упсэу
Абы хэту, Ленэ игу къокIыж и анэм махуэ псом зэ зэремыпсэлъар! Ар дауи, гузэвэнущ! Анэм деж псэлъэну телефоныр къищтащ Ленэ, ауэ абы хэту аргуэру «письмо» къэкIуащ. Зэ, мы зым еджэжынщи, итIанэ и анэм епсэлъэнщ…
ДызыфIэмыкIуэдын щхьэкIэ къытхуагупсыса Iэмэпсымэхэм я бэджыхъым дрихьауэ, псори докIуэд…

Сабийхэм папщIэ

Хьэщыкъуей Олег

Сэ мамэ сиIэкъым

Сэ мамэкIэ зыми седжакъым,
Хэтми си мамэр сымыщIэ.
Папэ игъащIэм слъэгъуакъым,
И гугъэ хъунщ сыщымыщIэ.
Нани и щIакхъуэ сэ сшхакъым,
Сыщыжеякъым и куэщI.
Дадэ и гъусэу хадэм ситакъым,
СриIэу имыщIэ сэ сфIощI.
СыщIэсщ Сабий унэм си закъуэ,
Гъуатэмэ пэш щIыIэм къыщIех.
Слъагъуну си мамэ зэ закъуэ,
Сыхъуапсэу сэ сыIурех.
МахуэкIэ сыIусщ щхьэгъубжэм,
ПщIантIэм къыдыхьэхэм соплъ.
Зыгуэр къытеуIуэмэ бжэм,
Мамэ си гугъэу гур йолъ.
КхъыIэ, сабий хыфIэвмыдзэ,
Схуэдэу зыри зеиншэ фымыщI.
Сабийр фэ зыуи къивмыдзэм,
ЩыIэщ сабий щIэхъуэпс фэр нэмыщI.

Пэжкъым ар!

ГъэщIэгъуэнкъэ, мы ди нанэ!
ЖеIэ, сэ сыфоуэ,
СыIэфIыбзэу, сыфоупсу,
Фошыгъупс сщыхуауэ.
Ауэ хъуркъым ар си фIэщ,
МэгушыIэ нанэ.
Хьэдзыгъуанэм сашхыжам,
Сыт ищIэнт итIанэ!?

ЛъэIу

Сабийм и гу пцIанэм
Дыркъуэ тевмылъхьэ.
Сабийм фемыуэ,
Сабийр фымыукI.
Щапхъэ фыхуэхъуу
Хьэл-щэн зыхевгъалъхьэ.
Вгъасэ цIыху нэсу,
 ФытемыплъэкъукI.
СыныволъэIу, лIэун!
Сабий нэпс щIэвмыгъэж.
Сабийм и къэкIуэнур
ИщIэркъым зымикI.
Сабийм и дыгъуасэр
Хуэхъунщ и пщэдей.
Сабийм и гуэныхь
Фхуэпшынынкъым фэ зэи.

Сэ балигъыу сыщытамэ...

Сэ балигъыу сыщытамэ,
Си сабийм семышхыдэнт.
«ТIу» къихьауэ къэкIуэжамэ,
Сэ и жагъуэ сымыщIынт.

Сэ балигъыу сыщытамэ,
Си сабийм сеущиент.
Зэран гуэри илэжьамэ,
Сымыгубжьу сепсэлъэнт.

Сэ балигъыу сыщытамэ,
Си сабийр ныбжьэгъу къэсщIынт.
Сэ и дзыхь къызигъэзамэ,
Ар зы цIыхум къимыщIэнт.

Сэ балигъыу сыщытамэ,
ТIэкIу сабийуи сыщытынт.
Дыгъэджэгу сабийм жиIамэ,
Си сабийм сыдэджэгунт.

Узолъагъур фIыуэ, мамэ...

И нэ цIыкIухэр фIамыщI кIанэу
КъицIыщхъукIыу погуфIыкI.
Къэушащи, жейбащхъуэнэу,
И гъуэлъыпIэм къоувыкI.
КъызешэкIыр IэплIэ хуабэу,
Щабэ цIыкIуу ба къысхуещI.
- Мамэ, - жеIэ, сигъэгуфIэу, -
ТхьэIухудым уралейщ!
АпщIондэхукIэ си гур хохъуэ,
Сылъэтэнт, сиIамэ дамэ.
Езы цIыкIум зыкъысщехъуэ:
«Узолъагъур фIыуэ, мамэ...»

 

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ