Щапхъэ схуэхъуа нэхъыжьыфIФилологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Тау Хьэзешэ Талий и къуэр абхъаз-адыгэ бзэ гупым и къэхутакIуэ нэхъ лъэщхэм, пажэхэм ящыщщ. А щIэныгъэлI щыпкъэм и къалэмыпэм къыпыкIа дэтхэнэ къэхутэныгъэри бзэщIэныгъэр ипэкIэ зыгъэкIуатэу зэрыщытым щыгъуазэщ икIи щыхьэт техъуэнущ адыгэбзэм елэжь IэщIагъэлI псори. Нобэ ар къытхэмытыжми, ар тщIыгъущ къытхуигъэна и лэжьыгъэ купщIафIэхэмкIэ, чэнджэщ щхьэпэхэмкIэ, псалъэ дахэхэмкIэ. Тау Хьэзешэ псом хуэмыдэу хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ бзэщIэныгъэм и Iыхьэхэу морфологиемрэ диалектологиемрэ. А лъэныкъуэхэмкIэ абы и къэхутэныгъэхэр тегъэщIапIэ нэхъыщхьэ, лъэщ яхуохъу бзэм и зэхэлъыкIэм елэжь щIэныгъэлIхэми, езыгъэдж егъэджакIуэхэми, бзэр зыдж студентхэми, еджакIуэ цIыкIухэми.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2024 - 09:00 →
НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 →
ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 →
НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 →
НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 →
НОБЭ
|