Къэралым щыпашэхэр

БэнэкIэ хуит

Смоленск къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ щIалэгъуалэм я урысейпсо зэхьэзэхуэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм абы медалищ къыщахьащ.

Зи ныбжьыр илъэс 23-м щIимыгъуахэм я зэпеуэм Урысей Федерацэм щынэхъ лъэщ дыдэ хъуащ Шэрий Иналбэчрэ ЗакIуий Азэмэтрэ. Абыхэм дыщэ медалхэр къыхуагъэфэщащ.
Иналбэч щыбэнар килограмм 70-м нэс зи хьэлъагъхэм я дежщ. Шэч къызытумыхьэн текIуэныгъэхэр къыпэщIэта псоми къафIихьри, ар финалым нэсащ. Абы ныкъуэкъуэгъу къыщыхуэхъуащ Иркутск щыщ Балтуев Александр. КIэух зэIущIэм хуумыгъэфэщэну адыгэ щIалэр и хьэрхуэрэгъум куэдкIэ ефIэкIащ икIи, хухаха зэманыр имыух щIыкIэ 13:2-уэ хигъащIэри, зэхьэзэхуэм бжьыпэр щиубыдащ.
Шэрийм зыкIи зыкъыкIэригъэхуакъым ЗакIуий Азэмэт. Килограмм 92-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм абыи къыщыпэлъэщын къыхэкIакъым. Осетие Ищхъэрэ - Аланием щыщ Толпаров Аслъэн щебэна финал зэIущIэм абы и тепщэныгъэр апхуэдизкIэ щылъагэти, бжыгъэр 10:0-у япэ щищым судьям зэIущIэр къызэтригъэувыIащ.
«Финал мащIэм» щытекIуэри, бэнэкIэ хуитымкIэ щIалэгъуалэм я урысейпсо зэхьэзэхуэм домбеякъ медалыр щызыIэригъэхьащ Гъурдалий Рахьим. Килограмм 61-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм и иужь зэIущIэм абы щыхигъэщIащ осетин бэнакIуэ лъэщ Бекоев Вадим.

 

ЖЫЛАСЭ Замир.
Поделиться:

Читать также: