Дунейм щыхъыбархэр

Зыгъэпсэхугъуэ лъэхъэнэм егугъуу зыхуегъэхьэзыр

Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ лъэхъэнэм зыщыхуагъэхьэзыр дунейм и къэралхэу а IэнатIэм фейдэшхуэ къызыхуихьхэм. Ар икIи гъэщIэгъуэнкъым, сыту жыпIэмэ, куэд мэхъу туризмэр зи экономикэм и къигъэхъуапIэ нэхъыщхьэу щыт хэкухэр.

Тыркури ящыщщ туристхэм я кIуапIэ къэралхэм икIи цIыхум и зыгъэпсэхуным ехьэлIа Iуэху псори тэмэму къыщызэгъэпэщахэм хабжэ ар. Туристхэр къыдэхьэхыным зэрелIалIэм, ар фIы дыдэу къазэрехъулIэм и щыхьэтщ а къэралым кIуэну щIэхъуэпсхэм я бжыгъэм кIуэ пэтми зэрыхэхъуэр. Дунейм и щIыпIэ куэдым къикIыу зы илъэсым абы и тенджыз Iуфэхэм зыщызыгъэпсэхухэм я бжыгъэр цIыху мелуан 35-м щIегъу. Абыхэм ящыщу мелуаних хуэдизыр Урысей Федерацэм щыщщ. А къэралыр къыщIыхахым и щхьэусыгъуэри цIыхухэр зыхуэныкъуэ тыншыпIэ псори абы уасэ езэгъырабгъукIэ зэрыщагъуэтырщ. Апхуэдиз цIыхур арэзы пщIыныр, дауи, къызэрымыкIуэу гугъущ, ауэ ар бысымхэм мыIейуэ къохъулIэ. Армырамэ, етIуанэ гъуэгу абы трагъэзэжынтэкъым.
Дуней псом дежкIэ гугъуу щыт мы илъэсым сыт хуэдэу ехъулIэну пIэрэ Тыркум и зыгъэпсэхупIэхэр? Абы имыгъэпIейтейуэ къанэркъым а IэнатIэр зыунэтIхэр. Коронавирусым зыщиубгъуа мы лъэхъэнэм я лэжьэкIэр нэгъуэщIу зэрызэтраухуэн хуейр гурыIуэгъуэщи, абы егугъуу зыхуагъэхьэзыр. Я хьэщIэхэм хуащIэну Iуэхутхьэбзэхэр мы гъэм хабзэщIэм тету къызэрагъэпэщынущ, узыфэ зэрыцIалэм зыщыхъумэным хуэгъэпса мардэхэр и лъабжьэу. Псалъэм папщIэ, къэралым и тенджыз Iуфэ пшахъуалъэхэм дыгъэ зыщезыгъэухэр тутын ефэу хуадэнукъым. Абы и щхьэусыгъуэр тутын кIэфхэр къэзыщыпыжхэр абыхэм еIусэн хуей зэрыхъунурщ икIи ар я лэжьакIуэхэм я узыншагъэм зэран хуэхъуным иригузавэу аращ. Апхуэдэу, зызыгъэпсэху зы унагъуэм пшахъуалъэу метр зэбгъузэнатIибгъу хухахынущ. Абыхэм хуит къащIыжа щIыпIэр дезинфекцэ ящI икIи къыкIэлъыкIуэу абдежым дыгъэ зыщыщебгъэу хъунур дакъикъэ тIощI нэхърэ мынэхъ мащIэ дэкIа нэужьщ.
Сыт хуэдэу щымытми, унэхэм щIэзэшыхьа цIыхухэр куэду къахуеблэгъэну щогугъ IэнатIэр зыгъэлажьэхэр. Езыхэм я лъэныкъуэкIэ ялъэкI къагъэнэнукъым я хьэщIэхэр зыхуей хуэзэнымкIэ, нэгузыужьу, шынагъуэншэу загъэпсэхунымкIэ.

Еврэ мелард 500-кIэ защIигъэкъуэнущ

Европэ зэгухьэныгъэ хыхьэ къэралхэм я экономикэр щытыкIэ гугъум къишыным хуэлэжьэну фонд къызэрагъэпэщыну къыхилъхьащ Еврокомиссэм. А фондым еврэ мелард 750-рэ хилъхьэну хьэзырщ ЕК-р.

Апхуэдэу жиIащ экономикэмкIэ еврокомиссар Джентилони Паолэ. Абы къызэрыхигъэщамкIэ, 2021 - 2027 гъэхэм ятещIыхьауэ щытынущ абы и лъэныкъуэкIэ зэфIагъэкIыну Iуэхухэр. Экспертым къызэрыхигъэщамкIэ, экономикэр зэфIэгъэувэжыным хуэгъэпса фондыр Европэ зэгухьэныгъэм хэт къэралхэм зэрадэIэпыкъу нэгъуэщI Iэмалхэу нэхъ пасэу къыхалъхьахэм къапызыщэ Iуэхуу аращ.
Еврэ мелард 500-р къэралхэм къыIамыхыжыну иратынущ, щхьэж и Iуэху зыIутым елъытауэ трагуашэу. Мыдрей еврэ мелард 250-р щIыхуэу иратынущ абы къыщIэлъэIу къэралхэм.
ЕС-м хыхьэ къэралхэм мы зэманым Еврокомиссэм защIегъакъуэ узыншагъэр хъумэн IэнатIэр дэIыгъын, цIыхухэм я лэжьапIэхэр яфIэмыкIуэдын папщIэ.

Нобэ

♦ЩIыр игъущыкIынымрэ уэгъумрэ ебэныным и дунейпсо махуэщ. ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм къищта унафэм ипкъ иткIэ ягъэлъапIэ 1995 гъэм къыщыщIэдзауэ.
♦Армением щагъэлъапIэ Авиацэм и махуэр
♦Румынием и лъэпкъ авиацэм и махуэщ
♦Исландие Республикэм и къэралыгъуэм и махуэщ
♦1565 гъэм
Идар Темрыкъуэ и къуэ Мамстрыкъу Москва кIуащ.
♦1885 гъэм Нью-Йорк кхъухькIэ нэсащ США-р зэрыгушхуэ фэеплъ нэхъ гъэщIэгъуэнхэм ящыщ, а къэралым и дамыгъэ нэхъыщхьэхэм хабжэ Хуитыныгъэм и статуер. Ар америкэ революцэр илъэсищэ щрикъум франджыхэм а къэралым тыгъэ хуащIауэ щытащ.
♦1930 гъэм япэ тракторыр къыщыщIагъэкIащ Сталинград дэт заводым.
♦1940 гъэм Горьковскэ областым хыхьэ Мещеры къуажэм «дыжьын уэшх» къыщешхат. XVI-XVII лIэщIыгъуэхэм зекIуа дыжьын ахъшэ жьгъей миным нэблагъэ уэшхым кърилъэсэхат.
♦1940 гъэм советыдзэхэр Латвиемрэ Эстониемрэ ирашащ.
♦1941 гъэм Германием IэщэкIэ зэщIэузэда и дзэхэм я унафэщI нэхъыщхьэм унафэ ищIащ мэкъуауэгъуэм и 22-м и пщэдджыжьым «Барбаросса» планыр гъэзэщIэным яужь ихьэну.
♦1955 гъэм япэу уэгум ихьащ цIыхухэр къызэрырашэкI Ту-104 кхъухьлъатэ лъэщыр.
♦1961 гъэм Налшык къыщызэIуахащ экраныбгъуэ зиIэ «Восток» кинотеатрыр.
♦1967 гъэм Китайм щагъэунэхуащ япэ водороднэ бомбэр.
♦1970 гъэм США-м щыщ Лэнд Эдвин тепха сурэтыр занщIэу къыдэзыгъэкIыж «Polaroid» камерэр къызэригупсысам и щыхьэт тхылъ иратащ.
♦1882 гъэм къалъхуащ урыс композитор, дирижёр, пианист цIэрыIуэ Стравинский Игорь.
♦1903 гъэм къалъхуащ совет усакIуэ, драматург, Лениным и щIыхькIэ ягъэувауэ щыта саугъэтыр зрата Светлов Михаил (и унэцIэ дыдэр Шейнкманщ).
♦1929 гъэм къалъхуащ СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, дунейм шахматымкIэ и чемпион Петросян Тигран.
♦1932 гъэм къалъхуащ атлетикэ псынщIэмкIэ дунейм цIэрыIуэ щыхъуа, олимп чемпион Спирин Леонид.
♦1942 гъэм къалъхуащ Мысырым щыщ дипломат, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, Нобель и саугъэтыр зрата Мохаммед эль-Барадеи.
♦1940 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист. «Кабардинка» ансамблым и къэфакIуэу щыта КIэш Фёдор.
♦1962 гъэм къалъхуащ УФ-м и цIыхубэ артисткэ, Урысейм и Къэрал саугъэтыр тIэунейрэ зыхуагъэфэща Захаровэ Александрэ.
♦1968 гъэм къалъхуащ урысей уэрэджыIакIуэ, актёр, композитор Покровский Максим.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 26 - 28-рэ, жэщым градус 17 - 19 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Хуэмыхум зимыгъазэурэ мазэр къуохьэж.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ