Зыми пэзмыщI

ИЛЪЭС куэд щIащ сэ МэшбащIэ Исхьэкъ ныбжьэгъу сызэрыхуэхъурэ. ЗекIуэ и вакъэ лажьэркъым жыхуаIэу, си напщIэм телъ а ныбжьэгъугъэр къыздисхауэ щытар КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щызэпысча гъуэгуанэхэрат: 1969 гъэм туристхэм срагъусэу Сириемрэ Ливанымрэ сыкIуат. Абы щыгъуэ сэ илъэс тIощIрэ щырэ сыхъуу арат, а зекIуэм и фIыгъэкIэ къэзгъуэта си ныбжьэгъур сэ нэхърэ илъэс 15-кIэ нэхъыжьт. Ауэ, нэхъыжьыфIти, сигъэныбжьэгъуу, сигъэгушхуэу сызригъэгъусащ. Апхуэдэу щIэхъуар зыкъомкIэ елъытагъэнт ди Iуэху еплъыкIэхэр зэрызэтехуэм, хэхэс гъащIэр натIэ зыхуэхъуа ди лъэпкъэгъухэм ехьэлIауэ къыдэфыкI узхэмкIи дызэрызэщхьым.
Дэнэ щIыпIэ дыкъыщыхутами, дэ къэтлъыхъуэр 1763 - 1864 гъэхэм екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэжьым и зэранкIэ зи лъахэр къэзыбгынэу хэхэс псэукIэ бзаджэр зыгъэва ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэхэрат. ИкIи къэдгъуэтырт апхуэдэхэр. Ауэ…
Адэжьхэм я хэкум ирамыгъэзэгъа ди лъэпкъэгъу насыпыншэхэм а хамэ щIыпIэхэми псэупIэ щратыртэкъым: 1967 гъэм израилыдзэхэр къызытеуа щIыпIэхэр адыгэхэм нэхъыбэу хэщIапIэ ящIа куейхэрати, мо тхьэмыщкIэ къомым, я щхьэр щIахьэри, адэ-мыдэкIэ егъэзыпIэ щащIат. Мис ахэр къэгъуэтыгъуафIэтэкъым. Ауэ абыхэм захуэдмыгъазэу ди гум тхутегъэхуэнутэкъыми, дымыщхьэхыу къэтлъыхъуэрт ахэр. Псом хуэмыдэу темыпыIэжыр, емызэшыжыр усакIуэ МэшбащIэ Исхьэкът. Адыгэхэм я щхьэм кърикIуа насыпыншагъэм теухуауэ сэри ди гъусэхэми дымыщIэ куэдым щыгъуазэт ар. А хъыбар гуауэхэм дыщIигъэдэIуу сыхьэт бжыгъэкIэ дыщигъэст. Дызыхуэза ди лъэпкъэгъухэм къыджаIэхэр и дэфтэрым иритхэрт, ахэр зи тегъэщIапIэрэ гущIэм зыкъыдэзыгъазэ усэщIэхэм дригъэдаIуэрт нэхъ иужькIэ.
Сириемрэ Ливанымрэ дыкъикIыжа нэужь, МэшбащIэр куэдрэ ялъыгъуэзащ унафэщIышхуэхэм. Зыхуейр лIот? ХамэщIым щыпсэу адыгэхэм я дунейр зэрыкIыфIыр яжриIэу, абыхэм зыгуэркIэ защIэгъэкъуэн зэрыхуеймкIэ лъаIуэу арат. Ауэ «уи мыIуэху зумыхуэ», къыжраIэ мыхъумэ, къапих щыIэтэкъым. «Зи мыIуэху зезыхуэ» усакIуэм хузэфIэкIрати, тIысырти, усэбзэкIэ и щхьэм хуэтхьэусыхэжырт, адыгэхэм я тхыдэр лъабжьэ зыхуищI усэ уахътыншэхэр итхырт. Абдежхэращ дунейм къыщытехьар нобэ ди лъэпкъэгъуу хъуам яIурылъ «Адыгэхэр» уэрэд цIэрыIуэр къызытращIыкIа усэр.
Илъэс 51-рэ хъуащ си ныбжьэгъу нэхъыжьымрэ сэрэ дызэрызэрыцIыхури, абы адыгагъэу, цIыхугъэу дэслъагъур сэркIэ щапхъэфIщ, ауэ Исхьэкъ ещхь хъугъуафIэкъым, псом япэрауэ, и талантышхуэмкIэ, итIанэ - и дуней тетыкIэ дахэмкIэ. Абыхэм щIэхъуэпсын, Исхьэкъ удэплъейуэ псэун хуейуэ аращи…
2006 гъэм Истамбыл щекIуэкIырт Дунейпсо Адыгэ Хасэм и VII Зэхуэсышхуэр. Дауи, МэшбащIэ Исхьэкъи абы кърихьэлIат. Гухэхъуэт а Лъэпкъ Хасэшхуэм литературэмкIэ игъэува саугъэт лъапIэр си ныбжьэгъу нэхъыжь МэшбащIэм и роман телъыджэхэм папщIэ къызэрыратыр плъагъуныр. Апхуэдэ гуфIэгъуэ куэд си нэгу щIигъэкIащ Адыгэ Республикэми, Къэбэрдей-Балъкъэрми, Къэрэшей-Шэрджэсми я цIыхубэ тхакIуэ, РСФСР-ми СССР-ми я Къэрал саугъэтхэр зыхуагъэфэща си ныбжьэгъу нэхъыжь МэшбащIэ Исхьэкъ. Абыхэм я закъуэкъым Исхьэкъ адыгэхэр дызэригъэгуфIэр, дызэригъэгушхуэр - Хэку литературэм хуищIа хэлъхьэныгъэ инхэм папщIэ, МэшбащIэм къратащ къэрал дамыгъэ лъапIэ куэд, Адыгэ Республикэми Краснодар щIыналъэми абы къыхуагъэфэщащ цIыхушхуэхэр зэрагъэпажэу яIэ дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэхэр.
Жылагъуэ лэжьыгъэм жыджэру зэрыхэтыр, ди къэралым щыпсэу лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэр, мамырыгъэр гъэбыдэным псэемыблэжу зэрыбгъэдэтыр къалъытэри, МэшбащIэ Исхьэкъ къыхуагъэфэщащ «Мамырыгъэм щIэбэн» дыщэ медалыр, Урысей лъэпкъ фондым и «Обществэм зэригъэлъапIэ» дыщэ щIыхь нагъыщэр.
Дауи, мис а псори къалъытащ абы Мейкъуапэ къалэм щIыхь зиIэ и гражданин цIэр къыщыфIащми.
Дунейпсо гражданин цIэр къыпфIащыну пхуэфащэщи, ари къыплъагъэсауэ Тхьэм дигъэлъагъу, си ныбжьэгъу нэхъыжьыфI Исхьэкъ!

УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м, Адыгэ Республикэм, КъШР-м щIыхь зиIэ я журналист.

ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд,
Поделиться: