Артист пажэр ягъэлъапIэДэрбзэр, дизайнер Сэралъп Мадинэ и Арт-центрым дыгъэгъазэм и 18-м щекIуэкIащ артист, режиссёр, журналист цIэрыIуэ Iусейн Олег и «Монолог актёра» пшыхьыр. Ар къызэригъэпэщащ «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ, цIыхубзхэм я «Жан» республикэ зэгухьэныгъэм и унафэщI, усакIуэ Къаныкъуэ Заринэ. Зэхыхьэр гуапэу, гукъинэжу екIуэкIащ. Пшыхьым къекIуэлIахэм Iусейн Олег и гъащIэмрэ гуащIэмрэ зэрахутепсэлъыхьар IэмалыфIт, цIыхубэм фIыуэ ялъагъу артистыр нэхъ гъунэгъуу зрагъэцIыхунымкIэ. УнэтIыныгъэ куэдым зэфIэкIхэр къыщызыгъэлъагъуэ щIалэр адыгэбзэкIи урысыбзэкIи къеджащ Шекспир Уильям и «Пащтыхь Лир» трагедием щыщ пычыгъуэхэм, дызэрыгушхуэ ди усакIуэ пажэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа, гупсысэ куурэ купщIэрэ зыхэлъ тхыгъэхэм. Абы къызэхуэсахэм захригъэщIащ анэдэлъхубзэм и дахагъэмрэ къабзагъэмрэ. Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
Поделиться:
Читать также:
29.04.2024 - 10:01 →
Дахагъэ къэзыгъэщI
29.04.2024 - 10:01 →
Хэку лъагъуныгъэм теухуащ уэрэдхэр
29.04.2024 - 10:01 →
Зэныбжьэгъугъэм и дамыгъэ
28.04.2024 - 15:02 →
ЦIыху лъэужьыфIэм и фэеплъ
27.04.2024 - 17:14 →
Витебск зыкъыщагъэлъэгъуэнущ
|