Афган зауэм хэкIуэдахэр ягу къагъэкIыж

Урысей гвардием КъБР-м щиIэ къудамэм и СОБР-мрэ ОМОН-мрэ я лэжьакIуэхэр хэтащ Афган зауэм и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм - Афган зауэм хэкIуэдахэр ягу къыщагъэкIыж махуэм абыхэм я фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, а зауэм ираджат Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу цIыху 1800-рэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, абыхэм ящыщу 55-м къагъэзэжакъым.
«Афган зауэм ди гъащIэм къыхинащ зыкIи пхухэмыгъэгъуэщэжын лъэужь. Я къалэн ягъэзащIэу абы зи щхьэ хэзылъхьахэр дигу къыдогъэкIыж илъэс къэс… ХэкIуэдахэм ялэжьамрэ ягъэлъэгъуа лIыгъэмрэ зы махуи дигу имыхуу, ар ди напщIэм телъу дыпсэун хуейщ. Дэтхэнэми ищIапхъэщ и хэкумрэ лъэпкъымрэ я тхыдэр. Мыри абыхэм я зы напэкIуэцIщ!», - жиIащ Афган зауэм и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIТхьэгъэлэдж Тимур.

Лыкъуэжь Маринэ, Урысей гвардием КъБР-м щиIэ къудамэм и хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэм и унафэщI.
Поделиться: