Бетыгъуэн Исмэхьил «Илъэсым и усакIуэ» цIэр къыфIащЕхъулIэныгъэ КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и агрономие факультетым и студент Бетыгъуэн Исмэхьил «2019 гъэм и усакIуэ» литературэ саугъэтыр зыхуагъэфэщахэм ящыщ хъуащ. ЩIалэщIэм и къалэмыпэм къыпыкIа усэхэр ихуащ Москва иджыблагъэ къыщыдэкIа «Илъэсым и усакIуэ» литературэ альманахым. АбыкIэ хъыбар дигъэщIащ еджапIэ нэхъыщхьэм и пресс-IэнатIэм и лэжьакIуэ КIурашын Заремэ. ДЫЗЭРЫЩЫГЪУАЗЭЩИ, 2019 гъэр ди къэралым и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм игъэувауэ щытащ Ахматовэ Аннэ и илъэсу. Абы ипкъ иткIэ къызэрагъэпэща зэпеуэт Бетыгъуэныр зыхэтар икIи нэхъыфIу къалъытахэм щахэхуар. Исмэхьил и усэхэр альманахым зэрихуам къищынэмыщIауэ, ахэр «Урыс усыгъэм и антологие-2019» тхылъым итынухэми ящыщ хъуащ. Абы и усэхэр ихуакIэщ Къэзан къыщыдэкI «Идел» журналым, тэтэрыбзэкIэ зэдзэкIауэ.
Поделиться:
Читать также:
26.04.2024 - 15:42 →
Фэеплъ жыг хадэхэр ягъэтIысынущ
26.04.2024 - 15:23 →
«Шато Эркен» щызэхуос
26.04.2024 - 15:00 →
Унэхэр зыхуей хуагъазэ
26.04.2024 - 14:00 →
ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 →
НОБЭ
|