Литературэ

Жанкъетрэ ЕщIэнокъуэ зэшхэмрэ я хъыбар

ЖанкъеткIэ еджэу зылI щыIэт. Хъыжьэт икIи шынэ жыхуаIэр ищIэртэкъым. Абы Талъостэхэ япхъу и щхьэгъусэт. Езыр зэман зыбжанэкIэ зекIуэ щыIауэ къыщысыжым, и унэм щIалэгъуалэ куэд щызэхэсу кърихьэлIэжащ. «Сыту пIэрэ мы щIалэгъуалэхэр зытепсэлъыхьыр?» – жиIэри занщIэу унэм къыщIэмыхьэжу тIэкIу зиIэжьащ, жаIэхэр зригъэщIэну.
 – Хэт нэхъ лIыгъэ иIэ Къэбэрдейм и кIуэцIкIэ? – жаIэри нысащIэм жиIэнум еплъыну къыхагъэзыхьауэ арат.
НысащIэми зытригъэхьэртэкъым:
 – Ана-а, ар сэ сыткIэ сщIэн, губгъуэм сихьэркъым, шу зэхыхьэм сащыщкъым, апхуэдэу фыкъызэмыупщI.

Зауэ нэужьым

Гъуэгуанэ тхыгъэхэр

Хъарбыз

         КъаншыуейкIэ зэджэ къуажэм ику дыдэм хуэзэу дыщыпсэурт. Пщэдджыжьым иджыри дыжейуэ, ди адэ-анэр лэжьакIуэ дэкIырт.

         Дыкъызэщыумэ, десагъэххэу, езыр-езыру гъуэлъыпIэм дыпIащIэу дыкъепкIэрт, зы пщэрылъ ин гуэр дгъэзэщIэн хуейм хуэдэу. Джэдкъазыр гъэшхэныр, унэр зэлъыIухыныр, ди пщIантIэшхуэр пхъэнкIыныр, нэгъуэщI куэди щIэн хуейт, пщыхьэщхьэ хъухукIэ абыхэм яужь диту къэджыхьырт.

Саугъэт

Iуэтэж

- ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу унагъуэм исхэм тыгъэ зыхуащI хабзэщ, -жысIэри, си адэ-анэм сеплъащ. – Iэмал зэриIэкIэ нэхъ лъапIэу, зэптыр зыхуейну гуэру щытыпхъэщ ар.
- Ара? – игъэщIэгъуащ си анэм. – А жыхуэпIэм сэ сыщыгъуазэтэкъым… - жиIэри си адэм хуеплъэкIащ, жиIар абы къыдиIыгъыну щыгугъыу.
 Ауэ ди адэм жиIар нэгъуэщIщ.
- ЩIалэм жиIэр пэжщ. Плъагъуркъэ ар балигъ зэрыхъуа!
Сэ сыарэзыпсу ди анэм сеплъащ, абы ирихьэлIэуи мащIэу си щхьэр къэсIэтащ, адэм и псалъэхэм сигу зэрыхигъэхъуар сымыбзыщIу.

Гъубжокъуэ Лиуан и усэхэр

Жылэ

Жылапхъэ ящIкъым хьэдзэ псори,
Дэтхэнэ думи кърамых,
Зи армэ кIуэгъуэу зэпаплъыхьу,
Ар къыщыхахкIэ хощыпыхь.

Къыхах купщIафIэу нэм къыфIэнэр,
ИмыIэу зыри сэкъат лъэпкъ,
Абдежым къикIми зи кIэныр
Зэи къытемынэ цIыху и хьэкъ.

Къэджа иужькIэ хьэрэхьупыр
КъикIыкIыу ар щIыгулъым хэлъщ…
КъыхуащIа дзыхьыр егъэпэжыр -
Дзыгъуэ тхьэкIумэр щIым къыхоплъ.

Губгъуэшхуэм уэгъум ар щебэну
Гугъуехьу мащIи имыгъэв,
Аращ къикъутэу духэм щIилъыр,
Бжьыхьэр къихьамэ, гъавэ бэв.

Лъэужь дахэ къытхуэзыгъэна усакIуэ

УсакIуэ, тхакIуэ цIэрыIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Винницкэ областым щыIэ литературэ саугъэтхэм я лауреат, СССР-м и ТхакIуэхэми Журналистхэми я союзхэм хэта Гъубжокъуэ Лиуан куэд къимыгъэщIами, лъэпкъ литературэм хэлъхьэныгъэфI хуищIащ. Ар ящыщщ блэкIа лIэщIыгъуэм и 50 гъэхэм зи макъ нэхъ лъэщу къэIуа усакIуэхэм. Лиуан псэужамэ, дыгъэгъазэм и 25-м и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирикъунут.

Вовчок Маркэ ягу къагъэкIыж

Налшык Вовчок Маркэ (1833–1907) и унэ-музейм дыгъэгъазэм и 22-м зэIущIэ щекIуэкIащ урыс, украин тхакIуэ, зэдзэкIакIуэ цIэрыIуэ Вовчок Маркэ къызэралъхурэ илъэси 190-рэ зэрырикъуам теухуауэ.

«Хэку»

Зы усыгъэ дуней дыщыхоплъэ Къаныкъуэ Заринэ и «Хэку» усэ тхылъым. Усэ тхылъым и пэщIэдзэщ Нало Заур Къаныкъуэм и усыгъэм теухуауэ итхауэ щыта «Псэрыусэ» тхыгъэр.

Шы

Новеллэ

Си шыр тхьэмахуищ нейкIэ шэщым щIэтащ – щIэзэшыхьакъэ! Нобэ сышэсри, уанэ тесхакъым сыхьэтитIкIэ. Шыр ешащ, тхъурымбэр къохуэх. Абы гу лъыстащ, Вадар псыхъуэ дыдыхьа нэужь. Шыр ешами, сэ сыкъызэрыкIа къудейт. ЩIопщ уэгъуэ есхри, шым зричащ. Дзэлычым си напэр щIехулыкI, жьыр фийуэ зэхызох. Зыгуэрым срихьэжьауэ къысщохъу, жьыбгъэ сышэса хуэдэщ. «Илъэс щитху хуэдэ и пэкIэ сыкъалъхуатэми!» – а зыращ си гур зэрызгъэфIыр. Илъэс щитху и пэкIэ сыкъалъхуауэ щытамэ, дуней жыхуаIэр фэзгъэлъагъунт! НеIэмал… Дыкъалъхуакъым и чэзум…

Бажэмрэ дыгъужьымрэ

Хьилагъэр зэбэкI бажэжь цIыкIум гъунэгъугъэкIэ зыри къыхуейтэкъым.

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ